Шынагъуэншагъэм и дерсхэр

Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ

Налшык къалэм дэт «Кавказ» сабий санаторэм МЧС-м, республикэм и мафIэсгъэункIыфI IуэхущIапIэм, къэрал автоинспекцэм я лэжьакIуэхэм дерсхэр щатащ.

НыбжьыщIэхэм дерс драгъэкIуэкIащ мафIэс къыщIэхъу щхьэусыгъуэхэм, абы зэрызыщахъумэну щIыкIэм, мафIэсгъэункIыфI IуэхущIапIэр къызэрыраджэнум, мафIэс къыщыхъуа унэм е зыгъэпсэхупIэм псынщIэу къызэрыщIэкIынум теухуауэ.

КъищынэмыщIауэ, сабийхэм зэпеуэхэр, викторинэхэр, спорт зэхьэзэхуэхэр къыхузэрагъэпэщащ, мафIэс-къегъэлакIуэ спортым щыщхэр къызэщIиубыдэу.

Къэрал автоинспекцэм и лэжьакIуэхэм сабийхэр хагъэгъуэзащ гъуэгу дамыгъэхэм, лъэсырызекIуэхэр, лъакъуэрыгъажэкIэ къэзыжыхьхэр шынагъуэншэу гъуэгум зэрызэпрыкIыну хабзэхэм.  Гъуэгу тету фэбжь къызыщыщIахэм узэрыдэIэпыкъуну щIыкIэм.

Сабийхэм ирагъэлъэгъуащ мафIэс-къегъэлакIуэ техникэр икIи IэщIагъэлIхэм я лэжьыгъэм кIэлъагъэплъащ. ЖыпIэ хъунущ еджакIуэхэм а махуэм дерс щхьэпэ зэхахауэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: