Усыгъэм дихьэххэм папщIэГу зылъытапхъэ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм литературэ пшыхь дахэхэр щокIуэкI «Библионочь-2019» фIащауэ. Абы щыщщ «Дуней псор - театрщ» гупсысэр мы гъэм лъабжьэ зыхуащIахэри. Зи гугъу тщIы Iуэху дахэм хыхьэу, библиотекэм щеджэ и пэшым и лэжьакIуэхэм къызэрагъэпэща «Усыгъэр гъунапкъэншэщ» макъамэ-усэ пщыхьэщхьэр мэлыжьыхьым и 20-м, сыхьэт 18-м щIидзэу, екIуэкIынущ. Абы щызэхэфхынущ урыс, нэгъуэщI лъэпкъ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Тхылъ гъэщIэгъуэнхэр зытет дапхъэхэр ягъэувынущ, лIэщIыгъуэ зэхуэмыдэхэм цIыхухэм зэрахьэу щыта хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ щыIэнущ.
Поделиться:
Читать также:
29.04.2024 - 10:01 →
Дахагъэ къэзыгъэщI
29.04.2024 - 10:01 →
Хэку лъагъуныгъэм теухуащ уэрэдхэр
29.04.2024 - 10:01 →
Зэныбжьэгъугъэм и дамыгъэ
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
27.04.2024 - 17:14 →
Витебск зыкъыщагъэлъэгъуэнущ
|