Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьхэр

Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэкIэ 1938 гъэм дыгъэгъазэм и 27-м къащтауэ щытащ. Ар иратт промышленностым, мэкъумэш IэнатIэм, транспортым, сатум, щIэныгъэ, техникэ къэхутэныгъэхэм епха Iуэхухэм IэмалыщIэхэр ирахьэлIэурэ зезыгъэужьхэм, Совет къэралыгъуэм и пащхьэм фIыщIэ ин къыщызыхьхэм, СССР-м и щIыхьымрэ и лъэщагъымрэ хэзыгъахъуэхэм. 
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыщу а цIэ лъапIэр зыхуагъэфэщахэр ди щIэджыкIакIуэхэм едгъэцIыхун мурадкIэ тыдодзэ ди лъахэгъу лIыхъужьхэм я цIэ-унэцIэхэмрэ зыпэрыта IэнатIэхэмрэ. 
 

Iэбубэчыр Нажмудин Билал и къуэ (1928-1984) - Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м хыхьэ Прохладнэ районым Чапаевым и цIэр зэрихьэу щыIэ колхозым и унафэщI.
Алмэ Алий ТIэлиб и къуэ (1935-1999) - Къэбэрдей-Балъкъэр совнархозым Ухуэныгъэхэмрэ псэуалъапхъэхэмрэкIэ управленэм и ухуакIуэ IэнатIэ №5-м и каменщикхэм я бригадир.
Iэрэмысэ Ахьмэд Къамболэт и къуэ (1933-1983) - Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м хыхьэ Аруан районым и Арщыдан къуажэм Лениным и цIэр зезыхьэ и колхозым и звеньевой.
Архэст Хьэбас Кашиф и къуэ (1922-2001) Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м щыIэ Тырныауз вольфрам-молибден комбинатым и «Молибден» къыщIэхыпIэм и проходчик.
Атэбий Мыхьэмэт ЧыцIбатыр и къуэ (1915-1999) - Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м хыхьэ Совет районым щыIэ «Москва» колхозым и унафэщI
Аттоев Сэлихь Хьэрун и къуэ (1934-1992) Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м хыхьэ Совет районым щыIэ «Путь к коммунизму» колхозым и Iэхъуэ нэхъыщхьэ.

Ахъмэт Мусэбий ХьэпIытIэ и къуэ (1922-1983) - КПСС-м и Аруан райкомым и япэ секретарь. 
Ахъуэхъу Анатолэ Хьэжмусэ и къуэ (1929-2019) - Телемеханикэ аппаратурэ къыщыщIагъэкIыу Налшык дэт заводым и унафэщI.
Бакъ Нарзан Мурат и къуэ (1926-2000) - Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м хыхьэ Дзэлыкъуэ районым щыIэ «Iуащхьэмахуэ» колхозым и унафэщI.
Бгъэжьнокъуэ Хьэчим Гъумар и къуэ (1915-2002) - Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м хыхьэ Бахъсэн районым ЩоджэнцIыкIум и цIэкIэ щыIэ колхозым и унафэщI.
Бырс Анзор Хьэцу и къуэ (1892-1988) - Къэбэрдей АССР-м хыхьэ Iуащхьэмахуэ районым Кировым и цIэр зезыхьэм и колхозым и унафэщI.
Брагин Владимир Василий и къуэ (1934-1995) - Налшык къалэм дэт «Севкавэлектроприбор» заводым и слесарь.
Дадэ ХьэмытIэ Аубэчыр и къуэ (1937-2011) - Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м хыхьэ Тэрч районым щыIэ «Заря коммунизма» колхозым и тракторист-машинист.
Домнич Михаил Василий и къуэ (1926) - Тырныауз вольфрам-молибден комбинатым и бурильщик.
Евтушенкэ Николай Никитэ и къуэ (1921-2021) - Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м хыхьэ Май районым щыIэ «Красная Нива» колхозым и унафэщI.
Емышэ Хьэлий Хьэмашэ и къуэ (1929-2018) - Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м хыхьэ Прохладнэ районым щыIэ колхозым и звеньевой.

Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ