КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и хэхыгъуэщIэм хэтхэмКIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и еплIанэ хэхыгъуэм и япэ пленар зэIущIэм. Республикэм и унафэщIыр чэнджэщэгъу органым хэтхэм ехъуэхъуащ еплIанэ хэхыгъуэр тэмэму къызэрызэрагъэпэщамкIэ икIи адэкIэ лэжьыгъэфI яIэну зэригуапэр къыхигъэщащ.
КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм къыхигъэщхьэхукIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм я сэбэп зыхэлъхэр хъумэнымкIэ, щIыналъэм и стратегие зыужьыныгъэм, зэпIэзэрытыныгъэм, зэгурыIуэныгъэм хуэгъэза къалэн инхэр гъэзэщIэнымкIэ, жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэм и системэ тэмэм зэтегъэувэнымкIэ, цIыхухэмрэ властым и къэрал органхэмрэ я зэпыщIэныгъэр убзыхунымкIэ палатэм къалэн хэха зэригъэзащIэр.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
|