Налшык и Музыкэ театрым нэгъабэ щагъэлъэгъуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ IутIыж Борис и драмэ-поэмэм къытращIыкIа «Нартхэ я дыгъэ» япэ адыгэ мюзиклыр. Ар ягъэуват тхакIуэ щэджащэр къызэралъхурэ илъэс 76-рэ щрикъум ирихьэлIэу.
- Лъэпкъыр дызэрыгушхуэ, адыгэм ди набдзэ IутIыж Борис и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэмкIэ ди бзэм и дахагъэр, ди тхыдэм и кууагъыр дуней псом хэIущIыIу щыхъуащ. Лъэужь дахэ къытхуэзыгъэна тхакIуэр зэрызикъуажэгъум срогушхуэ. НыбжькIэ зэхуаку диIэми, дыкъызыдэкIа жылагъуэм, ди лъэпкъым худиIэ лъагъуныгъэм нэхъри зэпэгъунэгъу дищIырт. Сыт хуэдэ Iуэху етхьэжьэми зэпымыууэ зэман къытхуэзыгъуэту, зи чэнджэщхэмкIэ зыкъытщIэзыгъакъуэу, пщIэшхуэ зыхуэтщIу щыта ди нэхъыжьыфIыр зэи тщыгъупщэнукъым. Борис здэкIуам хабзэ гуэр къыщекIуэкIыу щытмэ, «Нартхэ я дыгъэ» и драмэ-поэмэм къытетщIыкIа «Нартхэ я дыгъэ» япэ адыгэ мюзиклым Тхьэм и псэр щигъэгуфIыкI, - жиIащ лэжьыгъэм и унафэщI икIи абы макъамэр хуэзытха Къул Амир.
Къыхэгъэщыпхъэщ, «Нартхэ я дыгъэ» япэ адыгэ мюзиклым хэтхэу Хъусин Анзор (Уэзырмэс), ЦокIыл Азэмэт (Сосрыкъуэ), Мамий Къазбэч (Бэдынокъуэ), ЛампIэжь Аслъэн (Ашэ), Гугъуэт Алинэ (Ашэней), Насып Астемыр (Уащхъуэ), Къаздэхъу Мухьэмэд (Щыблэ), Къумыкъу Лианэ (Лашын), Хьэмокъуэ Аслъэн (КъуийцIыкIу), нартхэм, чынтхэм, шейтIанхэм я ролхэр зыгъэзэщIахэм, уэрэдымкIэ «Амикс» театрым и къэфакIуэхэмрэ «Амиксики» гупымрэ пылъхьэншэу зэрыджэгуар, я къалэнхэм фIыуэ зэрехъулIар. Теплъэгъуэм хэтахэм я утыку итыкIэкIи я фащэкIи дагъуэншэу зыкъагъэлъэгъуащ. Зыми хэмыгъуэщэну IутIыж Борис и адыгэбзэ къулейр, шэрыуэр абыхэм апхуэдизкIэ дахэу, екIуу ягъэбзэрабзэрти, уедаIуэ пэтми зыщыбгъэнщIыртэкъым.
Теплъэгъуэр щекIуэкI утыкур апхуэдизкIэ екIуу къызэрагъэпэщати, Iуэхур щекIуэкI мылылъэ лъэхъэнэм укъыщыхута хуэдэу къыпщыхъурт. Ролхэр зыгъэзэщIахэм къехъулIащ нартыжьхэм я теплъэр, я хьэл-щэнхэр, я псэукIар къагъэлъэгъуэжын. ЛIыхъужьхэр къызэримыкIуэтыр, ахэр зыхуэныкъуэ дыгъэр къахьыжыным ерыщу зэрыщIэбэныр теплъэгъуэм ди нэгу щыщIокI. Нартыжь Хэкум щытепщэ, мыхъумыщIагъэхэр зи Iэужь Щыблэрэ Уащхъуэрэ, абыхэм я дэрэгъу шейтIанхэм, бзаджэнаджэхэм, чынтхэм япэщIоувэ захуагъэм и телъхьэ нарт лIыхъужьхэр. НэхъыжьыфIу, чэнджэщэгъуу нартхэм яIэ Ашэ лIыхъужьхэм къажреIэ къахуигъэгъуну лъэIукIэ Уащхъуэ зыхуагъэзэну, абы и губжьыр щхьэщагъэкIын папщIэ цIыхупсэ ягъэныну зэрыхьэзырыр. Тхьэ пэлъытэ Уащхъуэ ахэр елъэIунут, щIыхьрэ тыхьрэ хуащIынут, апхуэдизу зыхуэныкъуэ дыгъэр къахьыжын папщIэ сыт хуэдэ Iэмалри къагъэсэбэпыну хьэзырхэти. Уащхъуэ и лIыкIуэ Щыблэм нартхэм хъыбар къарегъащIэ Уэзырмэс ипхъу дахэ Ашэней и псэм фIэкIа нэгъуэщI зэрыхуэмейр икIи ар и адэм иукIыжыну нартхэм къахуегъэув. Зи Хэкумрэ лъэпкъымрэ зи псэр щхьэузыхь хуэзыщIыну хьэзыр хъыджэбз хахуэ Ашэней и адэмрэ и лъэпкъэгъу лIыхъужьхэмрэ зыхэт бэлыхьыр щилъагъукIэ, и гъащIэр фIэлъапIэми, зэфэну псыр иджыри къэмыжами, и лъагъуныгъэ къабзэм хуэпабгъэми, Уащхъуэ къахуигъэувам арэзы тохъуэ, арщхьэкIэ, а гузэвэгъуэм и хъыбар зылъэIэса Сосрыкъуэ уIэгъэу нартхэмрэ чынтхэмрэ зыщIаубыда щIыунэм къыщIокIыж, Щыблэ поуври егъэшынэ, Ашэней дахэри ажалым кърегъэл. Сосрыкъуэ благъуэм токIуэри, нартхэм я дыгъэр, насыпыр, гуапагъэр, щхьэхуитыныгъэр къахуехьыж.
Лэжьыгъэр къазэрехъулIар къыхагъэщу, абы зи зэфIэкIрэ зи гуащIэрэ езыхьэлIахэм хъуэхъу гуапэ-хэр хужаIэу къэпсэлъащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и президент Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд сымэ, нэгъуэщIхэри.
- Къул Амир зи пашэ уэрэдымкIэ «Амикс» театрым и щIалэгъуалэ гупым ди адыгэ щэнхабзэм, гъуазджэм хэлъхьэныгъэ телъыджэ хуащIащ. ДяпэкIи ар зыгъэбэгъуэн Тхьэм фищI. ЩIэблэм щIэныгъэ щратым и мызакъуэу, ди щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я хабзэхэм, щэнхабзэм, гъэсэныгъэм щыхагъэгъуазэ КъБКъУ-м. Лэжьыгъэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа IутIыж Борис и псэр ныщхьэбэрей гъэлъэгъуэныгъэм Тхьэм щигъэгуфIыкI. Ди лъэпкъым и блэкIар, и тхыдэр уи нэгу къыщIэзыгъэхьэ мы мюзикл купщIафIэм еплъхэм дерсхэр къызэрыхахынум, абы и тхыгъэ щхьэпэхэм дяпэкIи гулъытэ зэрыхуащIынум шэч къытесхьэркъым. Ди лъэпкъыр адэкIи кIуэтэн, зиужьын папщIэ ди бзэр, ди хабзэр тхъумэжын хуейщ. Абы и лъэныкъуэкIэ мыпхуэдэ лэжьыгъэхэр щхьэпэщ, уасэншэщ. АдэкIи ди лъэпкъ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зыгъэбэгъуэн, зыгъэбеин щIэблэ Тхьэм къыдит! - жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
Сэхъурокъуэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и щIыхь тхылъыр яритащ Къул зэщхьэгъусэхэу Амиррэ Ланэрэ, ЦокIыл Азэмэт, Хъусин Анзор, Къумыкъу Лианэ сымэ.
- IутIыж Борисрэ сэрэ 1965 гъэм дызэрыцIыхури, дызэныбжьэгъуу дыкъекIуэкIащ. Ар къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу къыпхуэмыIуэтэну мюзикл гъуэзэджэ, гъэщIэгъуэн утыку къизыхьахэм фIыщIэ яхуэфащэщ. Лэжьыгъэм зи гуащIэ езыхьэлIа цIыкIуи ини фи гъащIэм Тхьэм къыфхупищэ. Мы лэжьыгъэмкIэ Къул Амир КъБР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьэну хуэфащэу къызолъытэ. Ар къалъытэмэ, ди гуапэщ, - жиIащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм профессиональнэ гъуазджэмрэ художественнэ егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI ПащIэ Рамед япэ адыгэ мюзиклыр зыгъэлъэгъуа «Амикс» театрым псалъэ гуапэхэр хужиIащ икIи къыхигъэщащ хабзэ хъуауэ апхуэдэ лэжьыгъэ щхьэпэхэмкIэ гупым республикэм исхэр зэригъэгуфIэр. ПащIэр КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин къыбгъэдэкIыу мюзиклыр зыщIахэм дяпэкIи зэфIэкIрэ ехъулIэныгъэрэ яIэну ехъуэхъуащ икIи зи лIыкIуэ министерствэм и щIыхь тхылъыр зыхуагъэфэщахэу «Амикс» гупым и уэрэджыIакIуэхэу Гугъуэт Алинэрэ Насып Астемыррэ, КъБКъУ-м щIалэгъуалэ политикэмрэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и управленэм и унафэщI Лу Азэмэт сымэ яритыжащ.
- Ныщхьэбэ щIалэгъуалэм утыку кърахьа теплъэгъуэ щIэщыгъуэм дызыIэпишауэ деплъащ. Ар зи IэдакъэщIэкIхэу Къул Амиррэ абы и гъэсэнхэмрэ фIыщIэ фхуэфащэщ. IутIыж Борис и адыгэбзэ къулейр щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ дахэу зэрагъэшэрыуэм, зэрагъэбзэрабзэм уедэIуэныр куэд и уасэщ. Мыр япэ адыгэ мюзиклщ. ЗэрытщIэщи, «япэ» псалъэр пыту утыку укъихьэныр, дауи, тыншкъым. Ауэ, ар къызэрохъулIар къалъытэу Iэгу пхуеуэныр уасэншэщи, иджыри теплъэгъуэ куэд вгъэлъэгъуэну, лъэпкъыр дывгъэгуфIэну ди гуапэщ. Гупми абы и унафэщIми фи гуащIэм и шхыгъуэ Тхьэм куэдрэ фригъахуэ, фи гъуэгур бгъуфIэ ухъу, Тхьэм фыздигъэузыншэ! - жиIащ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и унафэщI Табыщ Мурат.
Адыгэбзэ Хасэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъыр Табыщым яритащ Къул Амир, КъБКъУ-м и «Амикс» театрым, КъБКъУ-м и проректор Къумыкъу Iэуес сымэ.
Налшык къалэ администрацэм щэнхабзэмкIэ и управленэм и унафэщI Токъуий Мадинэ и гуапэу къыхигъэщащ зэгуэр IутIыж Борис и гъэсэну щыта Къул Амир иунэтI щIалэгъуалэм я зэфIэкIым ущыкIэлъыплъкIэ лъэпкъым къэкIуэну дахэ зэриIэм, щIэблэм адыгэбзэр зэрахъумэнум шэч къызэрытумыхьэр. Абы я IуэхущIапIэм и щIыхь тхылъыр яритыжащ мюзиклым хэлэжьыхьахэу ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зэрихьэу КъБКъУ-м щыIэ Адыгэ щэнхабзэмкIэ центрым и унафэщI Езауэ Мадинэ, художник-постановщик Къэнэмэт Лейла, звукорежиссёр ЦокIыл Рустам, художник-декоратор Сидакъ Залым, «Акрополь» щэнхабзэ-нэгузыужь IуэхущIапIэм и унафэщI Къардэн Хьэсэн, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Кузнецов Юрий, «Амикс» театрым хэт Насып Астемыр, аранжировкэ зыщIахэу Уэрдэщ Залым, КIытIэ Тимур, Болэ Наталье, режиссёрым и дэIэпыкъуэгъуу щыта Къул Ланэ сымэ.
Пшыхьым кърихьэлIа, «Амикс» театрым гуфIэгъуэр дэзыгуэша псоми фIыщIэ яхуищIащ КъБКъУ-м и проректор Къумыкъу Iэуес. Абы жиIащ Къул Амир IутIыж Борис и лэжьыгъэм къыщIытеувыIам щхьэусыгъуэ зэриIэр икIи ягу къигъэкIыжащ илъэс зыбжанэ ипэкIэ гупым япэ концерт щитам гъуэгу махуэ техьэну тхакIуэ щэджащэр ехъуэхъуу, къамыгъэщIэхъуну зэрыщыгугъри щIигъужауэ зэрыщытар. Къумыкъу Iэуес щIыхь тхылъхэр яритащ лэжьыгъэр ягъэувынымрэ ар утыку щагъэлъэгъуэнымкIэ «Амикс» театрым къыдэIэпыкъуахэм.
- СызэригугъэмкIэ, театрым хэт щIалэгъуалэм IутIыж Борис къагъэщIэхъуркъым. ТхакIуэм и лъэпкъым, теплъэгъуэм щыджэгуахэм я адэ-анэхэм фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ япэ адыгэ мюзиклыр зэрагъэувам папщIэ. Абы КъБКъУ-ри пшыхьым кърихьэлIа псори дрогушхуэ. Мы лэжьыгъэм и щIыбагъ гугъуехь куэд дэлъми, къазэрехъулIам шэч хэлъкъым, - жиIащ Къумыкъу Iэуес.
Пшыхьым зыкърезыгъэхьэлIа Къул Амир и анэм къызэхуэсахэм я цIэкIэ фIыщIэшхуэ хуащIащ республикэм, къэралым и цIыху щыпкъэ, адыгэпсэ щIалэ къызэригъэхъуам папщIэ. Iэгуауэм щIэту Амир и анэм удз гъэгъа Iэрамэшхуэ тыгъэ хуищIащ.
«Амикс» гупым лэжьыгъэм IупщIу къыщагъэлъэгъуэжащ чынтхэр, хьэщхьэвылъэхэр, шейтIанхэр, бзаджэнаджэхэр щытепщэу щыта нартыжьхэм я щIыналъэр, абыхэм я теплъэр, я псэукIар. Тхыгъэм и купщIэр, и мыхьэнэр - сыт хуэдэ гузэвэгъуэ къэхъуми цIыхур цIыхуу къэнэжын, Тхьэм и тыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэу щыт гъащIэм цIыхухэр хуэсакъыу яхъумэн, насыпым щIэбэнын зэрыхуейрщ. Лэжьыгъэм и кIыхьагъкIэ щыпхыша гъащIэм сыт щыгъуи фIыр, гуапагъэр, лъагъуныгъэр ем зэрыщытекIуэр нобэрей махуэм и джэрпэджэжщ.
Нартхэм я мылылъэ щIыналъэм нарт лIыхъужьхэм я фIыгъэкIэ дыгъэ нурыр къызэрыщепсыжыр ди нэгу щIэкIащ. Къафэр, уэрэдыр, гушыIэр щытепщэ, дыгъэ нурым и бзийхэр зылъэIэс нарт Хэкум щекIуэкI гуфIэгъуэ джэгум укIэлъыплъыныр гухэхъуэгъуэт. ЛIыхъужьхэр нэщанэмрэ шабзэмрэ щхьэж я зэфIэкI щагъэлъагъуэрт, пщащэхэм лIыхъужьхэм хуауса уэрэдхэр жаIэрт, хъыджэбз цIыкIухэр уагъэ щIынымрэ дыщэидэмрэ, щIалэ цIыкIухэр бланагъэм хуагъасэрт. Шхыныгъуэ, пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ гъэнщIа Iэнэхэр унэгуащэхэм къаузэдащ…
КъыпхуэмыIуэтэным хуэдэу лэжьыгъэр удихьэхыу, узыIэпишэу ягъэуващ. Абы зи фIыщIэ лей хэлъу зи цIэ къраIуахэм ящыщщ балетмейстр-постановщик Кузнецов Юрий. Тхыгъэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа IутIыж Борис псэужамэ, мы мюзиклым хуабжьу зэрыщыгуфIыкIынум, ар Iыхьэлейуэ гуапэ зэрыщыхъунум шэч хэлътэкъым. ЗэрыжаIэу, теплъэгъуэм щэрэ къыпхутепсэлъыхьыж нэхърэ зэ нэхъ мыхъуми уеплъмэ нэхъ щхьэпэщ.
Мюзиклым еплъахэм дерс щхьэпэхэр къыхахыну дыщогугъ. Абы дыкъыхуреджэ псори дызыщIэхъуэпс, ди псэм щыдгъафIэ насыпыр тхъумэну, нобэ къыттепсэ дыгъэ нурыр зэи мыужьыхыжу и нэхумрэ и гуапэмрэ къытлъэIэсу дыпсэуну дыхущIэкъуну. Япэ адыгэ мюзиклыр щхьэпэщ ди лъэпкъым и тхыдэр жыжьэ къызэрыщежьэр, ди адэжьхэм я гупсысэр зэрыкуур, тIурылъ адыгэбзэр зэрыдахэр зыщамыгъэгъупщэу, абы и IэфIыр зыхащIэу щIэблэр къэгъэхъунымкIэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.