Узыфэр лъэпощхьэпо яхуэхъуакъым

Инсулиныр къызэрагупсысрэ илъэси I00 щрикъум ирихьэлIэу, Урысейм фошыгъу уз зыпкърытхэм я ассоциацэмрэ «ГЕРОФАРМ» компаниемрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, Европэм и бгы нэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ и щыгум дэкIыным епха Iуэхугъуэхэр къызэрагъэпэщащ. Ар хуэгъэпсат фошыгъу уз зыпкърыт сымаджэхэр зыуIууэ гугъуехьхэм жылагъуэм гу лъегъэтэным. А унэтIыныгъэмкIэ медицинэм зыужьыныгъэ хъарзынэхэр зригъэхъулIами, иджыри зэфIэгъэкIыпхъэхэр мащIэкъым.
Iущхьэмахуэ дэкIахэм яхэтащ Москва, Урысейм и хэгъэгухэм ящыщу фошыгъу узым и япэ лIэужьыгъуэр зиIэ сымаджэхэр, УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм ЭндокринологиемкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ медицинэ центрым и IэщIагъэлIхэр, дохутырхэр.
Зэхыхьэм и япэ махуэм хьэщIэхэм яхуэзащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. Дохутырхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ зыхэта зэIущIэхэм щытепсэлъыхьащ бгым щыдэкIкIэ зрихьэлIэнкIэ хъуну гугъуехьхэм, ЭндокринологиемкIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ медицинэ центрым и IэщIагъэлIхэм республикэм и дохутырхэм я деж я Iэзагъэм хэзыгъахъуэ семинархэр зэрыщрагъэкIуэкIынум, фошыгъу узыфэр къызэрахутэм, ар зыпкърыт сымаджэхэм зэракIэлъыплъыпхъэм теухуауэ лэжьыгъэ и пIалъэкIи зэхъуэжащ.
Iуащхьэмахуэ лъапэ махуищкIэ зыщагъэпсэхури, хьэщIэхэр дэкIащ бгым, ахэр къыщыувыIащ метр 4600-рэ зи лъагагъ, «Iэхъуэхэм я къыркIэ» зэджэ щIыпIэм. Фошыгъу уз япкърытми, зиIэ сымаджэхэм, гугъуехьхэр къызэранэкIри, яубзыхуа гъуэгуанэр къызэпачащ. Апхуэдэ щIыкIэкIи къагъэлъэгъуащ зыхуэбгъэувыжа мурадыр зэбгъэхъулIэн щхьэкIэ узыфэр лъэпощхьэпо зэрымыхъур.
УФ-м Узыншагъэр хъуэмнымкIэ и министерствэм ЭндокринологиемкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ медицинэ центрым и IэщIагъэлIхэмрэ фошыгъу узыфэр зыпкърыт сымаджэу Урысейм и щIыналъэ зэхуэмыдэхэм къикIахэмрэ къыхагъэщащ республикэр ягу зэрырихьар, хьэщIагъэ къызэрырахамкIи я Iуэхур тэмэму зэфIэкIынымкIэ сэбэп къазэрыхуэхъуам папщIи, Iуэхум хэтахэм фIыщIэ хуащI.

 

 

 

 

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ