Симпсон Уильям адыгэхэм сурэт ятрещIыкIКавказым лъэпкъ зэщымыщхэм къахэкIа цIыху Iущ, зэчиифIэ куэд щыхьэщIащ. Апхуэдэ цIыху гъуэзэджэт, зэчиифIэт Симпсон Уильям - тхакIуэр, сурэтыщI Iэзэр, Инджылыз къэралым и лIыкIуэу 1853 - 1856 гъэхэм КъухьэпIэ Кавказым щыIа, зи тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр, сурэт зэхуэмыдэхэр щIыпIэм щыпсэу лIакъуэхэм тезыухуар. Симпсон и тхыгъэ, сурэт гъуэзэджэхэмкIэщ а лъэхъэнэм хамэ къэралхэм адыгэхэм я зэуэкIэр, я фащэр, я гупсысэкIэр, я дуней тетыкIэр къызэращIэу щытар. 1855 гъэм и бжьыхьэм Инджылызым и дзэ министр Пелэм-Клинтон Генри Кърымым щызауэ и къэралыдзэм и Iуэху зытетыр и нэкIэ зригъэлъагъумэ фIэфIу КъухьэпIэ Кавказым къэкIуауэ щытащ. Генри и къэралыдзэм я Iуэху зытетым къыщымынэу, зауэ зращIылIа адыгэ лъэпкъми и псэукIэм, зыгъэгумэщIхэм зыщигъэгъуазэмэ и щIасэу ди лъахэм щыхьэщIащ. А лъэхъэнэм Генри и дзыхьщIэгъу блыгущIэту щIыгъуащ Симпсон Уильям.
Поделиться:
Читать также:
26.04.2024 - 17:06 →
Тызылыкъуэр пэщIэдзэт
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
29.03.2024 - 12:24 →
Бийм зы гупу пэщIигъэуват
20.03.2024 - 11:17 →
Къанжал зауэм и щхьэусыгъуэр
24.02.2024 - 12:05 →
КъикIуэт зымыщIэт Къардэн Сыхьэт-Джэрий
|