Гъуэгуанэ купщIафIэ

Май район

Май къалэм  дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щагъэлъэпIащ щIыналъэ сабий библиотекэр къызэрызэIуахрэ илъэс 70 зэрырикъур.

ЦIыхум и щIэныгъэм хэгъэхъуэ­нымрэ къыдэкIуэтей щIэблэр фIым щIэ­пIы­кIынымрэ зи къалэн нэхъыщхьэу къекIуэкI IэнатIэм ноби и зэфIэкI псори ирехьэлIэ районым щыпсэу, лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIахэм я зэныбжьэгъугъэр егъэфIэкIуэным, лъэпкъыбзэхэр хъумэным, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ гъащIэм куууэ хэпщэным.
Тхылъ хъумапIэм и махуэм кърагъэблэгъа хьэщIэхэр (щIыналъэ администрацэм, курыт еджапIэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, щIэджыкIакIуэхэр) тепсэлъыхьащ библиотекэм къикIуа г­ъуэгуанэм, нобэ иригъэкIуэкI лэжьыгъэм. ЗэIущIэм хэта ветеранхэм апхуэдэу ягу къагъэкIыжащ зауэ нэужь лъэхъэнэм а IэнатIэм иIа мыхьэнэмрэ абы лэжьыгъэ купщIафIэ къыщезыхьэлIа IэщIагъэлI гъуэзэджэхэмрэ.
А махуэм къызэхуэсахэм папщIэ концерт ятащ, лъэпкъхэм къадекIуэкI таурыхъхэм къытращIыкIа теплъэгъуэхэр ягъэлъэгъуащ, усэхэм къеджащ. ЗэIущIэм и кIэухым фэеплъ дамыгъэхэмкIэ я цIэ ираIуащ библиотекэм и щIэджыкIакIуэ жыджэрхэм.

 

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться: