Сыт уэшхыр зищIысыр?

Иджыпсту гъатхэщ, уэшххэри нэхъыбэ хъунущ. Илъэсым и кIуэцIкIэ дунейм плIэ зызредзэкI: дэтхэнэ зыми и мыхьэнэ иIэжщ, къалэн егъэзащIэ. Гъатхэм дунейр мэгъагъэ, гъэмахуэм мэбагъуэ, бжьыхьэм хугъуэфIыгъуэр кърахьэлIэжри, щIымахуэм зегъэпсэху, къаруущIэ щIэлъу аргуэрым гъатхэм къызэщIэгъэгъэн хуэдэу. Уэлбанэрилэр цIыхухэм яфIэфIкъым. АтIэ, сыт ар къыщIешхыр, дэнэ къыздикIыр?
Тепщэчым псы тIэкIу ипкIэрэ махуэ зыбжанэкIэ щыбгъэтмэ, йокIуэдыкI. Ар дыдэращ псы ежэххэм, гуэлхэм, хыхэм, тенджызхэм къащыщIыри – йокIуэдыкI. Псыр бахъэ мэхъури, хьэуам хошыпсыхьыж. Хьэуам хэту бахъэм зеIэт. Уафэм зиIэтыху и температурэр йох, щIыIэ мэхъу. ЩIыIэм нэса бахъэр адэкIэ дэмыкIуеижыфу зэхуехусыж, ткIуаткIуэ мэхъури, уэшхыу къохыж. Абы конденсацэкIэ йоджэ. Уэшх хъун ипэ къихуэу псы ткIуэпс цIыкIухэр пшэ мэхъу. Ауэ, дэтхэнэ пшэри уэшх хъужыркъым, атIэ жьым ирехьэжьэри, жыжьэ гуэрым еху. А гъуэгуанэм хьэуа пщтыр ирихьэлIэмэ, пшэр аргуэру бахъэ мэхъу. Хьэуа щIыIэ хуэзэрэ – ткIуэпсхэр нэхъ иныж мэхъу, пшэр къоуфIыцIри, хьэуам хуэмыIыгъыжу уэшх къошх.
Уэшхыр ину, мащIэу, къепсэпсауэу, зэхуэмыдэурэ къошх. Ар зэлъытар ткIуэпсхэм я инагъыращ. ТкIуэпсхэр уэм къыщехкIэ бахъэ хуэзэмэ, уэшхыр нэхъ ин хъунущ.
Уэшхыр лIэужьыгъуэ зыбжанэу егуэш:
I. Къепсэпсауэр. Милиметрэ ныкъуэ нэхъ ин мыхъуу ткIуэпс цIыкIухэр хуэму уафэм къыщелъэтэхкIэ, къопсэпсауэ жаIэ. Гъатхэм е бжьыхьэм ущрохьэлIэ.
2.  Уэшхышхуэ, псыдзэ. Ар напIэзыпIэм щIедзэ, апхуэдэу напIэзыпIэми мэувыIэж, ауэ ину, уэру къошх, уафэгъуагъуэ къыщыдэкIуэ, уэ къыщыдех щыIэщ.
3.  Уэлбанэ. Хым и щIыгум щызэхуэсу, жьым кърихьэкIыурэ Iэгъуэблагъэхэм уэшхыу махуэ бжыгъэкIэ къыщошхыж. Бжьыхьэ уэшх, уэтIпсытI жыхуэтIэращ.
4.  Бадзэуэшх. Уафэр пшэм щIихъумэну хунэмысу къыщIидзэрэ икIэщIыпIэкIэ увыIэж уэшх кIэщIым бадзэуэшхкIэ йоджэ. Апхуэдэхэм деж лэгъупыкъу уолъагъу, Iэгъэбэгухэр уэру къокI.
5.   Уэшхрэ уэсрэ зэхэту бжьыхьэм е щIымахуэм къох. ЩIылъэм температурэр нолым нэхърэ щынэхъ лъагэрэ, уэгумкIэ щIыIэмэ, уэсу къежьар щIылъэм къыщыскIэ ткIуаткIуэ зэрыхъужым къыхокI ар.
6.  Уэшхым ипIэкIэ мыл къыщехи щыIэщ. Ар нэхъыбэу къыщыхъур щIымахуэращ. ЩIыпIэ хуабэхэм къикI уэлбанэ пшэхэм къапих ткIуаткIуэр щIы щIыIэм къыщыскIэ мэщтри, и кум псы иту и щхьэфэр тещтыкIауэ, хъурей цIыкIуурэ къох.

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ