Таурыхъым и дунейКъэбэрдей-Балъкъэрым и Лъэпкъ музейм щIэх-щIэхыурэ утыку къыщрахьэ гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр. Ставрополь къалэм щылажьэ «Квадрат» IуэхущIапIэм къиша «Волшебная кисть Елизаветы Бём» гъэлъэгъуэныгъэр КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ Лъэпкъ музеймрэ я нэIэм щIэту йокIуэкI. Абы щагъэлъагъуэ XIX-нэ лIэщIыгъуэм и кIэм - XX-нэ лIэщIыгъуэм и пэм ящIа лэжьыгъэхэр – винтаж открыткэхэр, а зэманым Санкт-Петербург, Париж, Нью-Йорк къыщыдэкIа тхылъхэр зэрагъэщIэрэщIа сурэтхэр; 1883 гъэм дунейм къытехьа «Бём Елизаветэ и IэдакъэщIэкI ныбжьхэм Тургенев И. С. и «Записки охотника» тхыгъэр къызэрыхэщыр» тхылъ-альбомыр; почтэкIэ зыIэпамых открыткэхэр, Бём игури и псэри етауэ зэлэжьыгъа «Азбука» цIэрыIуэр. Хьэрф къэсыху гъэщIэгъуэну, урыс жыпхъэм иту, гъэщIэрэщIащ, тхыгъэ цIыкIу ящIыгъущ. Гъэлъэгъуэныгъэм къызэщIеубыдэ теплъэгъуэ зэмылIэужьыгъуэу 90, ахэр псори Кругов В. Н. и уней гъэтIылъыгъэм щыщщ. Налшыкдэсхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ зэрагъэлъэгъуфыну лэжьыгъэхэм ухашэ урыс лъэпкъ щэнхабзэм и таурыхъ дунейм.
Поделиться:
Читать также:
29.04.2024 - 10:01 →
Дахагъэ къэзыгъэщI
29.04.2024 - 10:01 →
Хэку лъагъуныгъэм теухуащ уэрэдхэр
29.04.2024 - 10:01 →
Зэныбжьэгъугъэм и дамыгъэ
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
27.04.2024 - 17:14 →
Витебск зыкъыщагъэлъэгъуэнущ
|