Календарь событий

26 июня 2019

Дунейм щыхъыбархэр

Баллищэ къэзыхьахэм къахохъуэ

УФ-м и курыт еджапIэхэм щекIуэкI къэрал къэпщытэныгъэхэр и кIэм нэблэгъащ. Мы гъэм ЕГЭ-р накъыгъэм и 27-м къыщыщIэдзауэ бадзэуэгъуэм и 1-хэм къриубыдэнущ.

Псыр ярикъуу ягъуэтын папщIэ

 Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим иригъэкIуэкIащ и къуэдзэхэмрэ IуэхущIапIэм и къудамэхэм я унафэщIхэмрэ зыхэт ЗэзыгъэуIу советым и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ къалэм псы къыщIэшыпIэу  иджыри щы щыухуэным, апхуэдэу щIыпIэм псыщIэгъэлъадэр къанэ щымыIэу щызэфIэгъэувэжыным егъэщIылIауэ зэфIагъэкIыпхъэхэм.
 

Зэи ящымыгъупщэну махуэщ

Прохладнэ районым и полицейхэр хэтащ «Фэеплъ шэху уэздыгъэ» урысейпсо Iуэхум.

ГъащIэ мардэ

Гъуэгуанэ купщIафIэ къикIуащ Щоджэн Iэс­хьэд. Адыгей автоном областым хыхьэ Тэучэж ­куейм и Едэпсыкъуей жылэм къыщалъхуа щIалэм и сабиигъуэр ирихьэлIащ зауэ нэужь лъэхъэнэ хьэлъэм. А зэманым пыщIауэ щыта гугъуехь псори игъэващ Iэсхьэд, ауэ абыхэм ар иращIыкIакъым, атIэ гъащIэм хуеIэ, ар езыгъэфIэкIуэну щIэхъуэпс цIыху къыхащIыкIащ.

Адыгэхэм ящыщу япэу академик хъуа Щоджэн Iэсхьэд

Лъэпкъ щIэныгъэлI пажэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием (РАН) адыгэхэм ящыщу япэу хагъэхьа, Адыгэ Республикэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу япэу биологие щIэныгъэхэм я доктор хъуа, профессор, Урысей Федерацэм, Кубаным, АР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Щоджэн Iэсхьэд Хьэзрэт и къуэр ящыщщ зи зэфIэкI лъагэмрэ щIэныгъэ куумрэ мэкъумэш щIэ­ныгъэм и зыужьыныгъэм тыхь хуэ­зыщIахэм.

Дрогушхуэ икIи дропагэ

РАН-м, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, Мэкъумэш ЩIэныгъэ­хэмкIэ Урысей Академием я академик, биологие щIэ­ныгъэхэм я доктор, профессор цIэрыIуэ Щоджэн Iэс­хьэд хуэдэу щIэныгъэ лэ­жьыгъэ купщIафIэ куэд зи къалэмыпэм къыпыкIа цIыху адыгэхэм къытхэмы­кIами ярейщ. И гъащIэм къриубыдэу ар здынэсыфа лъа­гапIэхэм, зыIэри­гъэ­хьа ­ехъулIэныгъэхэм хуэдэ яху­зэфIэкIакъым Урысейм и зы биологми, физиологми, мэкъумэш IэщIагъэлIми.

МЫСЫР ШЭРДЖЭС ПАЩТЫХЬХЭР

Барысбий 1438 гъэм мэкъуауэгъуэм и 7-м емынэм ихьащ. Абы иужькIэ екIуэкIа илъэс 30-м бжьыпэр яIыгъащ адыгэ Iэтащхьэхэу Исуф, Джэкъмакъ, Инал ЕтIуанэм, Хъущкъуэдэм, Былбей сымэ...

КъэщIэрэщIэжыныгъэм и гъуэгукIэ

Трубицин Сергей тренер нэхъыщхьэу зэрагъэуврэ дэкIа илъэсым «Спартак-Налшыкым» зэхъуэкIыныгъэфIхэр къыщыхъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуа, Совет Союзым футболымкIэ и япэ, етIуанэ лигэхэм ди командэм хэту 1979 - 1991 гъэхэм зэIущIэ 400-м щIигъу щезыгъэкIуэкIа IэщIагъэлI гумызагъэм гурэ псэкIэ зыхищIащ гупыр зыхуейр, абы и зыужьыныгъэр зэлъытар.