КъурIэным хуит ищIыжахэр Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я щыхьэр Дубай щызэрахьэ хабзэхэм язщ лъэхъуэщым ис щIэпхъаджащIэхэм КъурIэн лъапIэр гукIэ зэрагъащIэмэ, тезыру ятелъ илъэс бжыгъэр зэрыхухагъэщIыр.
Лъэхъуэщым ис нэрыбги II5-м я тезырым мазихым щегъэжьауэ илъэс 20-м нэс хухагъэщIащ. КъурIэн лапIэм щыуагъэншэу еджэу ирагъэса нэужь, тутнакъи I24-м къэпщытэныгъэхэр тест IэмалкIэ ирагъэтыжри, хэт и илъэс бжыгъэм хухагъэщIащ, хэти къаутIыпщыжыпащ. Зи гугъу ящI цIыхуи I24-м ящыщу II5-м гукIэ зэрагъэщIа сурэ бжыгъэм елъытауэ, я Iуэхум хэплъэжахэщ.
«ЦIыхуи 7-м я тезырыр илъэс 20-кIэ хухагъэщIащ, - жеIэ тутнакъэщым и лэжьакIуэ, лъэхъуэщхэмрэ КъурIэн щызэрагъащIэ еджапIэхэмрэ зэпыщIэнымкIэ жэуап зыхь Iэл-Хьэммади Мухьэммэд. – ЦIыхуиплIым я тезырыр илъэс I5-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ».
КъулыкъущIэм зэрыжиIэмкIэ, илъэс I7 ипэкIэ Дубай дэт тутнакъэщхэм щызэхаубла «КъурIэныр зэгъэщIэнымкIэ программэм» тезыр зытелъхэм Iэмал гъуэзэджэ къаритащ псори щIэрыщIэу къыщIадзэжу я щхьэ пщIэ хуэзыщIыж цIыху хъужын папщIэ. Я хьэл-щэныр зэтраухуэжу, лъэхъуэщым щагъакIуэ зэманри пщIэншэу ямыгъэкIуэдын хуэдэу, абы икIыжа нэужьи, гъуэгу захуэм темыгъуэщыкIыжыну КъурIэн лъапIэм Iэмал къаритынущ», - къелъытэ Хьэммади.
Поделиться:
Читать также:
29.04.2024 - 10:01 →
Дахагъэ къэзыгъэщI
29.04.2024 - 10:01 →
Хэку лъагъуныгъэм теухуащ уэрэдхэр
29.04.2024 - 10:01 →
Зэныбжьэгъугъэм и дамыгъэ
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
27.04.2024 - 17:14 →
Витебск зыкъыщагъэлъэгъуэнущ
|