Дунейм щыхъыбархэр

ГъэщIэгъуэнщ

Килограмм 200 хъу алабгъуэ

 

Америкэ Курытым хыхьэ Коста-Рикэ къэралым щыщ бдзэжьеящэхэм я хъым иджыблагъэ къихуам и инагъым къигъэуIэбжьахэт илъэс куэд хъуауэ хым тет нэхъыжьхэри. МетритIым щIигъу зи кIыхьагъ, килограмм 200 хъу алабгъуэр (окунь) хы Хуэмым къыщаубыдауэ аращ.

Мы бдзэжьей лIэужьыгъуэхэр ин хъу хабзэми, апхуэдиз дыдэ зи инагъ мы щIыпIэм зэи щалъэгъуакъым. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, алабгъуэхэр ику иту илъэс 37-рэ хуэдизкIэ мэпсэу икIи я инагъынур куэдкIэ елъытащ щIыуэпсым и къабзагъэм. А бдзэжьейхэр зэрыинрауэ къалъытэ ахэр бдзэжьеящэхэм щIащымышынэр икIи гъунэгъу дыдэу щIабгъэдыхьэр. Ахэр я хъым щIэх-щIэхыу щIихуэм и щхьэусыгъуэри аращ, а щIыпIэм щыпсэухэм яшхыну нэхъ яфIэфIри алабгъуэщ.
Алабгъуэхэр мащIэ зэрыхъуам къыхэкIыу ахэр къыщаубыду ядэркъым США-м и ипщэ-къуэкIыпIэм, Виргиние хытIыгухэмрэ Пуэрто-Рикэмрэ. ЩIыуэпсыр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм а бдзэжьей абрагъуэр кIуэдыжынкIэ шынагъуэхэм яхигъэхьащ икIи ахэр гъэбэгъуэжыным яужь итщ. 
Коста-Рикэм апхуэдэ унафэ щызекIуэркъым икIи хэт сыт хуэдэ бдзэжьей лIэужьыгъуэ хуейми къиубыдыну хуитщ. Бдзэжьеишхуэр зи хъым къихуахэр абы хуабжьу щыгуфIыкIащ икIи хъыбар къатахэм къызэрыхэщымкIэ, ягуэшыжри яшхыжащ.

ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ