Жьыщхьэ махуэ

         ГъащIэм декIу, абы зи Iыхьэ къыхэзыхыф цIыхум щхьэкIэ «псэукIэ ещIэ» жаIэ. Апхуэдэ цIыхур Iуэху куэдыщэ зи пщэ къыдэхуэ цIыхубзхэм ящыщмэ, нэхъыбэжу уи гуапэ мэхъу. Еджамэ, унагъуэ ихьамэ, бын дахэ игъэсамэ, и унэр къабзэлъабзэмэ, цIыху хыхьэкIэ-хэтыкIэ ищIэмэ, лэжьыгъэ IэнатIэр зыхуей хуэзэу ирихьэкIмэ… сыт адэкIэ къыпыпщэн?! А псори, къанэ щымыIэу, къызэхъулIахэм ящыщ зыщ Хъыдзэдж (Ансокъуэ) Верусэ Хъусен и пхъур.

         Верусэ 1951 гъэм дыгъэгъазэм и 2-м Тэрч районым хыхьэ Красноармейскэ къуажэм къыщалъхуащ. Ансокъуэхэ Хъусенрэ Лъостэхъанрэ япхъущ. Зауэ нэужьым Хэмидие къикIри Красноармейскэм къэIэпхъуауэ арат адыгэ унагъуэ нэскIэ узэджэну Ансокъуэхэ. Бынунэр инт, щIалищрэ хъыджэбзищрэ хъухэрт. Адыгэ хабзэжьри, пщIэ-нэмысри, нэхъыжь-нэхъыщIэри, гъэсэныгъэри, укIытэри зэрылъ унагъуэр хъуэпсэгъуэт, зыхуей псор ямыIэми, адрейхэм яхэгъуащэу, ящIэн-ялэжьын ягъуэту псэухэрт.  Хъусенрэ Лъостэхъанрэ япхъу кIасэт Верусэ, адыгэ хабзэжьым и телъхьэ и адэм и хьэл-щэн ткIийр зэрыхэлъыр IупщIу, лэжьыгъэр нэхъуеиншэу фIыуэ зэрилъагъумкIи абы ещхьу…

         Зауэ нэужь лъэхъэнэти, гъаблэт, цIыхур къузауэ псэурт. Сыт хуэдэ гугъуехь хэмытами, Хъусенрэ Лъостэхъанрэ яхузэфIэкIащ я бынхэр зыхуей хуагъэзэн, псоми щIэныгъэ ирагъэгъуэтын, лэжьыгъэ IэнатIэ дэтхэнэ зыри Iуагъэувэн, лъэ быдэкIэ ягъэувын, унагъуэ щхьэхуэу ягъэтIысыжын.

         Ди тхыгъэр зытеухуа Верусэ и дежкIэ къэдгъэзэжмэ, школ нэужьым абы Налшык къыщиухащ бухгалтер курсхэр. Ар илъэс 30-кIэ щылэжьащ Опытнэ станцэм (жьымкIэ Красноармейскэ) дэт къуажэ Советым. Къэхъуакъым абы IуэхукIэ бгъэдыхьа цIыхур щигъэщIэхъуа, псалъэ жагъуэ щыжриIа, уеблэмэ нэбгъузкIэ щеплъа. И гур зэIухауэ, зи щхьэ къезыхьэлIа цIыхум хузэфIэкI псомкIи зыщIигъакъуэу псэуащ, нобэр къыздэсми апхуэдэщ Верусэ. Зигурэ  зи щхьэрэ зэтелъ, пэжымрэ захуагъэмрэ я телъхьэ, итхьэщIыкIауэ къабзэ цIыхущ Верусэ. Аращ ар зыхэтым къахэзыгъэщыр, къызыхэкIами зыхыхьа лъэпкъми я пщIэ абы къызэрилэжьар, и бын гъэсэкIэр щапхъэу къыщIалъытэр.

Верусэрэ абы и щхьэгъусэ Хъыдзэдж Мухьэмэдрэ пасэу унагъуэ яухуащ. Мухьэмэд и анэр жьы хъуат, унагъуэ къалэнхэр зыхуей хуэзэу хузэфIэхыжыртэкъыми, къригъэшат и къуэм, щIалэр илъэс 22-рэ, хъыджэбзыр илъэс 18 ирикъуа къудейуэ. Опытнэ станцэм пщIэрэ щхьэрэ щызиIэу зы цIыху дэсамэ, Мухьэмэдрэ Верусэрэ етIуанэхэт. Мухьэмэд жыггъэкI-бригадиру, шофёру щытащ, лэжьакIуэжьу къуажэм щыпсэуащ, Лениным и орденыр, «Лэжьыгъэм и ветеран» цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщащ. Абыхэм пхъуиплI зэдагъуэтащ, ахэр ирагъэджащ, унагъуэу ягъэтIысыжащ, лэжьыгъэ IэнатIэ пэрыту псори мэлажьэ.

         1990 гъэхэр къыщысым, къэралыр щылъэлъэжым, Мухьэмэдрэ Верусэрэ хьэрычэт Iуэхум хыхьащ. Зи напэ емыплъу зы лъэбакъуэ зымыча зэлIзэфызым яхузэфIэкIащ жаIа псалъэм трагъуэтэжу, IуэхукIэ къабгъэдыхьэм я фIыцIэ фIэкIа жрамыгъэIэу лэжьэн. 1995 гъэм къыщыщIэдзауэ 2020 гъэ хъуху сатум и лэжьакIуэу Верусэ щыIащ Прохладнэ къалэм. И IэнатIэм жэуаплыныгъэ пылъу зэрыбгъэдэтым папщIэ, Сатум и лэжьакIуэм и махуэм ирихьэлIэу, абы къыхуагъэфэщащ Прохладнэ къалэм и щIыхь тхылъыр. Я хьэрычэт Iуэхур тэмэму зэтеува иужь, унагъуэр Налшык къэIэпхъуэри абы щыпащащ.

         Зымахуэ Iуэхуншэу щысакъым Мухьэмэдрэ Верусэрэ. Я Iуэху нэхъыщхьэу щытари я бынхэр зыхуей хуэгъэзэнырщ. Абы къыдэкIуэуи хъыджэбзхэм яхуэткIиящ ар. Арыншамэ дауэт?! Хабзэм тету ягъэса бзылъхугъэхэм я адэ-анэм я напэр трамыхыу, нэхъыжьым пщIэ хуащIу, нэхъыщIэр ягъэIущу, зыхуей хуэзэу мэпсэухэр. Верусэ и малъхъэхэращи, тхьэм узэрелъэIунщ, я щыкъу анэм и чэнджэщ щIэдэIуу, и жагъуэ зыкIи зэрамыщIыным хэту апхуэдэхэщ. Унагъуэ хъужахэми, езыхэм я бынхэр яIэжми, гъэсэныгъэ къахэзылъхьа я анэм фIэлIыкIыу, абы и псалъэр тIу зэрамыщIыным хущIэкъуу, илъэсипщI ипэкIэ дунейм ехыжа я адэм и пщIэр яхъумэу мэпсэу Верусэ ипхъухэр.

         ИгъащIэми хъуэхъуу жаIэ «Жьыщхьэ махуэ ухъу!» псалъэ дахэхэр. КупщIэшхуэ яIэщ абыхэм, я мыхьэнэм куууэ егупсысыр мащIэми. УщыщIалэм и деж сыт хуэдэ гугъуехьми упэлъэщынущ, уи жьы хъугъуэращ тыншыгъуи, гулъыти, зэхэщIыкIи нэхъыбэу къыщыплъыхъуэр. АтIэ мис а псор щызу зыIэрыхьэ анэщ, анэшхуэщ Верусэ, жьыщхьэ махуэ хъуауэ жыпIэми ущымыуэну.

ИСТЭПАН Залинэ.

Поделиться: