Дыдыкъушым фыхуэсакъ!

ЦIыхум хуэдэу, дунейм псэущхьэу тетыр мэсымаджэ, уз зэмылIэужьыгъуэхэр къофыкI. Уз зэрыцIалэ зыпкърыт псэущхьэм адрей псэущхьэхэр зэрицIалэм и мызакъуэу, цIыхуми ар къыпкърыхьэнкIэ мэхъу. ЦIыхум и узыншагъэм зэран нэхъ хуэхъу псэущхьэхэм ящыщщ дыдыкъушыр (попугайр).

Сыт фщIэн хуейр, дыдыкъуш унэм щIэвгъэсыну фи мурадмэ?
Псом япэрауэ, унэм къэфхьа бзум набдзэгубдзаплъэу фыкIэлъыплъын хуейщ. КъищынэмыщIауэ, нэгъуэщI бзу фиIэмэ, а тIур зэлъэбгъэIэсынкIэ Iэмал иIэкъым - зэман гуэркIэ «хьэщIэр» и закъуэ икIи нэгъуэщI пэш щаIыгъ, кIэлъоплъ. А зэманым къриубыдэу дыдыкъушыр сабырмэ, сымаджафэ темытмэ, тэмэму шхэмэ, адрей бзум гъусэ хуэпщI хъунущ.
Дыдыкъушым нэхъ шынагъуэ дыдэу къефыкIынкIэ хъунур жьэн узыращ (туберкулёз). ЦIыхум и закъуэкъым, атIэ, псэущхьэ псоми зэхуэдэу къажьэхэуэ узщ ар. Псом япэ яхуэсакъын хуейщ сабийхэм, зи ныбжь хэкIуэтахэм, сымаджэ хъуахэм. Сыту жыпIэмэ, абыхэм я Iэпкълъэпкъыр махэщи, уз зэрыцIалэм пэщIэтыфынукъым. Апхуэдэу, езы дыдыкъушым тэмэму укIэлъымыплъмэ, и шхыным къэуат хэмылъмэ, къылъысын хуей микроэлементхэр имыгъуэтмэ, зэрыс хъарыр бгъэфIеймэ, бзу вейм хэлъ бактериехэм я зэран къекIынущ - сымаджэ хъунурэ, лIэнущ.
Абыхэм я хъарым иракIутэ пхъэ пыхахуэр щIэх-щIэхыурэ ямыхъуэжмэ, уз зэрыцIалэр нэхъыбэ хъунущ. ИкIи ар бзум и закъуэкъым зылъэIэсынур, атIэ, цIыхум и тхьэмбылым итIысхьэнущ, зэрыбауэ хьэуам хэлъу. Зэ IуплъэгъуэкIэ, цIыхур узыншэу, ауэ къэхъуар къахуэмыщIэу, къытехуэу щылIэ къохъу. ИужькIэ ирагъэкIуэкI къэпщытэныгъэхэм къагъэлъагъуэ ар дыдыкъушым къызэрицIэлар.
Абыхэм къапкърыкI узыфэхэм ящыщщ сальмонеллёзыр, хламидиозыр, компилобактериозыр, нэгъуэщIхэри.
Дауэ къызэрыпщIэнур дыдыкъушыр сымаджэ зэрыхъуар?
Абы уз зэрыцIалэ къыпкърыхьа нэужь, зы махуэ е махуитI дэкIауэщ зыкъызэрыуигъащIэр. Япэрауэ, бзур сабыр, щэху, къарууншэ мэхъу, кIапсэм зимыгъэхъейуэ тесщ, куэдрэ мэжей.
Бзум жьэн узыр къызэрыпкърыхьар къэпхутэну гугъущ, сыту жыпIэмэ, ар къезыгъажьэ микробыр зэрытIысхьэр тхьэмщIыгъуращи, къызэрыгуэкI IэмалхэмкIэ къыпхуэщIэнукъым. Сымаджэ хъуа дыдыкъушыр хъужын-мыхъужыныр зэлъытар узыр къыщыпкърыхьаращ. Дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, дыдыкъушым жьэн уз къызэрыпкърыхьам и нэщэнэ зыбжанэ щыIэщ: и макъыр еубыд, нэхъапэIуэкIэ псалъэу щытамэ щегъэтыж, и бзийр фэншэ, махэ мэхъу.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ