Джэдгъэф Чэмал домбеякъ медалыр къехь

Шахматхэр
Джэдгъэф Чэмал домбеякъ медалыр къехь
Ди къэралым шахматхэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьынымкIэ зэпеуащ зи узыншагъэм сэкъат иIэхэр. Ар щекIуэкIащ Владивосток и гъунэгъу Урысей хытIыгу щIыпIэм. Мыбы хэтащ щIыналъэ 21-м къикIа шахматист 32-рэ. Зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр щиубыдри, домбеякъ медалыр къратащ Къэбэрдей-Балъкъэрым мы спорт лIэужьыгъуэмкIэ щыцIэрыIуэ Джэдгъэф Чэмал. Фигу къэдгъэкIыжынщи, абы 2021 гъэм дунейпсо чемпионатми ещанэ увыпIэр къыщихьауэ щытащ. ТIэунейрэ Урысейм и чемпион хъуащ – 2015, 2021 гъэхэм. 
 
Атлетикэ псынщIэ
Кубаев Сабир и етIуанэ увыпIэ
"Зэныбжьэгъугъэм и Кубок" зыфIаща саугъэтыр къэхьыным теухуауэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ Новгород Ищхъэрэ.
Атлетикэ псынщIэм хыхьэ лIэужьыгъуищкIэ зэпеуащ Урысеймрэ Белоруссиемрэ я спортсмен 300-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ цIыхуиплI абы хэтати, ди щIалэ Кубаев Сабир етIуанэ увыпIэр къихьри, дыжьын медалыр къратащ. Ар егъасэ атлетикэ псынщIэмкIэ спортым и мастер Зенин Сергей.
 
Картинг
  Ди щIалэхэр хуэмыхуакъым
Курск къалэм Урысейм и чемпионатым и кIэух зэпеуэхэр щекIуэкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм абыхэм ещанэ увыпIэр къыщахьащ. Ахэр Тырныаузрэ Нарткъалэрэ щыщхэу Филков Никитэ, Салпагаров Адей, Башиев Къуанч сымэщ. Щхьэзакъуэ зэпеуэр къапщтэмэ, Нарткъалэ щыщ ЗэшэкIуу Жэмал япэ увыпIэр къихьащ.
Ди командэм и унафэщIхэр Уэлджыр Аскэрхъанрэ Бабенкэ Алексейрэщ. Спортсменхэми я гъэсакIуэхэми фIыщIэ ин хуащI Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ, ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэхэм.  ЗэрыжаIамкIэ, абыхэм зыкъыщIамыгъэкъуамэ, мы зэхьэзэхуэм кIуэфынутэкъым.
ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: