Евгений Онегин

ПУШКИН  Александр

Ебланэ Iыхьэ

Мэзкуу! Си Урысейм ипхъу лъапIэ,
Уэ пхуэдэ дэ къытхуэгъуэтын?

                                                        Дмитриев.

Хъун фIыуэ дымылъагъу Мэзкуур?
                                                     Баратынский.

ТхуэбгъэикIащ Мэзкуур. Аращ, плъэгъуам дуней!
Сыт здэнэхъыфIыр дэнэ?
ДыздэщымыIэм деж.

                                                           Грибоедов.

                     I

Ирихьэжьауэ гъатхэ дыгъэм,
Бгы Iэгъуэблагъэм уэс телъар
Псы цIыкIухэу, ямыIэжу бжыгъэ,
Йожэх: иреф щIым щIэлъэдар;
И гуфIэр нэхущ, мыжей щIыуэпсыр,
Гъэм и пщэдджыжьыр къытхуегъэпсыр,
КъыпфIэщIу лыду, уафэр щIыхущ,
Иджыри пхыпсми нэху, мыцIыхущ
Мэз удзыфагъэ зытелъадэр;
Къолъэтыр и бжьэматэм бжьэр,
Къелъытэ, щыIэмэ зыгуэр.
Мес хъупIэхэр къуэлэнщ, къогъагъэ;
Макъ Iэщым ещIыр; уэрэдбзум
Уэрэд къришын щIидзащ жэщ куум.

                     II

Уи гъусэщ, гъатхэ, лъагъуныгъэр!
СымыщIэу сыщIэхъуар нэщхъей,
ЗыхэсщIэмэ уи бэуэныгъэр,
Мэхъу си лъыр, си гур нэхъ пIейтей.
КъызэмыупщIу, гумащIагъэм
Сыдрегъэхьэхыр уи дахагъэм,
Гур хохъуэ, хуабэр къытщIэуам
КъуажэщIыр къигъэпIэтIэуам!
Щхьэ къигъэзэжрэ си гукъеуэм?
Къащыхыхьэжым псоми псэ,
КъысфIощI псэ схэмытыжу сэ;
Зэшыгъуэ хьэлъэр къыщыстеуэм,
ЩыIэж къизыгъэкIын гурыфI,
Сызэплъым щыщ; щхьэ псори кIыфI?..

                   III

ДыхуэмыгуфIэ тхьэмпэ Iувым,
ДыщеплъкIэ нобэ жыг хуэпам,
КIэлъыкIуэжынущи мыгувэу
Ар бжьыхьэм пщIащэ пылъэлъам;
Зэман зызыщIыр нэжэгужэ
Едгъэщхьрэ, дыхъуу накIэпсыжэ,
Къэхъужмэ бжьыхьэ ятIэхэж,
ДгъэщIам, зимыIэм къэгъэзэж?
Е дигу къэкIыжу пIэрэ гъатхэр,
БлэкIахэм, димыIэжхэм щыщ,
Ди пщIыхь нэхъ дахэхэм къапхыщ,
УсакIуэхэм хъуапсэгъуэу ятхыр,
Лъэныкъуэ жыжьэм щыдгъэкIуар,
Мазэгъуэ жэщхэм щытлъэгъуар …

                     IV

Фи пIалъэщ: угъурлыжь хуэмыхухэ,
ФыIущ хъунщ, фещхьщи Эпикур,
Фхуитхахэр Левшин1 джын зыуххэм
Я унэ Iуэхухэр ягъэнур;
Быныбэхэ, езы Приами
Къывэхъуэпсэнт, фыкъилъэгъуамэ;
ЦIыхубзхэ, къуажэм къэвгъэзэж,
Зэхэфхрэ, гъатхэм едзыр джэш;
Къэсащ зэман удэзыхьэхыр,
ФымыгъэкIуэд зы гъатхэ жэщ,
Ныбжьэгъухэ, псынщIэу, мес къуажэщI
Къыфпоплъэ; хьэлъэу йотIысэхыр
Шыгу хуэмыр, псынщIэр - пощтым ейр,   
Къэвгъанэ къалэ шэчыгъуейр.

                      V

Уэ укъысхуэфIмэ, си тхылъеджэ,
Уи шызакъуэгу гъэщIэрэщIам
ИтIысхьи, накIуэ сызыпэджэм,
ДэкI къалэм, щIыIэр здэхьэщIам;
Гуэгъу хуэхъу си усэ тепыIэншэм,
Фыхыхьэ мэз Iэуэлъауэншэм,
ФедаIуэ, ещI щхъыщхъ макъ жыгейм,
Мес, шкIурэу, псы йожэх, фыхуейм;
Евгений щыпсэуащ а къуажэм,
ЩыIащ и закъуэу уэс телъыху,
Гъунэгъу иIахэщ къэзыцIыху,
Псэм хуэдэ Таня я нэхъ пажэу;
Къытхуигъэнащ щIэин мыгъуж:
Лъэужъ нэщхъей, гум имыхуж.

                    VI

Нэхъ жыжьэу уплъэм, ихъуреягъкIэ
Нал теплъэу бгыхэр здэувам,
Къэбгъуэтмэ псыежэх ищIагъкIэ,
Хэхуэж псы кIантIэр къэплъэгъуам,
Ар блож мэз цIыкIум; блокI бзиихухэм,
Псы Iуфэм, чыцэм кIын здиухым,
Тетщ кхъащхьэ, хэту мывэ сын,
Удз Iувым хэсщ уэрэдбзу бын;
Нэрэт жыгитIым ядзыр жьауэ,
Тетщ тхыгъэ, кIэщIу ар зэхэлъщ:
«Мыбдеж Владимир Ленскэр щIэлъщ;
Шэм щыIуихар, къимыкIуэтауэ,
Мыпхуэдэ махуэт, мазэт, гъэт,
УсакIуэт, щIалэт, пщIэм и гъэрт!”

                   VII

Зы жыг къудамэм, жьыбгъэм дещIэу,
Гъужауэ, удз зэхэухуэна
ФIэлъщ; къэзыхьар Тхьэ закъуэм ещIэ
Ар кхъащхьэ, псоми ябгынам.
ЖаIэжыр: куэдрэ, хэкIуэтауэ,
Щынэхухэм мазэр, щалъэгъуауэ,
ГуIэжхэу, хъыджэбзитI мыбдеж,
Зым пищэу, тIуми ягъеиж.
Иджы, сыт, щIалэм и фэеплъыр,
Кхъэр, ящыгъупщэжа нэужь,
ЗдэщымыIэжым цIыху лъэужь,
Ди Iэхъуэр, жьыфэ хъуар зи теплъэр,
Жыг щIагъым щIэсщ, къреш уэрэд,
Иухуэнагъэнщ кIэрэхъыу куэд.

              VIII. IX. X

Си Ленскэ мыгъуэ! Уи хъыджэбзыр
Щыгъуами, гъыбзэхэр мыкIыхьт,
Сыт пщIэн-тIэ, Iуэхум и зэхэбзыр
Щхьэ псынщIэм ещIыр гурымыхь.
НэгъуэщIым хуищIу хъуащ гулъытэ,
НэгъуэщIыр, хъуар кIуэдам пэлъытэ,
Шуудзэм хэт зауэлIщ: аращ,
Къыпылъти, пщащэр дихьэхащ;
Шууейр хихащ псэм фIэнэхъыфIу,
Иджы нэчыхьым и зэманщ,
Къэшэныр дахэщ, пкъыр къуданщ,
Йоплъых члисэм деж щэныфIэу,
Нэм мафIэ щIэтми, ар и щэхущ,
И гуфIэр, зэрытщIэжу, нэхущ.

                   XI

Си Ленскэ мыгъуэ! Мащэ тIыгъэм,
ИгъащIэм къыздимыкIым макъ,
УсакIуэм и псэр, щыIэр загъэм,
Щыгъуазэт, щыхуатхам тIолакъ?
Е Летэ псым игъэсабыру,
КъыфIэмыIуэхуIауэ, мамыру,
Мыхъужу зэикI ар Iэнкун,
ЩIатIа-тIэ, хуейуэ бэяун?
Аращ, дащIэжрэ? Гухэщтыншэу
Дащогъупщэж, дгъуэтам пхъэмбей,
Ныбжьэгъухэр, бийхэр щэхущ абдеж,
ЩIэиныр мыхъумэ, къалэныншэу,
Ди благъэхэр зэкъуэтщ щыкIийм,
Щыдауэхэм, икIауэ хъийм.

                  XII

Хэмыту Оля и макъ дахэр,
Я гъащIэм Ларинхэм пищэнщ,
ШуулIым иришын хуейщ лъахэм:
Дзэм ираджэж, къулыкъу ищIэнщ.
И нэпсхэр хуэмыубыду, гъуэгыу,
Фызыжьым ипхъу техьэнур гъуэгу
Игъейт, жыпIэнт, псэ хэмытыж;
Татьянэ нэпс щIимыгъэкIыж,  
Къыщытехьахэм я бжэщхьэIум,
Хьэдафэу, фагъуэ хъуа къудейт
И нэкIур, узыгъэнэщхъейт,
УнэIут цIыкIухэри, гъырнэIуу,
Iэрпхъуэрт, гупсынщIэр хьэзырыху;
Плъащ Таня, лъагъуэр кIуэдыжыху.

                 XIII

Щытащ иужькIи; пшагъуэ жыжьэр,
Здыпхымыплъыфыр нэкъыфIэщIт,
Псэлъэгъуу къыхуэнар фызыжьырт,
И шыпхъум щхьэкIэ и гур хэщIт,  
Татьянэ и тхьэрыкъуэ цIыкIур,
Анэкъилъху дахэр, зэкIэлъыкIуэр,
Зи щэхухэр ищIэу, хуищIу дзыхь
ИIар пэIэщIэт, гъуэгур кIыхьт.
ИмыщIэу щIитыр хадэ нэщIым,
КъекIухьыр, ныбжьым хуэдэу щэхущ,
ЗыщIыпIи щимыгъуэт гупсэху,
Зызэтреубыдэ зэрыхуэщIу,
Мыгъыну, нэпсхэр къыщекIуам,
ХуэбампIэу и гур къыщеуам.

                 XIV

И закъуэныгъэ гущIэгъуншэм
ГурыщIэр къызэщIигъэнэжт,
Онегин жыжьэм, лъэужьыншэм
ЗэрыщIэузыр и гур пэжт.
Абы хуэзэнкъым илъагъуну,
Абы ар хуейкъым теплъэ хъуну,
Игъэдэлъхуам ар и лIыукIщ,
Зэманым, ауэ, … щIегъэткIукI
Ди гурыхуагъэм хэт фэеплъыр;
НэгъуэщIым псэгъур Iэрыхьащ,
УсакIуэм и цIэр жьым ихьащ,
ЗиIэтри Iугъуэу, ткIуащ и теплъэр;
Иджыри дынэщхъейми дэ,
Сыт, дынэщхъейм, тхуэщIэнур-тIэ?

                   XV

Пщыхьэщхьэт. Пшапэ зэхэуэгъуэм
Щэхут псыежэхыр, цIывхэр вут,
Я уджхъурейхэр зи щIалэгъуэм
Яухт. Псым адэкIэ къэцIут,
И Iугъуэр къихьу жьым, щIыб мафIэ -
ИщIа хъунт бдзэжьеящэ-пщафIэм.
КъикIухьт Татьянэ, мазэр нэхут;
Гупсысэу, мыплъэу, кIуащ хуэзэху
Iуащхьэшхуэ гуэрым, гуэщIыхьауэ
Зиусхьэн унэ дэщIеям,
ИщIагъым, псым зыздишиям,
Щыт къуажэм, мэзым къихухьауэ…
КъызэфIэнауэ игу пIейтейр,
КъищIащ Татьянэ лъапсэр зейр.

                XVI

ТIэкIу къихьу шэч, щытащ Iэнкуну:
«Сыбгъэдыхьэн е згъэзэжын?..
Езыр къэтщ, сыкъамыцIыхуну…              
Жыг хадэм, унэм, хъунщ, сеплъынщ».
Татьянэ йохыр; Iуащхьэ лъапэм,
ПщIантIэшхуэм деж, гу щылъимытэм
ЗэджэнIа гуэр, мыбауэу, щытщ,
Дыхьэну пщIантIэм зрепщыт.    
Зыкъадзхэр занщIэу хьэхэм, банэу,
Къэшынэу, пщащэр къыщыкIийм,
УнэIут дэсхэм я сабийм
Щыщ къом къыщIожри, къамыгъанэу
ПщIантIэкум хьэхэр зэбграхуж,
Яхъумэ Таняр, зрагъэкIуж.

                     XVII

«СыщIыхьэ хъуну пIэрэ унэм?» -
ЩIоупщIэ Таня. ЦIыкIухэр жащ
Анисье-нанэм деж: бынунэм
IункIыбзэзехьэр-тIэ, аращ;
Къэсащ Анисье асыхьэту;
ЗэрыхуIуахыу бжэ зэгуэтыр,
Унэ зэтетым, нэщI къэхъуам,
Ди зиусхьэныр щыпсэуам,
ЩIыхьащ Татьянэ; щIэтт пэш иным
Бильярд, кий телът шухьэ тебзам;
ЩIопщ цIыкIум, щIалэм игъэбзам,
Еплът. «Тахътэбаным ар къытринэу
И хьэлт, - жиIащ фызыжьым, - ист
Мыбы и закъуэу; хьэкури мис.

                     XVIII

Езымрэ Ленскэмрэ, щIымахуэу,
Бгъэдэсхэт мафIэм, уеплъмэ - зэшт,
Зэдэшхэу, си нэгу щIэтщ ар нахуэу.
Мес мор здэпсэу, здэлажьэ пэшт;
Мыбдеж щыжейт, щырифырт кофе,
Ешхыдэрт къуэдзэм, щыIэмпIофым,
ПщэдджыжькIэ еджэу тхылъ щытащ;
Дунейм тетыху, мыбы щIэсащ
Зиусхьэн лIыжьри; сигу къокIыжыр:
Тхьэмахуэ къэскIэ, сриджэху,
Къыхилъхьэрт, фIэфIу, куэзырджэгу.
Тхьэм и ахърэту мыухыжыр,
ЗдэщыIэм, и псэм къылъигъэс,
Къауц щIыр хухъу и къупщхьэ къэс!»

                    XIX

Татьянэ къыщIэхъуар гумащIэ
ИмыщIэу, дэнэкIи зеплъыхь,
Къилъагъур псори фIэщIэращIэщ,
ХузэфIэкIам, ищIынт нэхъ кIыхь
Пщыхьэщхьэр, тIэкIу щыIэнт мы щIапIэм,
Еплъынт хьэпшыпхэм псэм фIэлъапIэу,
И тхылъхэм, Iэтэу къигъэнам,    
ГъуэлъыпIэм алэрыбгъу тепIам,
Уэздыгъэ мыблэм, нэху къыдидзым
Щхьэгъубжэм, Байрон и сурэт
КъыфIэлъым. Мы плIанэпэм дэт
ГъущI пкъом и зэхуэдитIым щIидзэу,
Дзэпщ хьэлъэу плъэм ипкъ хэщIыхьам,  
Жор теплъэу IитI зэфIэгъэщхьам2.

                     XX

Татьянэ дихьэхащ здэщыIэм,
Пэш зыкъызихым щыму щIэтщ.
Гуващ. ЗеIэтыр жьыбгъэ щIыIэм.
КIыфIщ псыхъуэр, макъ ищIын щегъэт
Псы Iуфэм тетым, мэзым щIэтым;
Къуэсщ мазэр бгыщхьэ къабгъэдэтым;
Иджы, хъыджэбз къэкIухьырей
ЖаIэнщ, емыкIущ, кIуэжынщ ядей.
Аращи, Таня псыншIэу бауэу,
ИгъэпщкIуу гур зэрыпIейтейр,
Фызыжьым жриIащ зыхуейр,
ЩыкIуэжым, унэм къыщIэкIауэ:
Иджыри, хъунумэ, къэкIуэнт,
Ар унэ нэщIым тхылъ щеджэнт.

                      XXI

КъыдэкIуэтащ IункIыбзэзехьэр,
Татьянэ куэбжэм дэкIыжыху.
ЖэщитI блэкIащ; хьэ зэрызехьэ
ЩымыIэу, унэр нэщIт, бжэIух
Хуэмейуэ, ар щIыхьащ аргуэру,
ИщIэжырт кIуапIэри, уэр-сэру,
Пэш хуIуахакIэм. ТIысри гъащ,
ТIэкIу и пIейтейр нэхъ мащIэ хъуащ.
Иджыри, хуищIми лъытэныгъэ,
Мы тхылъхэм щыщ щIэзыджыкIам,
КъыщIыхигъэбелджылыкIам
Мыр дыдэхэр и еджэныгъэм,
Ар йогупсыс, фIэгъэщIэгъуэнщ:
Еджэнщи, куэд къыгурыIуэнщ.

                   XXII

Евгений, дощIэри, куэд щIауэ,
Еджэн жыхуаIэр фIэмыфIыжт,
Зыбжанэ тхылъхэм къыхихауэ,
НэгъуэщI еджэну хуэмеижт.
Зытхам Джаурыр хуэфIт, Жуаныр3,
Иджыри тIум е щым. Романыр
Къищтэнум, зейр ар Iейр зыцIыхут,
Уздыхуэзэнт нобэрей цIыху;
ЛIыхъужьым тетхыхьын хуейт пэжу:
ЦIыху бзаджэщ текIуэр е щхьэхуэфIщ,
Мы ди зэманым урикъуэфIщ,  
Уфыгъуэнэдым, уимыIэжу
Гу щабэ е акъыл бэшэч,
КъыпфIэщIым цIыхуу хъуар хьэлэч.

                  XXIII

А тхылъхэр къещтэ; тхьэмпэ куэдым
IэбжьанэкIэ къыхэгъэщам:
Псалъэухам, пычыгъуэ хуэдэм,
Хъыджэбзыр йоплъ. Зыпэлъэщам,
Гулъытэ иIэу ар еджэну,
Онегиным фIэтелъыджэну
ЩIэхъуар е пэж къыщIыфIэщIар
Гупсысэ тхар, гъэщIэрэщIар,
Татьянэ къещIэр тIэкIу Iэнкуну,
Онегиныр илъагъу къыфIощI,
И хьэлыр псалъэхэм къыхощ,
Тритхахэм ибгъукIэ, здибжым хъуну,
УпщIэ нагъыщэхэм загъэш,
Жор иритхъахэр къэрэкъэшщ.

               XXIV

Татьянэ зэджэр зэрегъапщэ,
НэхъыфIу къыгурыIуэ хъуащ
Дамыгъэ псори, мыхъуми дапщэ,
Зыщ зи дамыгъэр: унэхъуащ,
Тхьэм хуишэу, фIыуэ илъэгъуами
Мы щIалэр, и псэр щыгугъами,
Щхьэгъусэу ар къыхэзыхар,
Абы зи гъащIэр езыпхар;
УкIытэурэ щитхам, гуIэжу:
ШейтIан е щихъ мы цIыху нэщхъейр,
ЕфIэкIрэ и фIыр, куэд и Iейр?-
НэхъыфIт, къыфIэщIт илъагъур пэжу.
Зым имыIысмэ, зищI къудейм -
Нэхъ Iейщ, Гарольд ещхьыну хуейм.

                  XXV

КъыщIигъэщауэ пIэрэ щэхур?
«Зрегъэщхь» - а псалъэр къигъуэта?
А Iуэхухэм хэту, плъэмэ - нэхур  
Хъуащ мащIэ, махуэр хэкIуэтащ;
А сыхьэт дыдэм, къыхуэкIуахэу,
И анэм къоуэршэрхэр дахэу
 Я гъунэгъуитIыр, ящI и гугъу;
- Татьянэ сабиижкъым, гугъущ,-
Фызыжьым жеIэ, - лIы ептыну,
Губзыгъэщ, имыщIэххэ щхьэх;
НэхъыщIэм хуэдэу, дэзыхьэх
Си фIэщ мыхъуж къытхуэгъуэтыну:
Имыдэ - къылъымыхъур хэт -
Нэщхъейщ, и закъуэу мэзым хэтщ.

                    XXVI

«Зыгуэр илъагъуу пIэрэ фIыуэ?»
- Хэт мыгъуэ? КъыщIоупщIэ куэд,
Псэлъыхъухэм зэрепсалъэр зыуэ;
Буянов, Петушков…МэкIуэд,
Зэ «хьэуэ» зэхэзыхыр ткIийуэ;
Шуудзэм щыщ Пыхтин ар куууэ
ГуригъэIуащ, ар щыхьэщIам,
Къыхуейуэ сыту зимыщIам. -
«Уанэм, быныркъэ уи гъащIэр?
Сыт пщIэн, ущиIэкIэ къэшэн,
Мэзкуу, нысащIэ пэкIум, пшэнщ»
- Ухъу жьыщхьэ махуэ - хэхъуэр мащIэщ.
«ЩIымахуэм урикъун бгъуэтынщ,
Ар мыхъумэ, щIыхуэуи уэттынщ».

                 XXVII

Игу ирихьащ жаIар фызыжьым,
Губзыгъэу къратащ чэнджэщ,
ЩIымахуэм кIуэм Мэзкуу мыжыжьэм,
Зыхуейр къибжащи - зыпэлъэщщ.
Щошынэр Таняр а унафэм:
КъызэрыгуэкIыу нэгу щабафэм,
ПсэлъэкIэм, зи зэман блэкIам,
Мэзкуу дэс гуп хэгъэфIыкIам
КъыхужаIэнум егупсыс;
КъыфIохьэ Iэджи игу пIейтейм:
Къыщыдыхьэшххэм и бостейм,
Къегуауэм, зыхуэмей къылъысым…
НэхъыфIт и къуажэм къыщынам,
ЩIыпIэ зэсар имыбгынам.    

                   XXVIII

Къотэджри дыгъэр къыщыкъуэкIым
Иджы, хуопIащIэ губгъуэм, псым,
Бгъэдохьэ ар здыхузэфIэкIым,
Йоплъыж, жреIэ хъупIэм, бгым:
«Къысхуэбгъэгъункъэ, си хэщIапIэ,
Ди псыхъуэ дахэ, бгы лъагапIэ,
Сабийуэ дыпщышынэрт, мэз,
Дыгъэпс къыптридзэм - псэу зыщIэз,
ЩIыуэпс, къысхуэбгъэгъункъэ, къапщIэм,
Къызэрызгъанэр уи дунейр,
СиIэн щхьэ Iыхьэ сысымейр,
Къалащхьэ зэрызехьэм папщIэ!
СыздэкIуэр дэнэ, сщIэнур сыт?
Сыт хуэдэ гъащIэ къыспэщыт?»

                XXIX

Нэхъ кIыхь ищIащ къэкIухьыныгъэр,
Псы кIантIэ, жыIэ, Iуащхьэ цIыкIу,
Хэмылъми Iуэхум залымыгъэ,
КъэмыувыIэну фIэемыкIущ.
Куэд щIауэ, и ныбжьэгъухэм хуэдэу,
Йопсалъэ зыхуэзахэм куэдрэ,
Мыщхьэхыу махуэ къэс псэлъэнт -
Къэсыну щIыIэм и къалэнт.
Щиухым бжьыхьэр щыдыщафэр,
Зыщадзри жыгхэм зыхъумэн
Щыгъын яIамэ, ар къурмэн
ХуащIащ щIыуэпсым Тхьэ унафэу.
Ищхъэрэр бауэм - жьыр мэкъугъ,
ЩIымахуэм псори фIым щогугъ.

                    XXX

Уэс къесыр лъэлъэжащ; Iэрамэу
Къудамэхэм фIэнащ жыгейм;
Хужь толъкъунафэу телъщ, уплъамэ,
Жыг хадэм, губгъуэм, Iуащхьэ джейм:
Псыр жьажьэ хъуащ, зэхуэдэщ Iуфэр
И лъэныкъуитIымкIи, щIеуфэр
Уэс щабэм зэщхьэщыкIыу хъуар;
ЩIымахуэ занщIэу къатехъуар
ЯфIэфIщ цIыху псоми, Таня мыхъумэ,
ХуэмыкIуэ и гур мы зы гъэм,
Гъуэгуанэрами, ещI губгъэн.
Сыт щыгъуи, щIыIэу къыщымыхъуу,
ФIэфIт япэ уэскIэ зитхьэщIын,
И дамэ - и пщэр илъэщIын.

                   XXXI

Щежьэну пIалъэр ягъэIэпхъуэу,
Iуэху куэд ящIахэщ, хъуху хьэзыр;
Епхужьэ Iэжьэр мыхъу, ущIэпхъуэу,
КIэлъагъэплъащ: щIыжын хуейт зыр.
Мыинт я чырэри, гуимищым
Ирагъэхуащ, зыгуэри къищу,
Хьэпшыпхэр: шэтхэр, пхъуантэу хъуар,
Къауц уэншэкухэр, ящIыгъуар;
Джэдылъэхэр, адакъэ ису,
Шыуан, еIэнлъэ et cetera,
Зэрыхъур, къедбжэкIам, арат?
Щытщ гъуэгыу унэIутхэр, месыр,
ЦIыхухъухэр пщIантэм деж щокIий,
Къашащ шы уэдыкъуа пщыкIуий;

                   XXXII

ЩIащIащи гуимэхэм шы къомыр,
ТIысыпIэ щабэ здищIыхьа
Пэрытым егугъуащ зыкъомрэ,
Я пщэдджыжьышхэми ихьащ,
Зэман; хьэпшыпхэр зымыуххэу
Зыхь фызхэр фIонэхэр шыгухухэм;
Vorreitor4 шэсыр жьакIацэжьщ,
Шы къыхихари бэлацэжьщ.
Iутщ куэбжэм гуп езыгъэжьэжыр,
ЩIоцIэнтхъу шыIэжьэр уэс убам.
«ЖызоIэ щIыпIэ сыздапIам:
Сэракъым уэ узыбгынэжыр!
Услъагъужыну, ди щIыуэпс?..»
КъыщIожыр Таня и нэм нэпс.

                XXXIII

Слъагъу хуэдэщ: зиужьынщ щIэныгъэм,
ЩIадзэнщ цIыхубэм еджэу тхылъ,
Зыхуейм нэсынщ: имыIэу бжыгъэ,
И фIыгъуэм, зыхуиIам гурылъ.
Илъэс зы щитхум и нэужьым
Къэралым зыздызэщIиужьэм,
ЗэблэкIыу, бгъуфIэу, гъуэгу, здыхуейм,
ЩащIынущ дэнкIи Урысейм.
Шыгун лъэмыж гъэша щIэращIэм
Техьэнущ хуэзэр псы къиуам,
ПсыщIагъкIэ гъуэгу ямыухуам,
Бгыр гъуанэ хуамыщIам нэхъ пIащIэм.
Станц къэс бгъуэтынщ чыристан дунейм
ЕфапIэ-шхапIэ, упIейтейм.

                  XXXIV

Нобэрей гъуэгухэр Iейщ, тезыдзэу
КIуэм игу щIэкIынщ: лъэмыжхэр мэф,
Ущашх а станцхэм гъуанэ-бжьыдзэм,
Ужейуэ, жэщ ущымыIэф;
ЯмыIэ шхапIэ; унэ щIыIэм,
Шхын пщтыр игъащIэм здэщымыIэм,
ТхылъымпIэ фIэлъщ, уегъэбырсей:
Тетхахэр псори пшхынт, ахьей;     
Арами хъунт; йолэжь Iэжьмыжьу
Ептам, къэбгъуэтым кIыщым щыщ,
МыпIащIэ гъукIэр - къуажэ кIыщщ,
Урыс уадэшхуэр лIы иныжьым,
ЩIишийр Европэм щащI гъущI хъарщ,
ЗэддзэкIым жиIэр - гъуэгу хъыбарщ.

(КъыкIэлъыкIуэнущ).

1 Лёвшин В.А. - Урысейм щыцIэрыIуэ, цIыхухэм къагъэсэбэп, унэ, хадэ зэрызехьэн хуейм, Iэщым зэрыкIэплъын хуейм теухуа тхылъ зыбжанэ итхауэ щытащ. Езыми Тулэ къалэм деж щIапIэшхуэ щиIащ.

2 Наполеон Бонапарт и скульптурэ цIэрыIуэ.

3 Пушкин зи гугъу ищIыр инджылыз усакIуэшхуэ  Джордж Байронщ. «Дон Жуан» - усэкIэ тха романыр, «Джаур», «Чайльд-Га́рольд и дунеяплъэ» поэмэхэр зытхар аращ.

4 Гуимэ иным, ших е нэхъыбэ, тIурытIу е щырыщу зэкIэлъыкIуэу зыщIащIам, и шыгухухэм яз, шы пэрыкIуэхэм щыщ гуэрым шууэ тесын хуейр.

ЗэзыдзэкIар ХЬЭМЫЗ Русланщ.
Поделиться: