Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Сыринэ» япэ щIалэгъуалэ театрыр Къэрэшей-Шэрджэсым и Хьэбэз районым иджыблагъэ щыIащ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, гупыр гъэ блэкIам и щэкIуэгъуэм «Театральная завалинкэ» зыфIаща зэпеуэу Москва областым щекIуэкIам хэтащ, ехъулIэныгъэ щызыIэригъэхьауи къэкIуэжащ.
Адэ-анэхэм ящыщ зыбжанэ гуп цIыкIум и гъусэу къуэш республикэм дызэрыщыIар къризгъэлъэгъуэжу къестхэкIыжынщи, КъШР-м хыхьэ Хьэбэз къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм гъунэгъу дыщыхуэхъум, а IуэхущIапIэр зи хэщIапIэ «Ридадэ» инструментальнэ ансамблым хэтхэм драгъэблэгъащ.
Зи гугъу тщIа ансамблым и унафэщI Жумай Алик зыхэтхэм къахэкIри, хъуэхъу псалъэкIэ зыкъытхуигъэзащ:
- Фи къакIуэ фIы ухъу! Дэ, республикитIым щыщ адыгэхэр, дызэкъуэш-дызэшыпхъущ, абы къыхэкIыуи дызэрыцIыхуни дызэрыIыгъыни хуейщ, къытщIэхъуэ щIэблэр хабзэр, бзэр ящымыгъупщэу къэхъун папщIэ. Фыкъеблагъэ!
Къэрэшей-Шэрджэсым «Сыринэр» кIуэныр зи жэрдэмыр район администрацэм и унафэщI Жу Тимуррэ Хьэбэз къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и егъэджакIуэ-гъэсакIуэ Шэрджэс Расиятрэщ.
Спектаклыр щекIуэкIыну пэшышхуэм сабийхэри, балигъхэри, егъэджакIуэхэри щIэмыхуэжу щызэхуэсат. Езы Хьэбэз къуажэм нэмыщI, абыхэм я нэхъыбэр районым хыхьэ адрей жылэхэм дэт курыт школхэм щеджэхэрат.
Нэжэгужагъэр зи нэгум къищ ныбжьыщIэ цIыкIухэр анэдэлъхубзэкIэ хуиту зэрызэпсалъэр гур хэзыгъахъуэт. Ахэр щыст щыму, бадзэ щызелъатэмэ зэхэпхыну, пэплъэрт гъунэгъу республикэм къахуикIа ныбжьыщIэхэр утыку къыщихьэ-нум. ЩIэдзэгъуэр къыщыблагъэм, Шэрджэс Расият пэшым щызэхуэсахэм захуигъэзащ:
- Иджы фи телефонхэр евгъэтIылъэкIи, щэху цIыкIуу адэкIи фыщыс. Мыр театрщи, утыку къихьэнухэм жаIэр хуиту зэхэфхын хуейщ. Ахэри, фэ фхуэдэ еджакIуэ ныбжьыщIэхэщ.
ЖыпIэнур арамэ, «Сыринэм» хэт артист ныбжьыщIэхэм екIурэ-ещхьу зыкъагъэлъэгъуащ. Спектаклыр зэрекIуэкIа дакъикъэ 40-м къриубыдэу, пэшым щIэсахэм Iэуэлъауэ езыгъэщIа зы цIыху яхэмытами ярейщ. Теплъэгъуэр иуха нэужь, пэшым щIэсхэр псори къызэфIэуват, зыкъэзыгъэлъэгъуахэм Iэгуауэ ин хуаIэту.
Район администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Хутэ Заур Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа сабийхэми балигъхэми хъуэхъу псалъэкIэ зыкъытхуигъэзащ, «Сыринэм» и зыкъэгъэлъэгъуэкIэм хьэщыкъ зэращIар къыхигъэщу:
- Администрацэм и унафэщI Жу Тимуррэ сэрэ къыдбгъэдэкIыу дыновохъуэхъу! ХьэщIэхэм фи къакIуэр Тхьэм псоми тхуэфIын ищI! НыбжьыщIэхэм я зыкъэгъэлъэгъуэкIэ куэд си нэгу щIэкIами, мыпхуэдэ утыку итыкIэ зэпэщ иджыри къэс срихьэлIауэ къысхуэщIэжыркъым! Тхьэм фригъэфIакIуэ! Нобэ мыбы фыкъызэрыкIуам нэхъ гугъуехь къывимыткIэ! Си фIэщ мэхъу мы пэшым щызэхуэса хэгъэрей ныбжьыщIэхэми фи зыкъэгъэлъэгъуэкIэр ягу ирихьауэ, дерс къыхахынуи согугъэ. Мыпхуэдэ Iуэхухэр щIызэхэтшэжри дэ езыр дызыхуэлажьэри хабзэмрэ бзэмрщи, ар зэхэзыщIыкIын ныбжъыщIэ фыхъуну Тхьэм къыщIигъэкI! Дызэкъуэтмэ дылъэщщи, зым адрейм зыщIигъакъуэу псэун лъэпкъ адэкIи Тхьэм дищI! - жиIащ Хутэм.
Шэрджэс Расияти хъуэхъу псалъэкIэ зыкъытхуигъэзащ:
- Нобэ мыбдежым щызэрихьэлIахэм фIыщIэ ин фхузощI! Хутэ Заури зэрыжиIауэ, ауэ сытми фыщызэрихьэлIа къудей мыхъуу, къыщекIуэкIам дерс гуэр къыхэфхыну, ди бзэр, ди хабзэр зымыгъэкIуэдыжу зезыхьэн фыхъуну сыфхуохъуахъуэ! А хьэл-щэн дахэхэр къыфхалъхьэнымкIэ лъэкI къэзымыгъанэ ди егъэджакIуэхэми фIыщIэшхуэ яхузощI. ДызэдэIэпыкъумэ дылъэщщ. Закъуэ къарукIэ зыри зэфIэха хъунукъыми, сабийхэм папщIэ етхьэжьэ Iуэхухэр зэдэтщIэмэ, ехъулIэныгъэ диIэ-нущ. ФIыщIэ лей яхуэсщIыну сыхуейщ мыпхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэткIэ къытхуэупса, «Сыринэ» театрыр Къэбэрдейм нэс къытхуизыша, гупым и унафэщI Гугъуэтыж Ахьмэдрэ режиссёр Къанкъул Ислъамрэ, сабийхэр хэкупсэу, анэдэлъхубзэр, хабзэр ящIэу зэрывгъасэм папщIэ. Фи мурадхэр адэкIи Тхьэм къывигъэхъулIэ!
Шэрджэс Расият и псалъэхэм къызэрыхигъэщауэ, езыр щылажьэ курыт еджапIэм «Этнос класс» зыфIищу къыщызэригъэпэща и гупжьейм къришалIэ сабийхэми анэдэлъхубзэр, хабзэр зэрыригъэщIэным лъэкI къимыгъанэу яужь итщ. И дерсхэм къызэригъакIуэр щыгъын хэха ящыгъыущ: пщащэ цIыкIухэр, адыгэ фащэм ебгъэщхьыну, уагъэ зытет бостей кIыхь зэкIужкIэ зэщыхуэпыкIауэ, щIалэ цIыкIухэм адыгэ джанэ екIухэр къащылыдыкIыу.
Спектаклыр иуха нэужь, пэшым щIэсахэм я лъэIукIэ, «Сыринэм» хэт артист ныбжъыщIэхэм я гъусэу фэеплъ сурэтхэр зытрагъэхащ.
Абы кIэлъыкIуэу Шэрджэс Расиятрэ Унэгъэс Зэмрэтрэ хьэщIэхэр нэгузыужьакIуэ драшэжьащ. Хьэбэз къуажэм дэт музейм, ди адыгэхэм пасэ зэманым зэрахьэу щыта, иджы къамыгъэсэбэпыж хьэпшыпхэр щахъумэм, драшэлIащ.
Музейм щахъумэ хьэпшыпхэм якIэлъыплъ икIи ахэр зыхуей хуэзыгъазэ Хутэ Аслъэнрэ Иуан Нурийрэ гупсэхуу къытхутепсэлъыхьащ адыгэхэм нэхъапэм яIэу щыта джэгукIэхэм. Хутэ Аслъэн ди сабийхэм къригъэлъэгъуащ чын ву джэгукIэр, «мис мыпхуэдэущ дыщыцIыкIум дызэрыджэгуу щытар», - жиIэурэ. ДжэгукIэр «Сыринэм» хэт щIалэ цIыкIухэм гъэщIэгъуэн зэращыхъуар щилъагъум, езы Аслъэни яхэту, ар дыдэмкIэ сабийхэр игъэджэгуащ.
Музейм дыкъыдэкIыжа нэужь, «Черкес» зи фIэщыгъэ шхапIэ зыкъизыхым дашэри ерыскъы гурыхьхэр къыщытхуаIэтащ. ПщыхьэщхьэхуегъэзэкIыу гупыр гъуэгу дыкъытехьэжащ.
«Сыринэ» театрым и лэжьыгъэм адэкIи пищэнущ. УсакIуэ, драматург, «Горянкэ» газетэм и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ «МафIэгу» зыфIища и тхыгъэм къытращIыкIа спектаклыр мэлыжьыхьым ягъэлъэгъуэну ягъэхьэзыр.
КЪАНКЪУЛ Раисэ.