Гупсысэ хьэлъэхэм зевмыгъэубыд

Профессорым псы зэрыт Iэгубжьэр къищтэри, студентхэм еупщIащ:

- Мы Iэгубжьэм и хьэлъагъыр сыт хуэдизу пIэрэ?

- Грамм 50, грамми 100, грамми 120-рэ - хуагъэфащэу щIадзащ студентхэм.

- Мыбы и хьэлъагъыр сымышэчауэ къысхуэщIэнукъым, - жиIащ профессорым, ауэ иджыри сынывэупщIынут: дакъикъэ бжыгъэкIэ мы Iэгубжьэр сIыгъыу сыщытмэ, сыт къэхъунур?

- Зыри, - жаIэ студентхэм.

- СыхьэткIэ сIыгъмэ-щэ?

- Уи Iэр узынущ.

- Пэжщ. Махуэ псокIэ сIыгъмэ сыт къэхъунур?

- Уи Iэм зыхимыщIэжу ундэрэщхъуэнущ, дохутыр къоIэзэн хуей хъунущ.

- Сыт сщIэн хуейр а къомыр къысщымыщIын папщIэ?

- Iэгубжьэр гъэув! - жаIэ студентхэм.

- Пэж дыдэщ. ГъащIэм къытхуигъэув лъэпощхьэпохэри мы Iэгубжьэм и Iуэхум ебгъапщэ хъунущ. Iуэху гуэрым дакъикъэ бжыгъэкIэ уегупсысакъэ, ар пщIыгъу мэхъу. Сыхьэт бжыгъэкIэ ар гупсысапIэ пщIакъэ - уелъахъэ, нэгъуэщI Iуэхухэр къегъанэ. Махуэ псом уи щхьэм ибгъэлъакъэ - зыри пфIэмыIэфIыжу укъегъанэ.

Лъэпощхьэпохэмрэ гугъуехьхэмрэ уегупсысын хуейщ, ауэ зэпымыууэ уи щхьэм ибгъэлъмэ я зэран къокIынущ. ЕбгъэтIылъэкIыфу щытын хуейщ, нэгъуэщI Iуэхухэми зэман къахуэбгъуэтын папщIэ. Апхуэдэу зебгъасэмэ, гугъуехьхэм уахуэужьыгунукъым, уи къарур щIахынукъым.

ЗэзыдзэкIар ГЪУЭТ Синэщ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ