Календарь событий

19 июня 2019

Губгъуэжыхапхъэр гъэкIуэдыным теухуауэ

КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш политикэмкIэ, щIыуэпсыр хъумэнымрэ ар къэгъэсэбэпынымкIэ, щIы IуэхухэмкIэ и комитетым иригъэкIуэкIа зэIущIэм къыщызэщIакъуэжащ республикэм и мэкъумэш IэнатIэм 2018 гъэм къилэжьамрэ гъатхэ псыщIэгъэлъадэхэр зэрырагъэкIуэкIамрэ.

ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

Урысейм и цIыхуу къалъытэну къыщIэлъэIухэр нэхъыбэ мэхъу

Украинэм и цIыхухэу Кърым Республикэмрэ Севастополь къалэмрэ къыщалъхуахэу хытIыгуныкъуэм 2014 гъэм и гъатхэпэм и пэ къихуэу къиIэпхъукIа цIыхуищэм щIигъу къыщIэлъэIуащ Урысейм и цIыхуу зыкърагъэлъытэну. Апхуэдэ хъыбар къитащ УФ-м и МВД-м и пресс-IуэхущIапIэм.

Бахъсэн щIыналъэ Япэ игъэщыпхъэхэр

ЩIыпIэ самоуправленэмкIэ советым и 30-нэ сессием и лэжьыгъэм хэтащ щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур, районым и прокурор Башорэ Аслъэн, КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрым и къуэдзэ Къанэмэт Рустам, депутатхэр, нэгъуэщIхэри.

Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр къызэрагъэпэщ

КъБР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ, министерствэм, балигъ мыхъуахэр кIэлъыплъыныгъэншэу къэмынэным, хабзэр къыщызэпауд къэмыгъэхъуным кIэлъыплъ IэнатIэхэм ящIыгъуу, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэхэм илъэс ещанэ хъуауэ къыщызэрегъэпэщ я учётым щыт, зыхуей хуэмызэ ныбжьыщIэхэм загъэпсэхуныр. Къапщтэмэ, «Лидер» зыфIаща сменэм нэгъабэ щыIащ республикэм и район зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ сабий 70.

Ди лэжьэгъур дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэщ

Республикэ телевиденэм и лэжьакIуэ нэхъыжьхэм ящыщ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист БжэныкIэ Мухьэб ипхъу Ервас (БжэныкIэ) Анисэт сымаджэ хьэлъэ хъуащ.

Шыгъэлыгъуэ Мерал и усэхэр

Ди газетеджэхэм фIыуэ яцIыхун хуейщ нэхъ пасэу тхыгъэ зыбжанэ зыхуэдгъэфэща, «ЛIэщIыгъуэ телъы­джэ» тырку киносериалыр зи IэдакъэщIэкI, а къэралым щыпсэуа адыгэ ­актрисэ, сценарист Шыгъэлыгъуэ Мерал.

Адыгэ (къэбэрдей) дзэпщхэр

Курыт лIэщIыгъуэхэм къыщыщIэдзауэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуауэ щытащ адыгэхэм я шуудзэр. Урыс офицер Торнау Фёдор (лъэпкъ-кIэ нэмыцэщ) 1864 гъэм итхыгъащ: «Венгрхэм я шуудзэм пэхъун щымыIэущ иджыри къэс зэралъытэр, адыгэ шуудзэр абы куэдкIэ йофIэкI.

Iулъхьэ хьэмэрэ тегъэгушхуэныгъэ?

Зым и дежкIи щэхукъым – дунейр зэтезыIыгъэхэм ящыщ зыщ Iулъхьэ тын-къеIыхыныр. ГъащIэм и дэнэ щIыпIи абы ущрохьэлIэ, арщхьэкIэ зэрыщыIэр ябзыщIмэ псоми нэхъ къащтэ. Iулъхьэм зэщIиIулIахэм ящыщщ спортри, ауэ ар къэпхутэну хуабжьу гугъущ, куэд дыдэр хуэIэижь хъуащи. Апхуэдэу щыт пэтми, «Спартак-Налшыкыр» зыхэт Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым хабзэм къемызэгъ щызылэжьахэр къыщыщIагъэщащ.