ПщIэрэ щIыхьрэ зиIа цIыху

РСФСР-м щэнхабзэмкIэ щыхь зиIэ и лэжьакIуэ, СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Адыгэ Республикэм и усакIуэ, тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Жанэ Къырымызэ къызэралъхурэ гъатхэпэм и 7-м илъэси 105-рэ ирикъуащ. 
Адыгэ Республикэм и Теучэж районым (иджы Тохъутэмыкъуей) хыхьэ АфIыпсыпэ къуажэм 1919 гъэм гъатхэпэм и 7-м къыщалъхуащ Жанэ Къырымызэ Хьэжмусэ и къуэр. Ар хабзэрэ нэмысрэ зэрылъ къызэрыгуэкI адыгэ унагъуэм къыщыхъуащ. 
ЩIалэм далъагъу Iэдэбагъымрэ нэмысымрэ ямыгъэщIэгъуэн ялъэкIыртэкъым. Къырымызэ пасэу дахьэхат нэхъыжьхэм къаIуэтэж тхыдэ хъыбарыжьхэм, таурыхъхэм, пасэрей уэрэдыжьхэм. 1935 гъэм къуажэ курыт еджапIэр ехъулIэныгъэкIэ къиухри, Мейкъуапэ дэта къэрал педучилищэм щIэтIысхьащ. ЕджапIэ нэхъыщхьэм щыщIэса илъэсхэм щыщIэдзауэ абы и тхыгъэхэр газетхэмрэ журналхэмрэ къытехуэ хъуащ. И ныбжьэгъу Андырхъуей Хъусен и гъусэу 1936 гъэм ар хыхьащ еджапIэм къыщызэрагъэпэща литературэ гупжьейм. А зэманырщ абы усыгъэм и щэхухэм зыщыщигъэгъуэзар. 1938 гъэм Къырымызэ щIэтIысхьащ Краснодар щыIэ пединститутым. Зэреджэм хуэдэурэ, щылэжьащ «За Сталинский урожай» газетым. 
ЩIалэм ныбжьыщIэхэр иригъэджэным, тхэным ехьэлIа и мурадхэр зригъэхъулIэну  хунэмысу Хэку зауэшхуэр къэхъеящ. А зэманым Къырымызэм Совет армэм къулыкъу щищIэрт. Сталинград щыIэ танк училищэр къиуха нэужь, тхакIуэм къалэмри Iэщэри зэдиIыгъыу фронтым Iухьащ, Хэкур бийм щыхъумэным и къару ирихьэлIэну. Ипщэ-КъухьэпIэ фронтым 1942 гъэм щекIуэкIа зэхэуэм лейтенант ныбжьыщIэр уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ икIи зэуапIэр къибгынэн хуей хъуащ. 1943-1944 гъэхэм абы курсант-танкистхэр фронтым зэрыIухьэным Омск щыхуигъэхьэзыращ. 
Адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа, абы зезыгъэужьа Къырымызэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ Хэку зауэшхуэм, ТекIуэныгъэ Иным теухуа усэхэмрэ Iуэтэжхэмрэ. Зауэм лIыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу зэрыхэтам папщIэ абы дамыгъэ лъапIэхэр - орденхэмрэ медалхэмрэ - къыхуагъэфэщащ. 
Хэку зауэшхуэ нэужьым Адыгэ Республикэм къэкIуэжащ тхакIуэр. 1944 гъэм щыщIэдзауэ 1959 гъэ пщIондэ ар лэжьащ «Социалистическэ Адыгей» газетым и къудамэм и унафэщIу. 1957 гъэм абы къиухыжащ Адыгэ къэрал пединститутым и филологие факультетым урысыбзэмрэ урыс литературэмкIэ и къудамэр. ИужькIэ Къырымызэ щеджащ СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и литературэ курс нэхъыщхьэу Горькэм и цIэр зезыхьэ Литературэ институтым щыIэм. 1959-1973 гъэхэм ар Адыгэ облисполкомым телевиденэмрэ радиомкIэ и комитетым и унафэщIу щытащ, депутату хахащ. РСФСР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм Адыгэ Республикэм щиIэ щIыналъэ къудамэм жэуап зыхь и секретару Къырымызэ лэжьащ 1983 гъэ пщIондэ икIи а лъэхъэнэм ар хагъэхьащ РСФСР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм. 
Жанэ Къырымызэ и тхыгъэхэр цIыхухэм зэIэпах, газетхэмрэ журналхэмрэ къытехуэ хъуащ. И усэхэр щызэхуэхьэса тхылъ щэщIым щIигъу адыгэбзэкIи урысыбзэкIи къыдигъэкIащ. Абыхэм гупсысэ куу, Iущагъ нэс ящIэлъщ. Апхуэдэхэщ урысыбзэкIи адыгэбзэкIи къыдэкIа «Стихи» («Стихых», 1945), «Наши дни» («Тимафэхэр», 1951), «Наша земля» («ТичIыгу», 1953), «Песни сердца» (I957), «Ответ» («Джэуап», 1963), «Твои глаза» («О унитIу», 1967), «У адыгов обычай такой» (1974), «Песня о руках» (1979) усэ тхылъхэр, Совет Союзым и ЛIыхъужь, адыгэ зауэлI-усакIуэм теухуа «Хусен Андрухаев» документальнэ повестыр (1970), Iуэтэжхэр щызэхуэхьэса «Две матери» («НитIу акъу»), «Памятник у дороги» («Гъогубгъум Iут саугъэтыр», 1971), «Мои аульчане» (1980) тхылъхэр, нэгъуэщIхэри. Къырымызэ и къалэмыпэм къыщIэкIащ сабийхэм яхуэгъэза «Друзья и подружки» (I958), «Первый цветок» («Апэре къэгъагъ», 1963), «Почему» («Сыд пае», I968) тхылъхэр. Ахэр ермэлыбзэкIи, болгарыбзэкIи, хьэрыпыбзэкIи, нэгъуэщIыбзэхэмкIи зэрадзэкIащ. Къырымызэ и усэхэр урысыбзэм ирагъэзэгъащ усакIуэхэу Киселёв Викторрэ Заславский Виталийрэ. Абы и усэ куэдым макъамэхэр щIалъхьэри уэрэд хъуауэ нобэр къыздэсым ягъэзащIэ. Апхуэдэхэщ Тхьэбысым Умар макъамэ зыщIилъхьауэ «Милая мама моя», «Твои глаза», «У адыгов обычай такой» уэрэдхэр. КъищынэмыщIауэ, Къырымызэ адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ урыс литературэм и классикхэу Крылов Иван, Пушкин Александр, Чехов Антон сымэ, нэгъуэщIхэми я тхыгъэ купщIафIэхэр. 
Жанэ Къырымызэ пщIэрэ щытхъурэ зиIэ, цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа усакIуэ цIэрыIуэщ. Абы и усэхэр Хэкум, мамырыгъэм, зэныбжьэгъугъэм, цIыхугъэм, цIыхухэм я псэукIэм триухуащ. Аращ абыхэм куэдым зыщIыхуагъазэр, щIызыIэпахыр. I983 гъэм мэкъуауэгъуэм и I0-м дунейм ехыжа, зи IэдакъэщIэкIхэм нобэр къыздэсым щIэупщIэ иIэ Къырымызэ и гъащIэр и щапхъэщ усакIуэ, тхакIуэ насыпыфIэм. 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: