Дыгъэм и тIэу къухьэ

1935 гъэ лъандэрэ Америкэм къыщыдэкI «Аляскэ» журналым иджыблагъэ къытрадза тхыгъэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Коцебу къалэм («Полярнэ уэрдыхъум» адэкIэ щыIэм) щыпсэухэм я нэгу щIэкIа телъыджэр къызыхэкIар цIыху къызэрыгуэкIхэми я мызакъуэу, щIэныгъэлIхэми къахуэщIэркъым.
Аляскэ хытIыгу ныкъуэм къухьэпIэмкIэ щыIэ и псыIум зытезыгъэбыдыхьа Коцебу къалэм дэсхэм гу зэрылъатауэ, дыгъэр а лъахэм жэщ-махуэм къриубыдэу тIэу щыкъуэхьащ – япэр шэджагъуэм нэса къудейуэ, сыхьэт I2-рэ дакъикъэ 20-м, къыкIэлъыкIуэр жэщыкум хуэзэу.
Абы ипэкIэ Ном зи фIэщыгъэ жылэ цIыкIум щыпсэухэми а телъыджэм хуэдэ я нэгу щIэкIащ. Фэрбенкс къалэм дэс астрофизик Нил Браун къызэрыхигъэщымкIэ, дыгъэр зы махуэм къриубыдэу тIэу зы щIыпIэм щыкъухьэныр къызэрымыкIуэу гъэщIэгъуэныщэщ.

БЭРАУ Бышэ.
Поделиться: