Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм граждан зыхъумэжыныгъэр къыщызэгъэпэщынымрэ егъэкIуэкIынымкIэ положенэм», Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 20I6 гъэм мэлыжьыхьым и 6-м къыдигъэкIа Указ №37-УГ-мкIэ къащтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ

I.    «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм граждан зыхъумэжыныгъэр къыщызэгъэпэщынымрэ егъэкIуэкIынымкIэ положенэм», Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 20I6 гъэм мэлыжьыхьым и 6-м къыдигъэкIа Указ №37-УГ-мкIэ къащтам, мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) 5-нэ пунктыр мыпхуэдэу къэхьын:
«5. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм граждан зыхъумэжыныгъэр къыщызэгъэпэщыныр мамырыгъэ лъэхъэнэм нэхъ пасэу щрагъэкIуэкI Iэщэм, дзэ техникэм, зауэ зэщыхьэныгъэхэр къыщыхъукIэ е ахэр щекIуэкIкIэ, къищынэмыщIауэ щIыуэпс, техногеннэ къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къалъытауэ цIыхухэр хъумэным зэрызаужьым елъытауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ граждан зыхъумэжыныгъэ Iуэхухэр езыгъэкIуэкIыну зи пщэрылъ гъэзэщIакIуэ властым и щIыналъэ федеральнэ органхэм ягурыIуауэ.»;
б) 13-нэ пунктым къару имыIэжу къэлъытэн:
в) 16-нэ пунктыр мыпхуэдэу къэхьын:
«16. Граждан зыхъумэжыныгъэр зегъэкIуэнымкIэ, граждан зыхъумэжыныгъэм и къарухэмрэ Iэмалхэмрэ зегъэкIуэнымкIэ, гъэзэщIакIуэ властым и федеральнэ органхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал органхэм, щIыпIэ самоуправленэмкIэ органхэм я хъыбарегъащIэ зэдэлэжьэныгъэмкIэ IэнатIэхэм граждан зыхъумэжыныгъэмкIэ къалэнхэр щагъэзащIэкIэ, къищынэмыщIауэ щIыналъэхэм граждан зыхъумэжыныгъэмкIэ лэжьыпхъэхэм ятеухуауэ щIыналъэ органхэм, гъэзэщIакIуэ властым и федеральнэ IэнатIэхэм я унафэм щIэту «Граждан зыхъумэжыныгъэм и IуэхукIэ» 1998 гъэм мазаем и 12-м къыдэкIа Федеральнэ закон №28-ФЗ-м ипкъ иткIэ граждан зыхъумэжыныгъэмкIэ къалэнхэр игъэзэщIэну зи пщэ иралъхьам, я лэжьыгъэр зэщIэгъэуIуэн.».
2.    Мы Указым къару егъуэт официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ    
КIуэкIуэ Казбек

Налшык къалэ
2022 гъэм мазаем и 22-м
№18-УГ

Поделиться: