Зэдэшхэ ІэфІщи, зэдагъащІэ гъащІэфІщ

Сыту псалъэ дахэ «зэгуэкІуэныр»! Гур гум хуэкІуэныр, гурэ гурэ зэхуэкІуэныр!.. Гурэ гурэ лъагъуэ зэхуащIыныр!.. Псэрэ псэрэ зэпсэгъуныр!.. Абы нэхъыфІуу, нэхъ тхъэгъуэу сыт щыІэ?! 
ЦІыхум и гуащІэ зыхэлъым нэхърэ нэхъ ІэфІрэ нэхъ тхъэгъуэрэ щыІэкъым. Уи къару, уи гуащІэ хомылъхьауэ лъагъуныгъэри тІыгъуэркъым.
Девгъэгупсысыт: и къэшэгъуэр къэсыху щІалэм гъунэгъуми, къуажэгъуми, къыдеджами, къыдэлажьэми хъыджэбз щэ бжыгъэ илъагъуу, ицІыхуу щыт пэтми, абыхэм ящыщу зыращ зэгуакІуэр. Апхуэдабзэу щІалэ къудан куэдым щыщу хъыджэбзыр зэхъуапсэр а къегуэкІуа закъуэращ. 
ЗэгуэкІуэну, зэгупсэхулІэну Тхьэм игъуэу илъэгъуа щІалэмрэ хъыджэбзымрэ зы махуэ гуэрым, джэгум, щІыхьэхум, дэнэми зы щІыпІэ гуэрым щызэхуозэ, щызэролъагъури, я нэплъэгъу зэрызэхуэзэм тету зогуакІуэ. 
Апхуэдэу зэрощІэ, фІыуэ зэролъагъу, зэрошэ, унагъуэ зэдаухуэ, зогупсэхулІэ, гу хуабагърэ щабагърэ, гущІэгъу зэхуащІыурэ щІэблэ узыншэхэр къащIохъуэ. 
Мазаем и 14-р ЗэгуэкІуахэм я махуэщ. Хъарзынэщ зэгуэкІуахэр, зэрышауэ унагъуэ зэдэзыухуахэр я гурыфІыгъуэм зэрызрагъэужьыным щІигъэхъуэпсмэ, нэхъыфІыжщ. Арагъэнщ а махуэм и къалэнри. 
Мыбы гу лъытапхъэщ: гур жанщи, зэгуэкІуэн зэрыхуэзэу, хуожэри, гум лъагъуэ хуещI. Ауэ уегуэкІуа къудейкІэ зэфІэкІыркъым. НэгъуэщІу жыпІэмэ, абы и лъагъуэр хэзышыр гур арауэ щытми, и унафэр гум и закъуэу къыхуэгъэнэн хуейкъым, атIэ щхьэкIи егупсысын хуейщ. Сыту жыпІэмэ, лъагъуныгъэм гуащІэ хэплъхьэмэщ къару къыщыпхилъхьэжыр, къищынэмыщІауэ, лъагъуныгъэм гур щепхъуэри, узэгуэкІуам и дагъуэ умылъагъуж мэхъу, дагъуэ иІэу къыбжаІэми, уи фІэщ пхуэщІыжыркъым... 
Аращи, зэгуэкIуахэм гъэпцІагъэрэ фэрыщІыгъэрэ хэмылъу и пэжыпІэкІэ фІыуэ зэрыщІэмэ, зэрыщІа нэужь, зэгурыІуэ зэрышэмэ, абы нэхъыфІ щыІэкъым. 

Теплъэ щэху

Джэрий Дадэ, лІыжь жьыщхьэмахуэ Іумахуэт, икІи насыпыфІэ дыдэт. Сыт щыгъуи нэфІэгуфІэт. И нэщхъ зэхэукІауэ зыми зыкъригъэлъэгъуакъым зэи. Ар илъэс бгъущІ ирикъуат. Ауэ апхуэдизкІэ бжьыфІэти, илъэс блыщІи хуэбгъэфэщэнтэкъым. 
Къыхуэзэу хъуар къехъуапсэрт икІи къеупщІырт: «Уэ, дадэ, сыту ущIалафэ! Утлъагъуху догуфІэ, догушхуэ, Тхьэм куэдрэ ди япэ уригъэт. Мыпхуэдэу щIалафэ зэрыптетыр, уи бжьыфІагъэр сыту пІэрэ къызыхэкІыр? КхъыІэ, къыджеІэ!».
Джэрий дадэ зыри жимыІэу, дыхьэшхыпцІыурэ зыблригъэхырт.
Апхуэдэурэ мащІэ дэкІа, куэд дэкІа? Тхьэм ищІэнщ. Сытми зы махуэ гуэрым упщІэм и жэуапыр и къуажэгъухэм зэуІуу яжриІэну триухуащ. ХьэщІэ гъэхьэщІэнми тхъэгъуэ хигъуатэти, лІыку ныбжьым нэмысаи, абы икІыу, лІыжь ныбжьым хуэзыгъэзаи, яхэту ныбжьэгъу гуп и унэм хьэщІапІэ къригъэблэгъащ «ныбжьым и щэху вжесІэнущ» жиІэри. 
Псори кІуащ «теплъэм и щэхур» зрагъэщІэну. Іэнэм пэрысащ, шыгъу-пІастэ зэдашхащ, ешхащ, ефащ, хъуэхъуащ, уэршэращ, тэджыжыгъуэри къэсащ ауэ «щІалэгъуэ теплъэм и щэху» зэхахакъым.
ЯгукІэ: «ярэби, сыт щыгъуэ къыджиІэну пІэрэ, е щыгъупщауэ къыджимыІэну пІэрэ?» - щыжаІэм хуэзэу, Джэрий Дадэ, зи нэгум нур къыщІих и щхьэгъусэ цІыхубз гуакІуэу Гуащэнысэ жриІащ:
«Уа, бысым гуащэ! Мы ди хьэщІэ лъапІэхэм зы хъарбызыфІ едмыгъэшхыжмэ, емыкІущ. КхъыІэ, гуэным кІуэи зы хьарбызыфІ къытхущІэх!». 
Гуащэнысэ, зы жимыІэу хьэщІэщым щІэкІри, зы хьарбызышхуэ иІыгъыу къыщІыхьэжащ. 
Джэрий Дадэ хъарбызым къытеуэщ-нытеуэри: «Уа, мыбы мыхъупауэ фэ изоплъ. КхъыІэ, нэхъыфІ гуэр къытхухэх!» жиІащ. 
Гуащэнысэ ар щІихыжри, аргуэру зы хъарбыз иІыгъыу къыщІэхьэжащ. ЛІыжьым ари зэпиплъыхьри, игу ирихьакъым. Аргуэру жриІащ: «Уа, мыри щІагъуэкъым. КхъыІэ, умыщхьэхыу нэхъыфІ гуэр къытхухэх!»
Апхуэдэурэ лІыжьым и щхьэгъусэр плІэнейрэ иІуэхуащ. Щхьэгъусэм зы псалъэ жимыIэу, мыщхьэхыу, и нэщхъ зэхимыукІэу лІыжьым жиІар игъэзэщІащ. 
Етхуанэм Гуащэнысэ къихьа хъарбызыр Джэрий Дадэ игу ирихьауэ щыжиІэм, яупщIатэри, зэдэуэршэрурэ щызэдашхым яжриІащ:
«Мис, сэ стет щIалафэм и щэхур мыращ. КъывгурыІуащ аракъэ!?» Псори зэ хъарбызым еплъащ, зэ езыхэр зэплъыжащ, арщхьэкIэ, къагурыІуатэкъым. 
«Сыт къыдгурыІуэнур, Дадэ, зыри къыджумаІауэ!?».
Джэрий Дадэ сыт щыгъуи хуэдэу дыхьэшхыпцІри: «
- Ныбжьэгъухэ, - жиІащ, - ди пщэфІапІэм а зы хъарбызым фIэкIа щІэлътэкъым. Ауэ си щхьэгъусэм «НэгъуэщІ къэхь!» жесІэху, унэм нэгъуэщІ зэрыщІэмылъыр ищІэрэ пэт, «мыбы мыпхуэдэу щІыжиІам зыгуэр хэлъщ», - жиІэри, зэрыфлъэгъуауэ зекІуащ. Зэи жиІакъым «Ца лІыжь! Делэ ухъуа? Сыт жыпІэр зищІысыр? НэгъуэщІ хъарбыз зэрыдимыІэр пщІэрэ пэт, сыт мы пщІэ делагъэр, мыувыІэу сыбгъакІуэ-сыкъэбгъэкІуэжу!?» - жиІакъым. Фи пащхьэ сыщигъэукІытэжакъым. Мис аращ сэ си теплъэ зэкIужым, си гупсэхугъуэм, си нэжэгужагъым и щэхур.
Дэ сыт щыгъуи дызэхуэпэжщ, ди дзыхь зэтелъщи, зэи адрейр нэгъуэщІхэм я пащхьэ щыдгъэукІытэжыну дыхэткъым. Унагъуэм къихъуэ дэтхэнэ зы Іуэхугъуэри, зыми едмыгъащІэу, дэр-дэру зэфIыдохыжыр. Ди гуфІэгъуэри, гузэвэгъуэри зэдыдогуэш. Ди унагъуэ унафэри ди щхьэ унафэри дызэчэнджэщурэщ зэрытщІыжыр. Зэдэшхэ ІэфІщи, зэдэгъащІэ гъащІэфІщ.
 

 

Хъуажь Фахъри.
Поделиться:

Читать также: