Лъэпкъым и дыщэ пхъуантэ

НыбжьэгъуфIым, зэгуэр щIэгъэкъуэн нэс къыпхуэхъуа цIыху щыпкъэм и гугъу пщIыну сытым и дежи гуапэщ. ЗэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ущытепсэлъыхьми, гуп ухэсу гуапэу и цIэ ипIуэми а зыхужыпIам и гум ар IэфIу къызэринэм шэч хэлъкъым. КъБР-м и цIыхубэ артист, УФ-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил щапхъэ зытриха нэхъыжьыфIу композитор цIэрыIуэ Къардэн Хьэсэн зэрыщытам куэд щыгъуазэщ. Нобэ теддзэ тхыгъэ цIыкIури ДжэбрэIил къиIуэтэжу сэ стхыжыгъат илъэс зыбжанэ ипэкIэ, ди гуапэ зэрыхъунщи, ар Хьэсэн илъагъуну, къеджэну хунэсат. «Лъэпкъым и дыщэ пхъуантэ» ДжэбрэIил зыфIища и IэдакъэщIэкIыр щыхьэт тохъуэ а фIэщыгъэм.

- Искандер Фазиль итхахэм мыпхуэдэу хэтщ: «Уи лъэпкъ генийр хэту щытми къыз­жеIи, узищIысыр бжесIэнщ», - жеIэри. Ди гуапэ зэрыхъунщи, адыгэ лъэпкъым лIы нэс куэд къыхэкIащ. Абыхэм ящыщщ Урысейм и цIыхубэ артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, УФ-ми Къэбэрдей-Балъкъэрми гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Къардэн Хьэсэн, - къызжиIат ХьэIупэ ДжэбрэIил.

Хьэсэн сыщIалэ цIыкIуу япэ дыдэ сыщыхуэзауэ щытар 1962 гъэращ. Япэ уэрэдыр, «Си гъатхэ» зыфIэсщар, зы композитор гуэрым деж схьати, «мыр хъунукъым, мыбыхэм ухэмыт» къызжиIащ. Сэри, сыбзаджэ цIыкIуу къыщIэкIынти, абы жиIам тезмыщIыхьу, Хьэсэн ез­гъэдэIуэну мурад сщIащ. Iуэхур зыIутыр жесIэу уэрэдым макъамэ щIэслъхьар щезгъэлъагъум: «Алоу-алыхь, мыр цIыхум зэIэпахыу уэрэд хъунущ», - къызжиIат. Хьэсэн жыхуиIам хуэдэуи хъуащ, уэрэдыр нобэми жаIэ, ауэ Хьэсэн абдежым къызжиIэу сытримыгъэгушхуамэ, сэ композитор сымыхъункIэ хъунут. «Мастэпэри гуауэщ, мастэпэри гуапэщ», - жиIащ адыгэм. Хьэсэн и псалъэ гуа­пэм сэри моуэ дамэ къыст­ригъакIэри, сытхэн щIэздзауэ щытащ. Езы Хьэсэн консерваторием сыкIуэху сригъэ­джащ сэ, композитор IуэхукIэ си япэ егъэджакIуэр аращ икIи абы хуабжьу сропагэ.

Хьэсэн дауэ лъэпкъым зэрыгуэувар, жыпIэрэ укъы­зэ­уп­­щIмэ, си жэуапыр мыращ: гъэтIылъыгъэ жыхуэтIэу уэрэдыпкъ макъамэ нэхъ дахэ дыдэу лъэпкъым иIэхэм ящыщщ Хьэсэн иуса уэрэдхэр. Абы «Пщыхьэщхьэ­хуэкIуэу си деж къыщIы­хьэ» уэрэдым и закъуэ фIэкIа имыусами, си фIэщ хъур­къым игъащIэкIэ лъэпкъым и набдзэу къэмынэну, апхуэдизкIэ макъамэ дахэщ ари. «Анэм и Iэ», «Жаннэ», «Тхьэрыкъуэ пщэху» - дэтхэнэр къыхэбгъэщын. КIэщIу жыпIэмэ, Къардэныр къыщIалъ­хуар уэрэду къыщIэкIынут, ар нэгъэсауэ уэрэдуст.

Дэ ди насыпт Хьэсэнрэ Балэ Мухьэдинрэ хуэдэ егъэ­джакIуэ-ущиякIуэ дызэри­IамкIэ. Абыхэм гъуэгур тхузэIуахым, дэ абы хуиту дри­кIуэурэ нобэм дыкъэсащ. Ар куэд дыдэ и уасэщ, «Нэхъыжь зимыIэм и Iуэхур Iэнкунщ», - жиIащ ПащIэ Бэчмырзэ. Сэ композитор IуэхукIэ гугъу сехьами, езы Хьэсэн, хуэб­гъэфащэ зэрыхъунумкIэ, куэд­кIэ нэхъ гугъу ехьащ. Сыту жыпIэмэ Хьэсэн япэ зыри итакъым, дэ абы дри­гъэджэжащ. Уэрэд тхыныр макъамэкIэ зэфIэкIыркъым, абы гармоние, полифоние, фактурэ жыхуиIэхэр и гъусэщ. Ахэр псори уэрэдым и фащэщ, абыхэм ухуеджауэ щумыщIэм деж гугъущ. Мис абы и лъэныкъуэкIи куэдым дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ Хьэсэн.

Къардэн Хьэсэн уэрэдус къудейтэкъым, симфоние куэд иIэщ абы, лъэпкъым и дыщэ  пхъуантэм далъхьауэ. Камернэ, инструментальнэ, хоровой жыхуэтIэхэр и куэдщ, балет итхащ, сабий уэрэд дахэхэр иIэщ. Хьэсэн и Iэр здынэмыса зыри къигъэнакъым, сыту жыпIэмэ, ар профессиональнэ композиторт. Куэд лъэкIащ, ауэ сэ уэрэдыр хэIэты­кIауэ щIыжысIэр апхуэдэ уэрэдус телъыджэ зэи диIа­гъэнукъыми аращ.

Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дэ къытхэкIар нэсу тхуэгъэлъапIэркъым, дыхуэмейуэ ара­къым, атIэ дунейр апхуэдэу хъуащ. Лъэпкъ бгъэкIуэды­нумэ, къэрал быукIынумэ, япэ дыдэ и щэнхабзэр къутэ, щIалэгъуалэр зэмыджэн егъа­джэ, зэмыплъын егъэплъ. Сэ си закъуэкъым мыр зи гукъеуэр, езы Хьэсэни мыбыхэм куэдрэ тепсэлъыхьу, телевиденэм, радиом я нэтыну ар зыхэтхэм абыхэм я гугъу щищIу щытащ.

Хьэсэн къилэжьа псор си псалъэхэм къысхуимы­гъэтIэсагъэнкIи мэхъу, ауэ «Адыгэ псалъэр» къэзгъэсэбэпу, жысIэну сыхуейт ди музыкантхэми Композиторхэм я союзым хэтхэми къабгъэдэкIыу зи IэдакъэщIэкIхэр ди щэнхабзэм и дыщэ гъэтIылъыгъэ хъуа Хьэсэн зэи зэрытщымыгъупщэнур!

Зыгъэхьэзырар ИСТЭПАН Залинэщ.
Поделиться: