ТхьэмахуэкIэ ежьати, илъэс 16-кIэ къэтащ

ГъэщIэгъуэнщ

Великобританием щыщ зэщхьэгъусэхэм мурад ящIащ езыхэм я кхъухь мыинкIэ зыплъыхьакIуэ ежьэну. Ирландием, Испанием тхьэмахуэ зырыз зыщагъэпсэхуну я гугъа щхьэкIэ, илъэс 16-кIэ гъуэгу тетащ. Грин Клайврэ и щхьэгъусэ Джейнрэ 1998 гъэм и бадзэуэгъуэм зекIуэ ежьащ, къыщагъэзэжар 2014 гъэрщ.
Псори къыщыщIидзар зэщхьэгъусэхэм Jane G. фIэщыгъэ зрата кхъухьыр зыхуэдэр ягъэунэхунырт. КъызэрыщIэкIамкIэ, ар лъэрыхь дыдэт, сыту жыпIэмэ, хым техьахэр илъэс 16-кIэ къришэкIри, дунейм и хъуреягъыр зрагъэлъэгъуащ.
Daily Mail зэритхымкIэ, зэщхьэгъусэхэм Испанием щыщIадзэщ, Атлантикэ хым техьэри, Капе-Верде хытIыгум яунэтIащ. ЯпэщIыкIэ Барбадос кIуащ, итIанэ Кариб хытIыгум икIри, США-м и къуэкIыпIэ псыIуфэм Iухьащ, Нью-Йорк къыщыувыIащ. ИтIанэ Ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ ягъазэри, Канадэм кIуащ, къагъэзэжри, Панамэ псыдэлъэдапIэмкIэ хы Хуэмым техьащ. Ауэрэ зекIуэ ежьахэр Австралие псы Iуфэхэм есылIащ, Азие Ипщэ-КъуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ яунэтIри, Индием къыщыщIидзащ.
ИтIанэ Суэц псыдэлъэдапIэм тету ЩIыкурытыхым техьащ. абы иужь илъэситIыр щагъэкIуащ. Зэщхьэгъусэхэм тхьэмахуэм ику иту стерлинг фунти 130-р (доллар 200) яхурикъурт. ЯIыгъ мылъкумрэ хьэпшыпымрэ ящэжырт е, зыхуей гуэр ирихьэлIэмэ, яхъуэжырт. Грин Джейн нэхъ игу къинэжар и щыгъын нэхъ цIыкIуфэкIухэм ящыщ зы къэп из пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкIкIэ къызэрихъуэжарт. Ар къыщыхъуар Фиджи архипелагым и хытIыгу цIыкIухэм ящыщ зыращ.
Зэщхьэгъусэхэм зэрыжаIэжымкIэ, зекIуэм щыIэху зэи зэфIэнакъым икIи зэныкъуэкъуакъым. Илъэс 62-рэ зи ныбжь Грин Клайв жеIэ: «Дэ зэдухылIат: тIум я зыр дыкъэгубжьмэ, жыжьэу дыIуокIуэт, къуэгъэнапIэ гуэр дыкъотIысхьэри, ттеужыхукIэ дыкъуэсщ. АрщхьэкIэ илъэс 16-м къриубыдэу апхуэдэ зэи къэхъуакъым.
Илъэс 60-м нэблэгъа Грин Джейн къыхигъэщащ зэрынасыпыфIэр: и щхьэгъусэмрэ езымрэ дуней псор зрагъэлъэгъуащ, цIыху куэд къацIыхуащ, псэущхьэ Iэл куэд ирихьэлIащ. «Дэ дуней псор къэткIухьыну тедухуатэкъым. Зы щIыпIэ гуэр дыкъыщыщIидза нэужь, абдеж щыпсэухэм дадэуэршэрурэ адэкIэ ткIуну гъуэгур убзыхуа хъурт».
Зэщхьэгъусэхэр пасэу пенсэм кIуащ, быни яIэтэкъыми, я щхьэ Iуэху зэрахуэну хуитт. ЗекIуэ щыIэху тIуми я узыншагъэмкIэ гукъеуэ яIакъым, лIым и Iэпэр зэ иуIэжа мыхъумэ. Гъуэгуанэ кIыхьыр зэпачыху зэ закъуэщ ахэр зэрышынар: Сомали хытIыгум и Iэгъуэблагъэм абыхэм я яхтэм кхъухь гуэр къыкIэлъыжэу щалъэгъуарщ. Иужьым ахэр бдзэжьеящэу къыщIэкIащ. Абыхэм ящыщ зым и лъакъуэр иуIэжати, Джейн дэIэпыкъуащ.

ФщIэн папщIэ

Псалъэм и купщIэр

Пщы хъуэж. Пщырэ пщылIрэ щыщыIа зэманым адыгэхэм яхэлъа хабзэщ. Хабзэм тету пщымрэ уэркъымрэ зэгурыIуэрти зэувалIэрт уэркъым пщым къулыкъу хуищIэну. Уэркъыр пщым и гъусэу зэуакIуэ кIуэрт, абы жиIэр ищIэрт, пщыр къыщеджэм и деж къэгъазэ имыIэу и Iуэхур дызэфIигъэкIырт. А къулыкъум пэкIуэу пщым уэркъым иритырт щIы Iыхьэ, пщылI зыбжанэ, Iэщ, Iэщэ-фащэ. Хабзэм къызэриубыдымкIэ, пщым уэркъым и жагъуэ ищIмэ, абы и уэркъ тыныр пщым иритыжырти, нэгъуэщI пщым и деж кIуэрт, къулыкъу хуищIэну. Уэркъыр нэгъуэщIыпщым и деж кIуамэ, абы пщы хъуэжкIэ еджэу щытащ.
Пщым я пщыж. Феодальнэ лъэхъэнэм Къэбэрдейр пщыгъуэ-пщыгъуэу гуэшауэ щытащ. Пщыгъуэ къэсыхункIэ езым япщ яIэжт, ауэ абы къыщымынэу зэрыкъэбэрдейуэ зы пщышхуэ хахырт пщым я пщыжкIэ еджэу. А къалэныр пщыгъуэхэм гъуэрыгъуэурэ къалъысырт.
ПэкIу. Хэку Iуэхум теухуауэ унафэ пыухыкIа къыщащтэр арщ. ПэкIум хыхьэу щытар пщыхэмрэ уэркъхэмрэ я лIыкIуэхэрт. Пщыхэр щхьэхуэу зэхэтIысхьэрт, уэркъхэри абыхэм япэмыжыжьэу щхьэхуэу тIысхэрт. ГупитIым я зэхуакум зы лIыкIуэ итт, пщыхэм я Iуэху еплъыкIэр уэркъхэм яжриIэу, уэркъхэм ейр пщым яжриIэжу.
Апхуэдэурэ гупитIым ящIа унафэр зрагъащIэурэ, псори арэзы зыдэхъу унафэм къытеувыIэрт. ПэкIур нэхъ щIызэхуэсу щытар зауэ Iуэхугъуэхэм, нэгъуэщI къэралхэм зэрахущытын хуейм тепсэлъыхьыну арат.
Хасэ. Нарт IуэрыIуатэм щыщщ. Абы къызэрыхэщымкIэ, нартхэр илъэс къэс зэ зэхуэсу щытащ, хасэкIэ еджэу. Хасэм щызэхуэсахэр нарт Iуэхухэм тепсэлъыхьырт, зэрыпсэун унафэ къащтэрт, тхьэ елъэIурт, джэгукIэкIэ зэпеуэрт. Хасэм нэхъыжьри нэхъыщIэри цIыхухъури, цIыхубзри зэхэдз имыIэу хыхьэрт. Хасэм лъэпкъкIэ, къулей-къулейсызкIэ зэхэгъэж ищIыртэкъым.
ГукIэ къузыбжьэ. Мэкъумэш е мэз щIыхьэху щащIам деж псом яужь иту къэзыгъэзэжам фадэбжьэ иратырти ехъуэхъурт, дяпэкIэ яужь къимынэу сыт щыгъуи пашэу щытыну. А фадэбжьэм гукIэ къузыбжьэкIэ еджэрт. Хабзэр щагъэзащIэу щытар Къызбрун, Зеикъуэ къуажэхэрщ.
Гъуэрыгъуэ мэкъуауэ. Зы унагъуэ къарукIэ зи мэкъу Iыхьэр пызымыупщIыжыфхэр гуп-гупурэ зэгухьэрти, зэдэIэпыкъуурэ я мэкъур паупщIырт. ПхъэидзэкIэ унагъуэхэр зэрызэкIэлъыкIуэнур яубзыхурти, зы махуэм зым и мэкъум щыщ паупщIырт, етIуанэ махуэм къыкIэлъыкIуэм ейр. Апхуэдэу къытрагъэзэжурэ, псом я мэкъури паупщIырт. Хабзэр щагъэзащIэу щытар Къармэхьэблэщ. Ди зэманым кIуэдыжащ.
Думэн  Хьэсэн.

 

Псэущхьэхэр

Хыкхъуэхэм цIэ яIэщ

Псэ зыIуту ЩIым щыпсэухэм ящыщу цIыхум нэмыщI хыкхъуэращ (дельфинхэращ) цIэкIэ зэджэжыр. Ар къахутащ шотланд биологхэм.
Хыкхъуэхэм ягъэIу макъымкIэ зэрощIэ. Хым хэс гупхэм ящыщу зэрихьэлIар зэрыцIыхуу щытмэ, фий-кIий макъышхуэ къоIу, ауэ зэрымыцIыхумэ, гу зылъамытэхха хуэдэу зэблосыкI. ЩIэныгъэлIхэм къахутащ псым хэс а псэущхьэхэр щысымаджэм, щымэжалIэм, щыпIейтейм, щышынэм деж ягъэIу макъхэр зэрызэщхьэщыкIыр.
Биологхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, хыбжэхэм я зэпсэлъэкIэм гъэщIэгъуэн куэд хэлъщ. Ахэр зэрыпсэлъакIуэм гу лъызыта шотланд биологхэм зрапщытащ хыбжэхэм я «бзэр» зэрагъэщIэну. Ахэр зэрызэпсэлъа щIыкIэр ирагъэтхри, езыхэм я нэIэ щIэт псэущхьэхэр ирагъэдэIуащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, хыкхъуэхэм жэуап щатыжыр езыхэм я цIэр (зыми емыщхь фий макъ) щызэхахым и дежщ. Апхуэдэ дыдэуи мы псэущхьэхэр цIыхухэм фIащ цIэ лейм йосэри, щеджэкIэ къокIуалIэ. Унагъуэ псэущхьэхэм къащхьэщыкIыу, хыкхъуэхэм узэреджэ цIэр жаIэж.
Мы къэхутэныгъэр езыгъэкIуэкIхэм яз Яник Винсент жеIэ: «Хыбжэхэр цIэ зырызкIэ щIызэджэжыр здэбгъэзэну лъэныкъуэр зыкIи къыщыхэмыгъэщхьэхукIа хым хэсщи аращ, зэрыгурыIуэгъуэщи, ахэр гупу зэрыIыгъын хуейщ. Ахэр зэрылъагъуркъым, мэкIи зэрыщIэркъым, абы къыхэкIкIэ, зэфIэмыкIуэдын щхьэкIэ макъ ягъэIун хуей мэхъу».

Къэбарт Мирэ.

ХамэщI къикIахэм жаIащ

*   *   *

Шэрджэсхэр я хъыджэбзхэм хуабжьу хуосакъ, ахэр ягъэукIытэркъым. Абыхэм я Iэхэр яубыдыркъым, нэкIэ зэрощIэ. Щауэм и хъыджэбзыр къыдихьэхын папщIэ и зэфIэкI къигъэлъэгъуэн хуейщ. Псалъэм папщIэ, шы тесынкIэ, нэщанэ еуэнкIэ, бэнэнкIэ, нэгъуэщIхэмкIэ адрейхэм закъыхигъэщыпхъэщ. Шэрджэсхэм, и нэхъыбапIэкIэ, япхъухэм зыхуейр къыхахыну хуитщ, ауэ малъхъэ яхуэхъунур езыхэми къыщагъуэт щыIэщ, псом хуэмыдэу ар и дуней тетыкIэкIэ, и псэукIэкIэ ягу ирихьамэ.
КЛАПРОТ Генрих,
академик. 1808 гъэ

*   *   *

Шэрджэсхэм джэдкъаз куэду ягъэхъу, фIыуи ялъагъу. Абыхэм я джэдхэм, къазхэм, гуэгушхэм, бабыщхэм хуэдэ сэ зыщIыпIи щыслъэгъуакъым. Ахэр пIащэщ, пшэрщ, дахэщ. Апхуэдэу сэ абыхэм я деж щыслъэгъуащ тхьэкIумэкIыхь инхэр. Абыхэм Iэщи я куэдщ. Шэрджэсхэр зэи лы щыщIэркъым, берычэту мэпщафIэ, IэфIу машхэ. Ара хъунщ щIэузыншэхэри.
БЕЛЛ Джон,
инджылыз зекIуэлI. 1839 гъэ

*   *   *

Шэрджэс цIыхубзхэр Iуэхуншэу зэи щыскъым. Абыхэм я пщэм дэлъщ унагъуэр зехьэныр. А псоми къадэкIуэу бынхэр ягъасэ, щыгъын, вакъэ яд, щIакIуэ, щхьэнтэ, шхыIэн, бгырыпх ящI. Абыхэм хуэдэу дыщэидэкIэ Iэзэ къэгъуэтыгъуейщ, я дыщэ, дыжьын хэдыкIхэм удахьэх.
де МОНПЕРЕ Ф. Д.,
швед геолог цIэрыIуэ. ХIХ лIэщIыгъуэ

*   *   *

Адыгэхэм я жылагъуэ тIысыкIэр гъэщIэгъуэнщ. Ахэр къуажэшхуэкъым, нэхъыбэу псы Iуфэхэм щотIыс, мэзми, губгъуэми, хъупIэми япэмыжыжьэу. Ахэр хуабжьу ерыщщ щхъуантIагъэкIэ. Я пщIантIэр, къыфIэбгъэкIмэ, я бжэIупэхэри жыг защIэщ, пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм гулъытэ нэхъыбэ хуащI. ДэнэкIи псыIэрышэ лъагъуэщIэхэр щыхаш. Псори къабзэу зэрахьэ. А псоми къыхэкIыу я хьэуар къабзэщ.
КУК Джон,
Шотландием къикIа дохутыр. 1740 гъэ

*   *   *

Сэ игъащIэм апхуэдэ слъэгъуакъым. Шэрджэсхэм хьэщIагъэшхуэ къызаханэужь, сыщыжеину сызыщIаша пэшыр телъыджэт. Лъэгум хуэфIу арджэн дахэ илът, пIэр щабэт, къабзэт, тыншт. Нэху щыху лIам хуэдэу сыжеящ.
БЕЛЛ Джон,
инджылыз зекIуэлI. 1839 гъэ

*   *   *

Шэрджэс лъэпкъыр класс зыбжанэу егуэш: япэр - пщыхэрщ, етIуанэр - уэркъхэрщ, ещанэр - лъхукъуэлIхэрщ, еплIанэр - пщылIхэрщ.
КЛАПРОТ Г.Ю.,
нэмыцэ востоковед. 1808 гъэ

*   *   *

Шэрджэсхэм нобэ уахэплъэмэ, ар зэбгъэщхьыр Германиемрэ Франджымрэ япэ пащтыхьхэр къыщыунэхуам щыгъуэ щыIа цивилизацэрщ. Ар феодальнэ псэукIэм и щапхъэ хьэлэмэтщ. Ауэ шэрджэсхэм я зэхэтыкIэкIэ, я хабзэкIэ ялъэщIыхьэн нэгъуэщI лъэпкъ щыIэу сэ сыхуэзакъым.
Де Монпере Ф. Д.,
швейцар геолог еджагъэшхуэ, натуралист, археолог

Гупсысэр - псалъэкIэ
Мазэм ихъумэр

Уи сурэтыр мазэм щхьэ къищрэ?!. Уи уэрэдыр жьыбгъэм щхьэ жиIэрэ?!. Уи гум илъ щэхухэр зыхъумэ вагъуэри сыту лъагэу къеплъыхрэ!..
Мазэр жэщым къыхоплъэ… Аргуэру сурэтым соплъ… Вагъуэхэр уджым щыхыхьэкIэ, мазэр уафэбгъум щозагъэ. Вагъуэхэр зэщIэпщIыпщIэу зэдоуджри, ар егъэщIагъуэ. Уджым хэмыхьэ мазэр…и закъуэщ… Уи закъуэщ… Щыму уахоплъэ вагъуэхэм… Дэтхэнэми и лыдыкIэм уэ гупсысэ ухедзэ… Уи нурыр зытепсэ вагъуэхэм уафэм щыгъэу зырапхъэ. Нэхъри лъагэу заIэтри, уэгуми зыхуаший… Уэгум! Насып щыхадыкIыр абдежырщ!..
…Щэхущ… Уи щэхур жэщым и нэхущ… Жьым кърихьэкI хьэуа къабзэр пщэдджыжьыпэм ныхехьэри, щIыгу сабырам щоуэршэр. Удзыпэ щхъуантIэхэм уэсэпсу ятелъыр зэдегъэтхытх, псы ешкIурэхым щабэу жьэхоуэри, ткIуэпсхэр мэлъей… Уафэм кърих фIэхъусыр щIылъэм трегуэшэжыр жьым…
Мазэм ихъума уэсэпс къабзэр ар зыхъуэжа пщэдджыжь дыгъэм полыдри… насыпым IуощIэ. ПIалъэр мащIэIуэт… IэфIыIуэт. Дыгъэм уэсэпсыр иреф. Лыдыжыркъым… Жьыбгъэм кърихьэжьа щэхур уафэмрэ щIылъэмрэ я кум насып хъуэпскIыу докIуэсыкIыж.
Гугъуэт Заремэ.

Адэмрэ къуэмрэ
Фызэрызгъэшхэну фалъэр сощI

Зи ныбжьыр фIыуэ хэкIуэта дадэр и къуэм деж щыпсэуну къэIэпхъуэжащ. Ныбжьым и Iэужь зытелъ дадэм и Iэхэр зэщIэкIэзызэт, и нитIми фIыуэ ялъэгъужыртэкъым, щIэгъэкъуэн баш иIыгъыу фIэкIаи зекIуэжыфыртэкъым. Хабзэ зэрыхъуауэ, унагъуэр зы Iэнэм къетIысэкIыурэ зэдэшхэрти, дадэр щышхэкIэ и Iэхэр кIэзызурэ шхыныр ирикIутырт, стIол тепхъуэмрэ щыгъынымрэ иуцIэпIырт.
Зэманыр кIуэтэхукIэ къуэмрэ нысэмрэ лIыжьым нэхъ хуэгубжь хъурт.
- Iэмал гуэр къэдмыгупсысу хъунукъым, - жеIэ махуэ гуэрым къуэм. - АфIэкIа сигу техуэжынукъым абы шхыныр Iисраф зэрищIымрэ макъышхуэ иригъэщIу зэрышхэмрэ.
Абы фIэкIа хэмылъу, зэщхьэгъусэхэр зэгурыIуэри, лIыжьыр стIол щхьэхуэм пэрагъэтIысхьэу щIадзащ. Пэшым и плIанэпэ жыжьэм дадэм и закъуэ, дагъэтIысхьэурэ, езы унагъуэр щхьэхуэу зэхэтIысхьэрти, IэфIу зэдэшхэрт. Апхуэдэурэ екIуэкIыурэ, дадэр жьэхэуэурэ тепщэч зыбжанэ икъутащ. Нысэм абыи хэкIыпIэ къыхуигъуэтащ - пхъэ тепщэчкIэ шхыныр хутригъэувэу щIидзащ. Унагъуэм исхэр гурыщхъуэщIу е нэщхъ ящIауэ щыхукъуэплъкIэ, закъуэныгъэм игъэша дадэм и нэпсыр къыфIекIуэрт. А зэманым щыщIэдзауэ дадэм шхын зэриущыкъуеям е и щыгъыныр фIей зэрищIыжам теухуа шхыдэ макъ фIэкI зэхимыхыж хъуащ.
А псоми упщIэ лей къыхимыгъэкIыу кIэлъыплъа къуэрылъху цIыкIур махуэ гуэрым пхъэ кIапэ иIыгъыу джэгуу зэрыщысым адэм гу щылъитэм, мащIэу зигъэщхъри, и къуэм еупщIащ:
- Сыт си щIалэ пщIэр?
Къуэм и жэуапри хьэзырыххэт:
- Жьы фыхъумэ фызэрышхыкIыну фалъэр фхузощI, - жиIэри и Iуэхум хигъэщIын щIидзэжащ. А псалъэхэр зэхэзыха адэ-анэр я пIэм ижыхьри я бзэр иубыдат. ТIэкIу дэкIри тIуми я нэпсыр нэм щIэз къэхъуащ. Зыри зэжрамыIа пэтми, щIэн хуейр гурыIуэгъуэт.
А пщыхьэщхьэ дыдэм лIыр и адэм бгъэдыхьэщ, щабэу IэплIэ хуищIри, псори щышхэ Iэнэ хъурейм пэригъэтIысхьэжащ. Абы щыщIэдзауэ псэуху лIыжьыр унагъуэм ядэшхащ икIи, гъэщIэгъуэнратэкъэ, зэщхьэгъуситIым япэм хуэдэу лIыжьым зэрызиуцIэпIыжри, и Iэр зэрысысри къафIэмыIуэхуж хъуат.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться: