Уи IэмыщIэм илъщ

 ЛIы Iущ гуэр псэут. Абы и гъэсэнхэм ящыщ зыр егупсысащ: «Ярэби, мы ди гъэсакIуэм жэуап зримытыфын упщIэ къэзгупсысыфыну пIэрэ?». Арати, губгъуэм кIуэри хьэндрабгъуэ къиубыдащ. Ар и IэгуитIым ирегъапщкIуэри, лIы Iущым бгъэдохьэ. Хьэндрабгъуэр и Iэпхъуамбэ зэхуакум диубыдати, хуеймэ тыншу ипIытIыфынут.

- КъэпщIэфыну пIэрэ: мы си Iэгум ис хьэндрабгъуэр псэу, хьэмэ лIа? Апхуэдэу щIоупщIэри, езыр игукIэ йогупсыс, абы и жэуапым елъытауэ хьэндрабгъуэм ирищIэнум…

ЛIы Iущыр ауи къыдэплъеякъым жэуап къыщитым:

- Уи IэмыщIэм илъщ и гъащIэр.

Поделиться:

Читать также: