Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УказКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Къэрал къулыкъумрэ унафэщI лэжьакIуэхэр зэзыхъуэкIынухэмрэ япыщIа IуэхухэмкIэ щыIэ комиссэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2015 гъэм щэкIуэгъуэм и 30-м къыдигъэкIа Указ №177-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Къэрал къулыкъумрэ унафэщI лэжьакIуэхэр зэзыхъуэкIынухэмрэ япыщIа IуэхухэмкIэ щыIэ комиссэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и 1этащхьэм 2015 гъэм щэкIуэгъуэм и 30-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Къэрал къулыкъумрэ унафэщI лэжьакIуэхэр зэзыхъуэкIынухэмрэ япыщIа IуэхухэмкIэ щыIэ комиссэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ» къыдигъэкIа Указ №177-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн: а) Комиссэм хэгъэхьэн Васильченкэ Д. А.- Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэм и аппаратым Къэбэрдей-Балъкъэр РеспубликэмкIэ и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэр (зэрызэгурыIуам тету); б) Комиссэм хэгъэкIын Мэкъуауэ Т. Э. 2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык къалэ 2024 гъэм гъатхэпэм и 15-м № 13-УГ
Поделиться:
Читать также:
27.04.2024 - 15:09 →
«Репатриант»-кIэ узэджэ хъунур хэт?
27.04.2024 - 09:58 →
Урысейм и парламентаризмэм и махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
25.04.2024 - 12:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
15.04.2024 - 14:48 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
30.03.2024 - 14:16 →
Къыхэзэгъэну пIэрэ?
|