Къуажэ уэрамхэр зыхуей хуагъазэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Тэрч щIыналъэм щыщ Дей, Акъбащ Ипщэ, Терекскэ жылэхэр зэпызыщIэ автомобиль гъуэгур мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Ар хагъэхьащ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм. 
Иджыпсту лэжьыгъэхэр щокIуэкI Терекскэ (Болэтей) и къуажэкум. Мыбдеж щызэрагъэпэщыж километр 1,3-рэ зи кIыхьагъ, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамыр. Абы къедзылIащ цIыхухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ ухуэныгъэу жылэм дэт зыбжанэ – курыт еджапIэр, сабий садыр, къуажэ администрацэм и унэр, ЩэнхабзэмкIэ унэр, амбулаторэр, нэгъуэщIхэри. 
Гъуэгу лэжьыгъэм хыхьэу иджыпсту асфальтыжьыр тратхъунщIыкI, иужькIэ щIэ тралъхьэжынущ, ибгъухэр мывэхэмкIэ кърагъэбыдэкIынущ, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр къыхагъэщынущ, гъуэгу дамыгъэхэр ягъэувынущ, автобус къэувыIэпIэхэр зэрахъуэкIынущ.
Лэжьыгъэхэр мы гъэмахуэм зэфIагъэкIынущ.
БОРЭ Борис.
Поделиться: