Гъатхэпэм Налшык и кинотеатрхэм щагъэлъэгъуащ «Это была ты?!» фильмыр. Ар щытрахащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ режиссёр, сценарист Пэфыф Заринэрэ видеооператор ГъущIасэ Къантемыррэ я «SoZARee» IуэхущIапIэм.
Роль нэхъыщхьэхэр ягъэзащIэ Гъубж Амиран, Къэнэмэт ФатIимэ, Дым Елдар, Мизиев Мурадин, Холомханов Къайсын, Циканов Исса. Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм я зэхущытыкIэр, я гъащIэр, лъагъуныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ зи лъабжьэ кином хэтахэм я нэхъыбэм актёр IэщIагъэ яIэкъым, ауэ ныбжьыщIэхэм 2016 гъэм къаухауэ щытащ Япэ республикэ киношколэр (ари зи жэрдэму щытар фильмым и режиссёр Пэфыф Заринэщ).
Фильмыр тезыхахэмрэ абы хэтахэмрэ я Iуэху еплъыкIэм фыщыдогъэгъуазэ:
Пэфыф Заринэ: «Сызэрысабийрэ жысIэрт кино тесхыну сыхуейуэ, ауэ абы щыгъуэм иджыри сщIэртэкъым а IэщIагъэм зэреджэ къудейр. Кино тесхыну сыщытегушхуэм, спонсор къэлъыхъуэным зэман едмыгъэхьу, дэ езым ди къару деплъыжыну мы Iуэхум и ужь дихьат. Мурад щытщIа къудейм Гъубж Амиран занщIэу хуэзгъэлъэгъуащ роль нэхъыщхьэр абы игъэзэщIэну. Апхуэдэуи кастинг едгъэкIуэкIащ, фильмым хэтыну щIалэгъуалэм дахэплъэу. Амиран абы пхыкIат, ауэ и гумызагъагъэм къыхэкIыу, актёр гъуазджэм и курсхэм зэман гуэркIэ кIуа нэужьщ тетхын щыщIэддзар.
Куэдрэ дегупсысащ фильмым хуэтщIыну сюжетым. Ар сыт и лъэныкъуэкIи нэхъ еплъыгъуафIэ, къызэрыгуэкI зэрытщIыным дыхэтащ. ЩIыналъэм и псэукIэр абы исхэм нэхърэ нэхъыфIу нэгъуэщIым къызэрыхуэмыгъэлъэгъуэнур къэтлъытэри, фильмым ди щIалэгъуалэр къетшалIэмэ нэхъ къэтщтащ. Адэ-анэмрэ бынымрэ я зэхущытыкIэр, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр нобэ зэрызэдекIуэкIыфыр, ныбжьыщIэхэм я гурыщIэхэр къызэрагъэлъагъуэр, нэгъуэщIхэри ди нэкIэ зэрытлъагъум хуэдэу къэтIуэтэну дыхущIэкъуащ. Зы унагъуэм щIэсхэр зэгъусэу зэплъ хъуну фильм къыдэхъулIауэ дыщогугъ».
ГъущIасэ Къантемыр: «Кино тепхыныр, дауи, лэжьыгъэ гугъущ, ауэ гъэщIэгъуэнщ, псом хуэмыдэу уи зэфIэкI здынэсыр кърипщIэну. Гугъуехьхэр зыхуэдам и гугъу пщIымэ, актёрхэр хущIыхьэгъуэкIэ абы къекIуэлIэфу зэрыщытар арагъэнщ, зыр адрейм пэдгъэплъэн хуей хъууэ. Бюджетыншэу тетхын щIэддзат лэжьыгъэри, ди техникэр щыкъутэ щыIащ, дешу псори къыщызэтедгъэувыIа къытхуихуащ. Ауэ а мащIэхэр, сызэреплъымкIэ, зэран къытхуэхъуакъым. Фильм къэс апхуэдэ гъэунэхуныгъэ гуэрхэр иIэн хуейщ, абыхэм упхыкIыфынращ нэхъыщхьэр. Кинор Iуэху цIыкIукъым, зы гъащIэ псо къегъэлъагъуэ, абы уегугъун хуейщ».
Гъубж Амиран (Идар и ролыр егъэзащIэ): «Кастингым и пэ къихуэу, Пэфыф Заринэ сыIущIати, трихыну фильмым си зэфIэкI сыщеплъыжыну чэнджэщ къызитат. Шэч хэмылъу, сэ абы сыщыгуфIыкIат. КъэпщытакIуэхэр гуапэу къытIущIащ, роль нэхъыщхьэр згъэзэщIэну къызэрыспэщылъми сыщыгъуазэт. Пэжыр жыпIэмэ, сэ езыр сыцIыху укIытэхщ икIи ар зэран къысхуэмыхъун щхьэкIэ, актёр IэщIагъэмкIэ дерс зыбжанэ сыкIуащ япэщIыкIэ. Юрист IэщIагъэм сыхуеджащи, сыщогугъ мыпхуэдэ лэжьыгъэм сызэрыхэтар абы и лъэныкъуэкIи къысхуэщхьэпэжыну. СымыукIытэу си Iуэху еплъыкIэр къэзгъэлъэгъуэфынымкIэ ар зы лъэбакъуэу къызолъытэ. Фильмым и сюжетыр сигу ирихьащ. ЛIыхъужь нэхъыщхьэм и гум щыщIэр, зыгъэгузавэр сэ езым зыхэсщIэну, абы сыпхыкIыну сфIэгъэщIэгъуэнт. ЗыгуэркIи дызэщхьу схужыIэнущ Идаррэ сэрэ. Сэ схуэдэуи Iуэхугъуэ гуэрхэм хэхуа нэужь, абы зепIытI-зехуз (мэдыхьэшх). ЗэрыжысIауэ, мы Iуэхум сызэрыхэтам куэд къызитащ, уеблэмэ иджыри апхуэдэ зы лэжьыгъэ сыхэтынт».
Къэнэмэт ФатIимэ (Джамилэ): «Сценарийм сыщеджэм занщIэу сыдихьэхащ. ГъэщIэгъуэнт Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъащIэм лъэныкъуэкIэ укъыщеплъыну, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэм нобэ я зэхущытыкIэр зыхуэдэм. Телевиденэ, радио программэхэмкIэ продюсер IэщIагъэм сызэрыхуеджам къыхэкIыу, режиссёрым сыкъригъэблэгъат фильмыр зыухуэнухэм сэри сахэтыну. АрщхьэкIэ иужькIэ Заринэ абы актёру сыщыджэгуну сыхигъэхьащ. ЗгъэзэщIа ролыр спэгъунэгъуу схужыIэнукъым: хъыджэбзыр цIыху щабэщ, псори и фIэщ мэхъу, уеблэмэ дунейм и гур хузэIухащи, гъэпцIагъэ гуэри абы тету ищIэркъым. Шэч хэмылъу, лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн дыхэтащ. А къыдэхъулIар зи фIыгъэу къэслъытэр кино трахыну зэхуэса гупыр зэгъунэгъу дызэрызэхуэхъуарщ. Махуэ лэжьыгъэр и кIэм щынэдгъэсми, дыпIащIэртэкъым дызэбгрыкIыжыну: зыр адрейм и Iуэху еплъыкIэм зэрызыщигъэгъуэзэным дыхущIэкъурт.
Хьэщхъуэжь Ислъам (студенту мэджэгу): «Зэныбжьэгъухэр дызэхэсу, Инстаграмым щытлъэгъуащ фильмыщIэ трахынум хэтынухэр къызэрыхахым и хъыбарыр. ЗанщIэу си жагъуэ хъуат абы ирагъэблагъэхэр илъэс 18 хъуахэмкIэ къызэрыщIэдзар. Сэ апхуэдиз иджыри срикъуатэкъым. АрщхьэкIэ си ныбжьэгъухэм сытрагъэгушхуэри, сыкIуащ кастингым. Сщыгъупщэнукъым а махуэр. Уэлбанэм сыхиубыдэри, псыфыбзэ сыхъуауэ сыщIыхьат. Шэч хэмылъуи, сыгузэват. Сыщысабийм актёр сыхъуну сыщIэхъуэпсу зэрыщытар къэплъытэмэ, ролыр къызэрысхуагъэфэщар къызжаIэну къыщыпсэлъэжам сызэрыгуфIам гъунэ иIэтэкъым. Си ролыр мыинми, абы еплъахэм къысхужаIа щытхъум и ужькIэ къызгурыIуащ роль цIыкIу зэрыщымыIэр.
Циканов Исса (Нэзар): «Сценарийр япэ щIэджыкIыгъуэм сигу ирихьат. Ди зэманым махуэ къэс дызыхэт Iуэхугъуэхэращ абы и лъабжьэр. Ауэ, нэхъыщхьэращи, гушыIэ хэлъу, къыптемыхьэлъэу зэхагъэуващ».
Мэкъуауэ Алинэ (Мадинэ): «Сабийхэм зыщрагъэужь центрым актёр IэщIагъэм щыхуэзгъасэу сыщылажьэрти, ди унафэщIым и шыпхъум фильм трихыу къызжиIащ. Арати, абы хэтыну сабийхэм садэлэжьэну срагъэблэгъащ, ауэ, икIэм-икIэжым, режиссёрым къилъытащ сэри кином сыхэтын хуейуэ. Сэ сыарэзыт. Мадинэрэ сэрэ ди хьэлхэр зэтехуащ. КъызэрысщыхъуамкIэ, ари цIыхум хуэпэжу бгъэдэт лIыхъужьщ, апхуэдэ дыдэу адрейхэр къыхущытыжын хуейуи егъэув. Сэ ар согъэзахуэ».
Дым Елдар (Арсен): «Фильмым сыхэтыну сыщрагъэблэгъам, ар къыдэхъулIэным шэч къытесхьат. Япэрауэ, зэи апхуэдэ лэжьыгъэм хэмыта ныбжьыщIэхэм кино яхутехыну си фIэщ хъуртэкъым. ЕтIуанэ щхьэусыгъуэр зэпхар си щхьэрат: киноактёр Iуэхум сыпэгъунэгъуу къэслъытэртэкъым. Ауэ, сызэрыщымыгугъауэ, лэжьыгъэр псоми къыдэхъулIауэ собж. Къысхуагъэфэща ролым зезгъапщэри, гъащIэм нэхъ сыщытэмакъкIэщIу гу лъызигъэтэжащ. Ауэ си лIыхъужьым сызэрыпэгъунэгъур сытыт?! Ар и унагъуэ хэсыкIэмрэ зэзэмызэ и щхьэ щIэнэкIалъэжыфу зэрыщытымрэт. Ахэр къэплъытэмэ, ролым гугъу сыдехьауэ жысIэнукъым. Къапщтэмэ, кином дыщыджэгуауэ аракъым, атIэ дэри абы «дыщыпсэуащ» жытIэмэ, нэхъ дыщыуэнукъым. Зарини Къантемыри Iуэхум жэуаплыныгъэ яхэлъу бгъэдыхьащ. ЩIэгъэкъуэн ямыIэу езыхэм я къарукIэ фильм гуапэ трахащ, щIалэгъуалэм я дежкIэ сэбэпщ. Япэ лъэбакъуэр къайхъулIащ, иджыри апхуэдэ лэжьыгъэхэр къыкIэлъагъэкIуэну ди гуапэщ».