«Адыгэжьхэр щыстхкIэ, сщохъу лъэхъэнэ жыжьэхэм сахьыж…»

«ЗэбгъащIэр IэщIагъэщи, умыщIэр IэщIыбщ», жи адыгэм. Мы псалъэхэр нобэрей гъащIэм зэрекIум шэч къытетхьэну дыпылъмэ, ар къытхуэзыгъэнам пщIэ хуэдмыщIу къокI. Хъарзынэ хъунт щIэныгъэм и къэухьым хэхауэ мардэрэ щапхъэрэ щIимыIэр зэгуэр зыгуэрым къыдгуригъэIуэфамэ…

Уеджэныр, уи щIэныгъэм хэбгъэхъуэныр фIы дыдэщ. Аракъэ-тIэ жылагъуэм ифI ирызепхуэну IэнатIэкIэ укъызэзыгъэпэщыр, уи щIакхъуэ Iыхьэ къозыгъэлэжьыр.

Апхуэдэ дуней тетыкIэм и зы щапхъэщ Куэбл Артур Алий и къуэр. Мы щIалэм гъуазджэр и IэщIагъэ нэхъыщхьэкъым, ауэ и зэфIэкIкIэ ар сурэтыщIу къыщIумылъытэн щхьэусыгъуи щыIэкъым.

 Куэбл Артур илъэс 40 и ныбжьщ, Хъумэрэ къуажэм щыщщ. Ар щеджащ Черкесск пщафIэхэр, туризмэмрэ сервисымкIэ IэщIагъэлIхэр щагъэхьэзыр и колледжым.

Иджыри еджапIэм щыщIэсым тхэн езыгъэжьа Артур, и нэгу къыщIигъэхьэрт адыгэм и блэкIа жыжьэм узыхь теплъэгъуэхэр. Дзэм къулыкъу щищIэу щыщыIэм я унагъуэм къитх письмохэм тхылъымпIэ къуапэм Iэмал имыIэу трищIыхьырт и гущIэм щигъафIэ теплъэгъуэ гъэщIэгъуэнхэр.

«КъыфIэнамэ си нэм сурэт гуэр, ирехъу ар тхыдэ кинохэм е уэрамым деж къыщыслъэгъуауэ, унэм сызэрынэсыжу стхын изогъажьэ. Къэрэндащыр зэрыщIэкIым хуэдэу макIуэ», - жиIащ Куэбл Артур къигъэщI теплъэгъуэхэр къыздрихым теухуауэ.

Зэрыгумызагъэм къыхэкIыу, и фIэщу жеIэ итхыу хъуар игу зэрыримыхьыр, IэпэIэсэхэм зэрызахимыбжэр. Ауэ къыгурымыIуэу къанэркъым и IэдакъэщIэкIхэмкIэ къихьэхухэм я бжыгъэм къызэрыхэхъуэр, гулъытэ къызэрыхуащIыр.

Куэблыр и лэжьыгъэхэмкIэ ядогуашэ Телеграмым къыщызэIуиха каналым зыкъыпызыщIахэм. ЯпэщIыкIэ, Инстаграмым щигъэлажьэу щыта напэкIуэцIрат къыздрилъхьэу щытар адыгэм и лIыхъужьхэр, абыхэм я щыIэкIэ-псэукIэмрэ я шыфэлIыфэмрэ къэзыгъэлъагъуэ сурэт гухэхъуэхэр.

Артур и лэжьыгъэм къызэрыдэхуэу е и дэсыгъуэ махуэхэр къызэрысу, тхылъхэр Iэдэж ещI. Зэджэнуи къищтэр ди лъэпкъым и щхьэм кърикIуа мыгъуагъэхэм ятеухуауэ адыгэ тхакIуэхэм къыдагъэкIахэращ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Куэблым шэч къытрихьэркъым, МэшбащIэ Исхьэкъ и «Жернова», Мэлбахъуэ Елбэрд и «Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгур шынагъуэщ» тхыдэ романхэмкIэ фильм бэлыхь зэрытепхыфынум.

Ди лъэпкъым и тхыдэжьым теухуа кинохэмрэ тхылъхэмрэ зыщигъэгъуэза нэужьщ Артур адыгэ зауэлIхэр итхыну щеувалIэр. Арауи егъэув лIэщIыгъуэ зэхуэмыдэхэм халъхуа лIыхъужьхэм я сэфэтыр дахэу тхылъымпIэм деж къыщIигъэлъэгъуэфри. Езым къызэрилъытэмкIэ, сурэтыр къехъулIэн-къемыхъулIэныр куэдкIэ елъытащ игурэ и щхьэрэ зэтелъу, зыри зэран къыхуэмыхъуу зэрылажьэм.

Куэбл Артур иужьрей зэманым ищIыну фIэфIщ сабий нэхъыщIэхэм яцIэлэж хъуну теплъэгъуэхэр. УмыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым ахэр совет зэманым цIэрыIуэу щыта мультфильмхэм къыхихыурэ, адыгэ фащэкIэ зэрихуапэр.

«ЦIыкIухэм хуэмурэ язогъащIэ ди лъэпкъым щыгъыну зэрихьэр. Мыбы ипэIуэ, мультфильмхэм хэт Iэджи яхуэстхащ си быным, ауэ мызыгъуэгум яхуэзгъэхьэзырам адыгэ фащэр щыстIэгъащи, гъэщIэгъуэн ящыхъуауэ къызоупщI цейр зэралэн хуей плъыфэхэм теухуауэ.

Гур егъэуз адыгэр зэбгрыдзауэ зэрыпсэум. Хуабжьу гукъутэщ уи лъэпкъым и нэхъыбапIэр хамэщI исурэ нэгъуэщIхэм яхэшыпсыхьыжынкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр. Мис а дызэрыхуа щытыкIэр зэзгъэзэхуэн щыщIэздзэкIэ, адыгэм зрихъумэжу дапщэщи иIа Iэщэ-фащэхэр, къуэш пэлъытэу нобэр къыздэсым къыдэгъуэгурыкIуэ шыр, хьэ парийр, ди бзылъхугъэхэм я Iэдэбагъыр, дядэжьхэм я утыку ихьэкIэ-итыкIэ нэсыр зыхуэдэр си нэгу къыщIоувэри, сымытхэу хъуркъым. Адыгэжьхэр щыстхкIэ, сщохъу лъэхъэнэ жыжьэхэм сахьыж…» - сурэтыщIым и лэжьыгъэр зэригъэпс щIыкIэм дыщегъэгъуазэ.

Куэбл Артур пщэфIэным хуеджа щхьэкIэ, а IэщIагъэм зэи ирилэжьакъым. Нобэ ар Черкесск къалэм дэт кондитер фабрикэхэм ящыщ зым и хъумакIуэщ. А IуэхущIапIэм Iутхэри, абы IуэхукIэ къекIуалIэхэри щызэбгрыкIыжыр пщыхьэщхьэращи, сурэт итхыну зэман щигъуэтыр жэщкIэщ.

Къэрэшей-Шэрджэсым Куэбл Артур сурэтыщI гъуэзэджэу зэриIэм лъэпкъыр ирогушхуэ. Ар и къалэмым и псэр хилъхьэу матхэри, итхамкIэ ди гупсысэр куэдым хуегъажэ, и дэтхэнэрей лIыхъужьми ди гур етхьэкъу.

ЛЫХЬ Тимур.
Поделиться: