Дапщэщ бзылъхугъэр сэмэгурабгъумкIэ щыувыр?

Хабзэ
 

* ЦIыху гуп зэхэсым нэхъыжь къахыхьэрэ е здыблэкIым сэлам къарихамэ, псори мэтэджри фIэхъусым и жэуапыр ятыж.
* ГуфIэгъуэ Iэнэм бгъэдэсхэм «Гуп махуэ апщий» жиIэу къахыхьаIамэ, Iэнэм и нэхъыжьым фIэкIа къэмынэу мыдрейхэр къотэджри сэламыр къыIах. КъыщIыхьам гуп махуэбжьэ ират. Ар къэтэджахэм нэхърэ нэхъыжьмэ, бжьэм хэIубу е ефэу къезытам иратыжыхукIэ зыри тIысыжыркъым.
* Нэщхъеягъуэм и деж гупым къахыхьар нэхъыжьмэ, псори мэтэдж, зыри къэмынэу. КъэкIуам нэхърэ нэхъыжь яхэсмэ, абыхэм зыкъаIэтыркъым е къэтэдж хуэдэу защIу загъэхъей.
* Нэхъыжь и гъуэгу зэпаупщIыркъым, нэхъыжь кIэлъыджэркъым, атIэ лъэщIохьэри, зэпэзанщIэ хъууэ гу къылъита нэужь, зыхуеймкIэ йоупщI.
* Зэгъусэу къыщакIухькIэ, тIу фIэкI мыхъумэ, нэхъыжьыр ижьырабгъумкIэ щытщ, ауэ щы е нэхъыбэ щыхъум деж гупым и нэхъыжьым ныбжькIэ къызэрызэкIэлъыкIуэкIэ адрейхэр и сэмэгурабгъумкIэ къоуври, нэхъыщIэ дыдэр нэхъыжьым и ижьырабгъум мэув.
* Бзылъхугъэр и щхьэгъусэу щытмэ, сэмэгурабгъумкIэ мэув, мыдрейхэм сыт щыгъуи ижьыраб­гъур ират.
* НэхъыщIэм и Iэр япэу яшийуэ нэхъыжьым сэлам ирахыркъым. Нэхъыжьым и Iэр къишиямэ, ар щабэу Iэдэбу яубыду аращ.
* Хъыджэбз цIыкIухэр пэгун нэщIкIэ уэрамым нэхъыжь гуэр щахуэзамэ, ар Iубауэ ягъэув. Езыхэр зыIущIам я сэмэгурабгъур хуэгъэзауэ, я щхьэр мащIэу гъэщхъауэ мэуври, къахуэзар блэкIыху щытщ.

Прозэу тха усэхэр
Джатэ уапIэ

Гъэру яIэрыхьа пщащэ тхьэIухудым, заIэщIиудри, мэзымкIэ иунэтIащ. Абы и гъусэт зы щIалэщIи.
- ПсынщIэу! - жеIэ дзэпщми, пхъэр якIэлъеутIыпщ.
А тIури жэмэ, мыдрейхэри якIэлъыжэурэ - пщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуащ.
НыбжьыщIитIым мэзым зыщIадзэ.
Бий гуп, я джатэр къиха хьэзыру, я ужьым кIэщIу итщ.
ЩIалэмрэ хъыджэбзымрэ зэуэ къоувыIэ, быдэу зызэракъузылIэри, зыжьэу:
- Я дэ ди Тхьэ!..
Зи нэм къытрихьауэ жэхэм асыхьэтым «щIы-къы-къыкъ!..» макъ ин зэхах. КъызэтеувыIэрэ заплъыхьмэ - щIали хъыджэбзи щыIэжтэкъым. Уафэм зыхуэзыхь жыг пкъыфIэхэм я лъэдий IэплIакIуэхэр иджыри IупщIу хыболъагъукI, ауэ я щхьэкIэ къомыр зэхэзэрыхьыжащи, зы фIыцIагъэ абрагъуэу я щхьэм къыщхьэщылъщ. НэгъуэщI зыри щыIэтэкъым: зекIуи, зежи, ауэ хыфIэдзауэ макъ пычахуэ гуэри…
- ТIэщIэкIахэщ! - жеIэ зым, къэтэмакъауэ; и джатэри япэ къыIэрыхьа жыг лъэдийм хеупцIэ…
…Си пащхьэ дыдэм щекIуэкIым хуэдэу а псор си нэгу щIокI.
Жыгыпкъым си щхьэр егъэщIауэ сыщытти, сыIукIуэтыIуэрэ сеплъмэ - пэж дыдэу, тIууэ къежьэу, зыуэ зэхэкIэжа хуэдэт жыгыр. ЦIыхум и шхужьыщхьэр зыхуэзэнум и дежи джатэ уапIэр иджыри IупщIу телът…

«НакIуэ, си хъыджэбз…»

Бжьыхьэ жэщ щIыIэт, жьапщэ дыджу.
Ныжэбэ нэху дыкъыщевгъэкIтэмэ, жаIэу щылъаIуэм, факъыритIыр къыщIагъэхьэри, я бжэр ягъэбыдэжащ.
Еплъмэ, цIыхубз щIалэрэ хъыджэбз цIыкIу зи хэхъуэгъуэрэт - зэанэзэпхъуу къыщIэкIынт.
Бысымыр унагъуэ лъэрымыхьи хуэдэтэкъым, ауэ…
…нэхъыжьыр ящхьэщыту - нэхъыщIэхэр щыст…
…адэ-анэм жаIэр быным яфIэдыхьэшхэнт…
…зыр щыпсалъэкIэ - адрейм IупщIэ ищIырт…
…зыр гуфIэмэ - адрейр нэщхъейт…
…зым илэжьыр - адрейм фIэауант…
…щызэблэкIкIэ - зэдэмэпкъауэрт…
…тхьэкIумэIупсыр ирачу кIийхэрт, зэрапэсри псалъэ гуауэт…
А псор зи нэгу щIэкIа цIыхубзыр, хэплъэщ-хэплъэри, къэтэджыжащ. И гъусэми зыхуигъазэри:
- НакIуэ, си хъыджэбз. НакIуэ, дежьэжынщ…
ИкIи зэанэзэпхъум, замыгъэгувэу зыкъащтэри, жьапщэ дыджым ягъэзэжащ.

ГушыIэхэр
Хьэндыркъуакъуэхэм я бзэр ищIэрт

Пщым Хъуэжэ чэнджэщэгъуу къищтат. Махуэ гуэрым ар здришажьэри, и хэку къиплъыхьыну, пщыр гъуэгу теуващ.
Куэд къызэхакIухьа, мащIэ къызэхакIухьа, шэдым зэщIищтауэ зыщIыпIэ гуэрым ахэр нэсат.
Шэдхэм хэс хьэндыркъуакъуэхэр, зым адрейр кIэлъыджэ хуэдэу, зэрыгъэкIийрт. Асыхьэтым ину щатэри, пщыр Хъуэжэ къыхуеплъэкIащ:
- Сэ иджы зыт къысхуэтыжыр. Ар хьэпщхупщхэми хьэкIэкхъуэкIэхэми я бзэр ищIэу чэнджэщэгъу сызэримыIэрщ, - жиIэри.
- Абыхэм я бзэр сэ тIэкIу къызгуроIуэ, сытыт, зиусхьэн, узыхуейр? - еупщIащ Хъуэжэ пщым.
- Сыт атIэ а хьэндыркъуакъуэхэм зэжраIэр? - щIэупщIащ пщыр.
- Мы щIыпIэм шэду щыIэр яфIэмащIэу ахэр зэроукI. Ауэ хьэндыркъуакъуэхэм я нэхъыжьыр уэ хуабжьу къыпщотхъу: «Фымыгузавэ, - яжреIэ абы адрей зэрыгъэкIий хьэндыркъуакъуэхэм, - мо блэкI пщыр псэумэ, щIыпIэ псори шэд зэфэзэщ хъунщи дытыншыжынщ».
Хьэндыркъуакъуэм къигъэгубжьа пщым зэрынэсыжу унафэ ищIащ шэдхэр ягъэгъущыну.

Дэтхэнэр нэхъыфIу илъагъурэт?

Фызабэм зы къуэ закъуэ иIэти, къригъэшащ. Махуэ гуэрым щIалэм пхъэ гулъэ къишэри къыдыхьэжащ. Анэр пщIантIэм дэтт. ЩIалэм зиплъыхьри, анэм фIэкIа илъэгъуакъым.
- Ей, нэ зэкIэрыгъапщIэ, гу зэкIэрыгъапщIэ щIэс? - жиIащ и къуэм.
- НысащIэ лъэдакъачэу, хьэлу зэгуэча зы­гъажьэра зи гугъу пщIыр? - еупщIащ анэр къуэм.

Адыгэ хъыбарыжь
Iуащхьих

«Дыпсэунщ», - жаIэри, Псыжь щыщ кIахэ зэшитI Къэбэрдейм къэкIуэгъат. ЗэшитIым нэхъыжьыр мэкъумэшыщIэт, нэхъыщIэр IэщIагъэлIт: гъукIэт. ПсэупIэ яхуэхъун къалъыхъуэу зыкъомрэ хэкур къакIухьа нэужь, зэшхэр псышхуэ гуэрым и Iуфэм къыщыувыIащ. ЗдэтIысынумкIэ зэпсалъэри, зэгурымыIуэ щыхъум, нэхъыжьыр псым зэпрыкIри, адрыщIым унэ щыхисащ. НэхъыщIэр псым зэпрыкIакъым, и унэр мыдрыщIкIэ бгы лъапэм щыхисащ.
МэкъумэшыщIэм къуих иIэти, щIым телэжьыхьурэ бей хъуащ. Бей хъууэ къару щагъуэтым, псышхуэм псыIэрышэ къыхашащ. НэхъыщIэр, и къуэ закъуэр и гъусэу, кIыщым щылъащэрт, ауэ, я къарур мащIэти, тхьэмыщкIэу къэнащ. И къуэш нэхъыжьым псы зэригъэжар щилъагъум, абы ехьэехуэрти, гъукIэми псы къыхишащ, жыги куэду хисащ. АрщхьэкIэ, псыр къиурейти, псыIэрышэм и Iур къыфIикъутэрт, псэуалъэм къыщIэуэрт, псэхупIэ къаритыртэкъым. Апхуэдэу щыхъум, и лэжьыгъэми пщIэ къызэримыкIыжыр абы хилъхьэжри, ­гъукIэр Псыжь Iэпхъуэжащ, и къуэ закъуэри зыщIигъури…
МэкъумэшыщIэр Къэбэрдейм къинащ, и къуихри лIы хъуащ, ежьэрэ шыбз гуартэ къахуфу. Зэшихыр дыгъуэ-хъунщIэурэ къулей хъуащ, я Iэщым и бжыгъэр ямыщIэжу, я шыбзи къахуемыгъэзэжу…
Зэгуэрым зэшихыр Псыжь кIуащ, шыбз гуартэ къахуну. Къуажэ гуэрым я шыхъуэр яукIщ, шыбз гуартэр кърахужьэри, къежьэжащ. Шыбз гуартэр зей къуажэм пхъэр кърагъэжьащ, гъукIэм и къуэ за­къуэри хэту.
Зэшихыр къахум-къахуурэ, пхъэрхэр зырыз-тIурытIурэ якIэрыхужащ, гъукIэм и къуэ закъуэм фIэкI къэмынэу. Шу закъуэр фоч уэгъуэкIэ къащыкIэщIыхьэм, зэшихым къахэуэри зыр яхиукIыкIащ. Хьэдэр шым къыщехуэхым деж къыщанауэ модрейхэм шыбз гуартэр къыздахум, пхъэр закъуэм аргуэру гъунэгъу закъыхуищIри, етIуанэр яхиукIыкIащ. Зыкъомрэ къихуауэ аргуэру къахэуэри, ещанэри иригъэпсыхащ. Я ужь имыкIыу къихуурэ, къэнаищри зырызурэ гъукIэм и къуэ закъуэм къиукIащ.
Иужь къина пхъэрхэр къыщыкIэлъысым, шыбз гуартэр абы яритыжри, «Мыбы сыкъыщысакIэ, ди адэ къуэшыжьыр слъагъунщи, и хъыбари схьыжынщ», - жиIэри, гъукIэм и къуэр и адэ къуэшым деж еблэгъащ.
- Мыр лIо, - къеупщIащ и адэ къуэшыр, иригъэблагъэри, - Iэщэ-фащэкIэ узэщIэузэдауэ, дэнэ укъикIрэ, дэни укIуэрэ?
- Ди къуажэм я шыбз гуартэр шууих хъууэ абрэджхэм кърахужьати, къатесхыжауэ аращ, - жиIащ щIалэм.
- Дэнэ щыIэ шууихыр?
- Губгъуэм илъщ…
ЛIыжьыр шэсри, бжьэпэм дэкIмэ - и къуэ нэхъыжьыр хьэдэу щылът, кIуэтэIуэмэ - кIэлъыкIуэр щылъщ…
И къуихри хьэдэ къуаншэу губгъуэм игуэшауэ илъу къигъуэтыжащ лIыжьым. Щхьэж къыщаукIам деж щыщIилъхьэжри, я кхъащхьэхэм Iуащхьэ зырызи трищIыхьыжащ…
Iуащхьихри нобэ къэсащ. Зыр Тамбукъан гуэлым и бещто лъэныкъуэмкIэ бжьэпэм къытетщ, етIуанэр - Дзэлыкъуэ къуажэм деж, ещанэр - Балъкъ и гупэкIэ, еплIанэр - Бахъсэн и гъунэгъуу, етхуанэр - Шэджэм губгъуэм, еханэр Аруан бжьэпэм тетщ…

Лъэпкъ махуэгъэпс
МазэцIэхэр

Адыгэхэр нэхъ лъэпкъыжь дыдэхэм ящыщщ. Илъэс мин бжыгъэхэм къыщынэркъым абы я тхыдэм, я хабзэм и лъабжьэр къыщежьэр. Абы зэман блэкIа куэдым я нэпкъыжьэ телъщ. Ар уи фIэщ хъун щхьэкIэ ирикъунщ адыгэбзэм и къулеягъыр, абы хэт фIэщыгъэцIэхэм я къэхъукIэм, къэгъэщIыкIэм и гъэщIэгъуэнагъыр.
Абы и зы щапхъэщ адыгэ мазэцIэхэри. Абыхэм фIэщыгъэцIэ зэхуэмыдэхэри яIэу урохьэлIэ. Ар къызыхэкIар цIыхухэм я IэщIагъэм, ялэжь Iуэхум ехьэлIауэ зэманыр къалъытэу зэрыщытаращ. Псоми зэдащIэу щыIэ адыгэ мазэцIэхэм, абыхэм ехьэлIауэ щыIэ Iуэхугъуэхэр мы тхыгъэм къыщыдогъэлъагъуэ.
ЩIышылэ, щIымахуэку (январь) - цIыхухэм я псэукIэкIэ зэтегъэпсыхьамэ, зыгъэпсэхугъуэ дахэщ. Ауэ гъэр шэджэладжэу щытауэ, щIымахуэр ткIий хъуамэ, цIыхури Iэщри егъэгулэз. ЩакIуэхэм я зэманщ, ахэр хьэжэбажащэ макIуэ. ЩIымахуэ шылэм уэс лъэгуфI къищIамэ, пхъэлъэф ящI, сабийхэм я Iуэтэжыгъуэщ: щIалэ цIыкIухэм чын ягъэджэрэз, лъэрыжэ ирожэ, хъыджэбз цIыкIухэр IэжьэкIэ Iуащхьэм къожэх. ЩIалэгъуалэм пщащэ унэхэм джэгухэр щызэхашэ. Хъыджэбзхэм дэнлъэч зэфIащIэ, хэдыкI ящI, мэджэгу, мэгушыIэ, жэщ кIыхьхэр апхуэдэу ягъакIуэу. Дауи, лэжьыгъэ нэхъыщхьэу щыIэр Iэщыр кIэрыхуншэу щIымахуэ щIэгъэкIынырщ.
Мазае (февраль) - мы мазэм и 25 - 26-хэм щIымахуэ шылэр еухри, абы и ужькIэ пIатIрэжуз жыхуаIэ гъатхэ щIыIэгъуэм щIедзэ. ПIатIрэжузыр шылэм ефыгъуэу жиIауэ къаIуэтэж: «Си лъэпхъуамбэшхуэр шылэм и лъэпхъуамбэ жьакIэр зэрытым итамэ, хьэ лъэ макъыр шы лъэ макъыу згъэIунти, шы лъэ макъыр лъэ макъищэу згъэIунт». Арами, шылэм и кум къыщыщIэдзауэ уэсыр пхъашэ мэхъу, мылым кхъурбыщыгъэхэр къещтэ. Абы щхьэкIэ нэхъапэм жаIэу щытащ: «Шылэм и кумылэм мылым утемыхьэ». Иджы ар «февралым и 7-м» жаIэу зэрахъуэкIыжащ. Мазаер икIамэ, апхуэдэ щIыIэ щыIэжынукъым. Пэжщ, иджыри къэхъунущ бжэндэхъу уаери къесынущ, ныуэжь уэсри, шыц уэсым зыкъызэщIищIэнри хэхакъым, ауэ ахэр гъатхэ нэщэнэщ.
Гъатхэпэ (март) - Гъэрэ щIырэ зэхокI, адыгэ илъэсыщIэр къохьэ. Унагъуэхэм мафIащхьэтыхь ящI, илъэсыщIэ жэщыр мыжейуэ ягъэкIуэн папщIэ сабийхэр трагъэу, ягъэджэгу. ЩIалэгъуалэм мы мазэм хъуромэ, жор джэгу зэхашэрт, IутIыж тхьэлъэIури ирагъэкIуэкIырт. Гъатхэпэ мазэм цIыхур зэхуэгуапэу, илъэсыщIэ, гъатхэ махуэ зэрытехьам папщIэ зэкIэлъыкIуэурэ зэхъуэхъурт.
Мэлыжьыхь (апрель) - мы мазэм мэллъхуэгъуэкIи удзыпэ къэхъеигъуэкIи еджэрт. Мыбы щыгъуэ жьы гуу къепщэу ялъытэрт. Абы щхьэкIэ пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм башкIэ еуэрт: «Ди Тхьэ, пкърыгъэзагъэ», - жаIэурэ. Апхуэдэу ящIмэ, пхъэщхьэмыщхьэр бэгъуэну я фIэщ хъурт. Япэу уафэр щыгъуагъуэкIэ: «Уафэр гъуагъуэмэ, щхьэж и гуэн мэкIуэж», - жаIэурэ гуэнхэм гъавэр из хъужыну хъуахъуэурэ еуэрт, еIусэрт.
Накъыгъэ, вэнгъуэкIэ (май) - мы мазэм тхьэлъэIушхуэхэр хиубыдэрт. Гъэм и пасэ, и кIасэ елъытауэ вакIуэ дэкIхэрт. Ар гуфIэгъуэшхуэт, ауэ псом хуэмыдэу тхьэлъэIушхуэр «ВакIуэкъихьэж къэбакъ» щащIырат. ТхьэлъэIур псори зэгъусэу, къыкIэрыху щымыIэу ящIын папщIэ, вэнкIэ иужь къинэхэм нэхъ пасэу зыухахэр ядэIэпыкъурт. Мы мазэм хакIуэ утIыпщыгъуэкIи еджэу щытащ.
Мэкъуауэгъуэ, гъэмахуэпэ (июнь) - мыр къыщихьэр Вагъуэбэр гъавэм къыщыхэплъэрт. Абы тхьэлъэIу гуэрхэр епхауэ щытауэ нэхъыжьхэм ящIэжыркъым, ауэ дунейр уэгъу хъуамэ, хьэнцэгуащэ кърашэкIырт, псыхэдзэ ящIырт. Псом нэхърэ нэхъ Iуэхушхуэр губгъуэ лэжьыгъэр арати, цIыхур бэлэрыгъыртэкъым. Мы мазэм махуэм и кIыхьыгъуэ дыдэр хеубыдэ. Абы и шэджагъуэм щхьэкIэ адыгэхэм жаIэрт: «ГупкIэ жьауэр хьэм хурикъуркъым». А жэщым шэмыгъапцIэ жэщкIэ еджэрт.
Бадзэуэгъуэ (июль) - мы мазэм икухэм деж гъэмахуэ шылэр къохьэ. Дунейм и хуабэгъуэ дыдэщ. Хьэцэпэцэм я шэр щыщIэгъуэжщ. МэкъумэшыщIэр хуэсакъыу кIэлъыплъырт хьэми, мэшми, гуэдзми щхьэлъэфIей химыщIэным. Апхуэдэу къэхъуамэ, «Хъэрэт сымаджэщ» жаIэрти, къэкIыгъэхэм яжьэпс траутхэрт. Абы сабийхэри балигъхэри хэтт. Хъэрэтыр Тхьэгъэлэдж ещхьу къэкIыгъэхэм я тхьэу щытагъэнущ. Тхыгъэхэми IуэрыIуатэми къызэрыхэщыжыр мащIэ дыдэущ.
ШыщхьэуIу (август) - шыщхьэуIу псалъэм къикIыр нэсу убзыхуакъым. Нэхъыжьхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, ар шыр, и щхьэр ищIу, зэрызэбэдзауэм, жьы зэрызыщIигъэхум къытекIащ. Мы мазэм зекIуэ ежьэнухэм я шыр бжьыхьэ зекIуэм хуагъэхьэзырырт. Бо кIыфIым щIэту шыхэр ­ягъашхэрт, пщыхьэщхьэ жьауэм и деж къыщIашурэ зрагъэукъуэдийуэ, телъэщIыхьу, ягъэпскIыу.
ФокIадэ, Iуэгъуэ (сентябрь) - «Си хьэр цIыху хъуащэрэт», - щыжаIэ зэманщ. Хьэмхэр яубэ, ягъэ­къабзэ, мэш къахыж, гъасэ къраш. ГъавэфI къызэхъулIахэм яхурикъунум хуэдиз яIуэрт, адрейр щэджу зэтралъхьэрт. Гъэ ежьа щэдж яIэныр унагъуэ хуэщIам и нэщэнэу ялъытэрт. Зи Iуэху къимыкIым, мыхъумыщIагъэ къызыщыщIым: «И щэджыжьыр иIуэжащ», - хужаIэрт. Мыбы ехьэлIат «хьэмтетыгъуэ» жыхуаIэри. Ар хьэблэм е зэрыжылэу зы хьэм яIэу абы чэзууэ щылажьэу зэрыщытам и щапхъэу къэнауэ аращ. ГъавэщIэм сэджыт, бытыр сыт хуэдэхэр хатыкIыным и пэкIэ, унагъуэм «хамэIумыхуэ» жаIэу тхьэлъэIу цIыкIу ящI хабзэт: гъавэщIэм щыщ япщэфIырти, нэгъуэщI, хамэ къахэмыхьэу унагъуэм ису хъуам зыIуагъахуэрт. Абы и ужькIэ унагъуэм и гъавэм псапэ хищIыкIынуми хуитт.
Жэпуэгъуэ (октябрь) - жыпIэ хъунущ мыр тхьэлъэIу мазэу щытауэ. Зэрыжылэу къызэдаIэту мыбы щыгъуэ ящIырт Созэрэщ и тхьэлъэIушхуэр. КъищынэмыщIауэ, мыбы хиубыдэрт Тхьэшхуэгухьэж тхьэлъэIури. Мы мазэм губгъуэ лэжьыгъэхэр псори зэщIагъэхьауэ, цIыхум я берычэтыр я гуэн изэгъэжауэ, хьэгъуэлIыгъуэхэри къыдахыу щIадзэрт.
ЩэкIуэгъуэ (ноябрь) - мэкъушэжыгъуэкIи, тIы утIыпщыгъуэ мазэкIи йоджэ. Нэхъыщхьэр щэкIуэным и табур зэрытрахыжырат. ХьэкIэкхъуэкIэхэм я шырхэр ин хъуащ, иджы хэт щэкIуэнуми, хэт хьэжэбажащэ кIуэнуми хуитщ. КъищынэмыщIауэ, мы мазэм щIымахуэм сыт и лъэныкъуэкIи зыщыхуагъэхьэзыр пIалъэщ. Мэкъумылэр кърашэлIэж, бжьэматэхэр зыхуей хуагъэзэж. ЩIымахуэ шхын жаIэрти, былым, мэл яукIхэрт, лыр ягъэгъум и мызакъуэу, яшурт, ягъэфIэIурт, щхьэфIэIу жыхуаIэу щытам хуэдэхэри ящIырт. Абы щхьэкIэ мэл яукIахэм я щхьэ-лъакъуэ гъэкъэбзар ныкъуэвэфI ящIырти, кхъуэщынкIэ е чейкIэ ягъэфIэIурт. Мыр гъатхэ мэл псэфыгъуэм гъэлъэхъу зимыIэхэм я хьэщIэхэм къыхуащтэмэ, нышым пэувыфу щытащ. ХьэщIэм ар хьэщIэныш нэхърэ нэхъыкIэу ябжыртэкъым.
Дыгъэгъазэ (декабрь) - псалъэм мыхьэнэшхуэрэ набдзэгубдзаплъагъэ инрэ хэлъщ. Махуэм и кIэщIыгъуэ дыдэщ, Вагъуэбэр щIым хохьэж. ЩIыр мэдыкъ, хуабэ щыIэжкъым. Дыгъэгъазэм и деж Дыгъэр и щIымахуэ унэм кIуэжауэ зигъэпсэхуу жаIэрт адыгэхэм. ЖэщкIэ хьэщIэщ зэхуэсыгъуэт, махуэкIэ уэс къалэхэр яухуэрти, гупитIу загуэшауэ зэзауэрт, зэдэджэгурт. Апхуэдэхэм жьыри щIэри хэтт.

 

МафIэдз Сэрэбий. Къэжэр Хьэмид.
Поделиться: