Гулъыти гущIэгъуи

Псэущхьэ екIуэлIапIэншэхэм я дунейпсо махуэр (International Homeless Animals Day) мы гъэм шыщхьэуIум и 21-м ягъэлъапIэ.

КъыздикIар ямыщIэ, зыми имей хьэхэм, джэдухэм, нэгъуэщI абы хуэдэхэми гулъытэ ­хэха яхуэщIын зэрыхуейр япэ дыдэу къэрал Iуэху щащIар 1992 гъэращ. Абы щыгъуэщ, Псэущхьэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ жы­лагъуэ зэгухьэныгъэу США-м щыIэм (ISAR) и ­жэрдэмкIэ, а махуэр дунейпсо махуэгъэпсым щыхагъэхьар.
Къыхуеджэныгъэр а къэралым щыдаIыгъащ лъакъуиплIкIэ зекIуэ псэущхьэхэм ядэIэпы­къуныр зи пщэрылъу къэзылъытэ цIыху псоми. Куэд дэмыкIыу а Iуэхум нэгъуэщI хэгъэгухэми зыужьыныгъэ щигъуэтащ.
Абы лъандэрэ, зи гугъу тщIы зэгухьэныгъэм хуэдэхэм илъэс къэс шыщхьэуIум и ещанэ щэбэтым ирагъэкIуэкI хабзэщ псэущхьэ екIуэ­лIапIэншэхэм жылагъуэм гу лъегъэтэным, ­гущIэгъу хуегъэщIыным, уеблэмэ я унагъуэхэм апхуэдэхэр зрашэлIэжыным къыхуезыджэ ­дерсхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, къинэмыщI Iуэху­гъуэхэри.
Сыт, атIэ, псэущхьэ екIуэлIапIэншэхэм ядэIэ­пыкъун щIыхуейр? А упщIэм и жэуапри къэ­гъуэтыгъуейкъым. Фегупсысыт - ахэри, дэщхьу, узми мэжалIэми егъэгулэз, зэшыр къащыпкъ­рыхьи, нэжэгужагъэр щызыхащIи щыIэщ. АтIэми, унагъуэ псэущхьэхэми ещхьу, екIуэлIапIэншэхэри къытхуэпэжыфынут, фIыуи дыкъалъагъуфынут, къыддэщIыгъунымкIэ я «насып» къимыкIами.
А псом къыхэкIыуи, гущIэгъу зиIэ цIыхур ­хуиту дунейм дауэ зэрытетынур, псэущхьэ екIуэлIапIэншэхэр щIыIэми зэхиукIэу, шхын щхьэкIи лIэуэ, тхьэмыщкIагъэ къылъысауэ къыIэ­щIэ­лъэгъуа иужькIэ?
Къэдгъэлъагъуэмэ, иужьрей илъэси 10 - 15-м Урысей Федерацэм хуабжьу щыхэхъуащ уна­гъуэхэм имыс, имей хьэхэм я бжыгъэми.
АтIэми, ди къэралым Псэущхьэхэм я хуиты­ныгъэхэр хъумэнымкIэ «Вита» центрым и IэщIагъэлIхэм къызэрабжамкIэ, УФ-м псэущхьэ екIуэлIапIэншэхэм я бжыгъэр мы зэманым мин 600-м къыщыщIэдзауэ мин 700-м щынэблэгъащ. Абы щыгъуэми, Урысей Фе­дерацэм и щIыналъэхэм ящыщу 60-м зи бзэ мыпсалъэхэм щакIэлъыплъ егъэзыпIэу мы­зыгъуэгукIэ къыщызэрагъэпэщыфар 460-м нызэрыхьэс къудейщ.

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: