Адыгэм нэщэнэ иIэщ: махуэ плIыщI фIэкIа псэуну къызыхуэмынэжа цIыхум и нэ вагъуэр имылъагъужу. Ауэ хэт ар зигу къэкIыу и нэ вагъуэр илъагъу-имылъагъу махуэ къэс зэхэзыгъэкIыр?! ЛIэныгъэм ехьэлIа гупсысэм куэдыр щощтэ, апхуэдэ гупсысэм зыпыIуадз, гъунэгъу зыхуащIын мэшынэ. Ауэ! ЛIэныгъэм емыгупсысыр езыр абы гъэру иIыгъхэрщ. Гува-щIэхами лIэныгъэр дэтхэнэми къызэрытщIэлъым арэзы техъуарщ хуиту псэур! Философ гуэрым жиIащ «Философие гупсысэ уиIэныр - лIэныгъэм зебгъэсэнырщ». Пэжуи, гъащIэри лIэныгъэри и гупсысэм къизыгъэзэгъэфырщ философ нэсыр. УсакIуэр-щэ?! Дауэ зыхищIэрэ абы лIэныгъэм ехьэлIа гупсысэр? Апхуэдэ гупсысэхэр щыпхышащ Ацкъан Руслан и усыгъэм.
ЦIыху къызэрыгуэкIым зыхимыщIэф гурыщIэхэмкIэ тхьэр къыхуэупсащ Ацкъан Руслан, абы елъагъу, зэхех, зыхещIэ адрейхэм я гум къэмыкI куэд. Апхуэдэу, абы къелъагъуф жэщ фIыцIэ кIыхьыр хьэлъэу зэрыбауэр, зэрыщэIур икIи къыгуроIуэ, ар и кIэухым нэса зы Iуэхугъуэу зэрыщытыр. Нэху щымэ, нэгъуэщIхэм жаIэнщ апхуэдэ зы бэлыхьи жэщыр хэмытауэ. Ауэ усакIуэм ищIэркъэ нэхулъэр къызэкIэщIитхъыху, псэ гуэр пщэдджыжьым зэрыпэплъар - арат къезыгъэлыфыну щыIэр.
Унэм и образыр цIыху гупсысэм хэтщ дунейр къызэригъэщIрэ. Абы хуокIуэ Ацкъан Руслани - щхьэгъубжэ зыхэмылъ унэм и образ лъэщ къегъэщI. Щхьэгъубжэншэ унэм и образымкIэ къегъэлъагъуэ гъащIэр зыхэзымыщIэ, мыгуфIэф икIи мынэщхъеиф, и пIэм ижыхьа, дунейр зымыгъэщIагъуэ псэ. Апхуэдэ щытыкIэм итым гъащIэ иIэнкIэ угугъэ хъужынукъым. Къэбэрдей поэзиер лIэныгъэм апхуэдэу гъунэгъуу япэу бгъэдыхьауэ аращ а образымкIэ. Ди усакIуэхэм я нэхъыбэм я тхыгъэр ухуащ зыгуэрым тепсэлъыхьрэ - къызэпкърахыу, а къызэпкърахам - жэуап пыухыкIам хуагъэкIуэжу. Ацкъаным и усыгъэр нэгъуэщIщ. Ар зэпымыууэ зыгуэрым щIоупщIэ, мэлъыхъуэ, ауэ жэуапым хуэкIуэркъым. Нэхъыщхьэращи, ар сыт щыгъуи зыгуэр мэлъыхъуэ.
УсакIуэ псори зытетхыхь Iуэхугъуэхэр Ацкъаным щIэщыгъуэу, зыми хэмыгъуэщэну дегъэлъагъу. И дэтхэнэ усэми къызэпхопс гу къабзагъэ, щабагъэ, гуапагъэ. Зытетхыхьыр апхуэдизу IупщIу уи нэгу къыщIегъэувэфри, уеблэмэ, уIэбэмэ улъэIэсыну къыпфIощI.
Ацкъаным и усыгъэ куум куэдрэ ущыIуощIэ лIэныгъэм ехьэлIа гупсысэм. Абы сабиигъуэм, щIалэгъуэм щытепсэлъыхькIи, насыпыр къыщилъыхъуэкIи, жьыгъэм щынэскIи, щIыуэпсым, зэманым защыхуигъазэкIи, лъагъуныгъэ къыщылъыскIи. ЛIэныгъэм ехьэлIа гупсысэхэр къыдоуей, дыгъэр щыкъухьэжкIэ, жыгым тхьэмпэр щыпыхукIэ, псыр щежэхкIэ, гъуэгур щабгынэкIэ, пшэр щыкIуэдыжкIэ, жьыбгъэр щыблэкIкIэ, мывэр щыкъутэкIэ, жыгыр къыщраудкIэ, дунейр щым щыхъукIэ, ныбжь щытридзэкIэ, уэшх къыщешхкIэ. Псом хуэмыдэу къытрагъазэ щIыIэм, жэщым, бжьыхьэм, жыгым я образым. ЩIыIэм ажалым узэрыхуишэм девгъэплъыт:
Хуабэр Iэпкълъэпкъым хокIыр, зыхэсщIэу,
ткIуэпс щIыIэ хуэдэщ щIыхьэ фэ щIагъым…
Псыр зыгъэщIыIэм щыщ гуэр къысхохьэ,
гурыщIэ пщтырхэр игъэупщIыIужу.
Си псэр кIуэжыну зэми къытохьэ,
унэ зэриIэр и фIэщ ищIыжу.
ЩIыIэмрэ кIыфIымрэ зэщIэту къыщыкIуи урохьэлIэ:
ЩIыIэми, кIыфIыгъэми сосэж,
лъагъуэ къыспэщылъым сегупсысу.
ЩIыIэр гъусэ яхуохъу жэщымрэ бжьыхьэмрэ. Мыри гъэщIэгъуэнщ: ажалым щепсалъэкIэ Ацкъаным и усыгъэм къыхыхьэр щIымахуэркъым, атIэ бжьыхьэрщ:
СыIусщ щхьэгъубжэм. Бжьыхьэ жэщщ.
ЩIы цIынэм хохуэ тхьэмпэ псыфхэр.
Аргуэру си гум къихьэжащ
щытар ныбжьэгъум я нэхъыфIу.
Ацкъаным и усыгъэм жыгым и образым увыпIэшхуэ щеубыд. Жыгыр фIыуэ елъагъу икIи тотхыхь и пкъыгъуэ псоми: и лъабжьи, тхьэмпи, къудами, и щхьэкIи… УсакIуэр мэгузавэ, жыгыр пхъэ гъэсыныпхъэу щраудкIэ, къэна жыг дакъэр сыным ирегъэщхь:
Мэгъу щыму жыг дакъэр. Жэуапым
иджыри сэ куэдрэ сежьэнщ.
Сигу къокI: мыпсэу жыгхэр гузавэу,
я гугъэу зэгуэр дыпIыщIэн…
Тхьэмпэм хэт тхыпхъэр мэпсалъэ. Ар зэхэзыхыфри мащIэщ. УсакIуэр ар зыхищIэми къыщымынэу, езыр тхьэмпэм йопсалъэ:
Жыг тхьэмпэ, щхьэ ухэплъэрэ?
Укъыпысчынукъым, нэху.
Упызгъэтынщ, ущIэсIэтэу.
Езыми зыпумыгъэху.
Ацкъаным нэхъыбэу усыгъэм къыщигъэлъагъуэ щытыкIэр къэпхутэну и ужь ущихьэкIэ, гу лъыботэ «зэхуакум дэт» щытыкIэ: гъащIэмрэ лIэныгъэмрэ, бжьыхьэмрэ щIымахуэмрэ, уафэмрэ щIылъэмрэ. Дыгъэмрэ вагъуэхэмрэ я зэхуаку къыдэна псэм къыфIощI абы я щэху гуэрым лъэIэсауэ:
Дыгъэм и лъэужьыр егъэсыж,
Вагъуэм и лъэужьыр егъэпщкIуж.
А тIум я кум псэм зыщеухыж,
Я щэху гуэр лъэIэсу къыщыхъужу…
Укъызытехъуа щIыгур игъащIэкIэ убгынэн гупсысэр егъэлеяуэ хьэлъэщ. ЛIэныгъэр къылъэщIэмыхьэ щIыкIэ губгъуэм, бгыхэм яIуплъэжыну хуейщ лIыхъужьыр:
Аргуэру зыщаущэхуу пшэ-тхъурымбэм,
ди къуршхэр зэрагъэпскIым сегъэплъыж.
Жыг хужьхэр щыпхысыкIкIэ жэщ кIыфIыгъэм
я ужьым ситу зэ сыгъэущыж.
Мыри гъэщIэгъуэнщ: Ацкъаным и усыгъэм жьыкIэфэкIэмрэ жьыгъэмрэ щызэпэщIэуэу къокIуэ. Япэм егъэгуфIэ, етIуанэм егъэнэщхъей. ЖьыкIэфэкIэм дунейр хуэныкъуэщ, абыхэм Iущыгъэ куэду якъуэлъщ. Ауэ усакIуэр езыр пIащIэркъым, жьы хъуну - хуейкъым.