Дрогушхуэ икIи дропагэ

РАН-м, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, Мэкъумэш ЩIэныгъэ­хэмкIэ Урысей Академием я академик, биологие щIэ­ныгъэхэм я доктор, профессор цIэрыIуэ Щоджэн Iэс­хьэд хуэдэу щIэныгъэ лэ­жьыгъэ купщIафIэ куэд зи къалэмыпэм къыпыкIа цIыху адыгэхэм къытхэмы­кIами ярейщ. И гъащIэм къриубыдэу ар здынэсыфа лъа­гапIэхэм, зыIэри­гъэ­хьа ­ехъулIэныгъэхэм хуэдэ яху­зэфIэкIакъым Урысейм и зы биологми, физиологми, мэкъумэш IэщIагъэлIми.
Биологиемрэ агрохимиемрэ зи лъабжьэ и лэжьыгъэхэм я закъуэ том 40-м нос. Абыхэм яхэтщ моног­рафие щхьэхуэу пщIы бжыгъэхэр, УФ-м и студентхэр зэреджэ тхылъ куэд. Къэралым, ди щIыналъэм я тхыдэ пэжыр зэфIэгъэувэжынымкIэ мыхьэнэшхуэ яIащ Iэс­хьэд и тхылъхэу «Адыгэхэм я щIыгу», «Сталин», нэ­гъуэщIхэми. Ап­хуэдэу ар мы­зэ-мытIэу тетхыхьащ лъэпкъ щIэныгъэм и зыу­жьыныгъэм хэлъ­хьэ­ныгъэ хуэзыщI IэщIагъэлI­хэм, щIым хъер нэхъыбэ къи­ты­ным зи зэфIэкIхэр езыхьэлIэ къэхутакIуэхэм.
Дэтхэнэ зы IэщIагъэлIри зыгъэлъапIэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ и Iуэхур адэкIэ зыгъэкIуэтэн щIэблэ игъа­сэмэ. АпхуэдэхэмкIи къулейщ Щоджэныр. Абы и нэIэм щIэту кандидат, доктор диссертацэхэр ягъэхьэ­зыращ, ехъулIэныгъэ яIэу пхагъэкIащ щIэныгъэлI ныб­жьыщIэ куэдым. Ахэр ирогушхуэ я егъэджакIуэ щып­къэм, унэтIакIуэ IэкIуэ­лъакIуэм, гъащIэм, лэжьыгъэм хуаIэ жыджэрагъымкIэ нэхъыжьыфIыр щапхъэ яхуэхъуу.
Iэсхьэд зэчий лъагэ зыбгъэдэлъ, гъащIэм лъэны­къуэ куэдкIэ щыгъуазэ, еш имыщIэу ар зыдж щIэныгъэлI-къэхутакIуэщ. Ар адыгэ лъэпкъыр фIыуэ зы­лъагъу, абы и блэкIам щы­гъуазэ, къэкIуэну дахэм хуэ­лажьэ, иджырей гъащIэр езы­гъэфIакIуэ тхыдэдж Iэ­зэщ. ЖыпIэнурамэ, Що­джэ­ным и фэгъу хэкупсэ куэд щыIэу ди фIэщ хъур­къы­м.
Дэ дрогушхуэ икIи дро­пагэ ди ныбжьэгъу пэж, ди къуэш Щоджэн Iэсхьэд ЩIэ­ны­гъэхэмкIэ Урысей Ака­демием и академик адыгэ­хэм тщыщу япэу зэ­рыхъуам. Тхьэм фIыщIэ худощI апхуэдэ цIыху телъы­джэм, хьэлэмэтым гъащIэм дызэрыщыхуигъэзам папщIэ.
ЩОДЖЭН Аслъэнбэч,
техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ
Академием и академик,

ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд,
ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ
Академием и вице-президент.

Щэхур наIуэ къэзыщI

Iуащхьэмахуэ и щыгу лъэщитIым хуэбгъадэ ­хъунущ профессор Щоджэн Iэсхьэд и къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэхэу «Биогеохимия», «Прунжыр къэгъэкIыным и агрохимиемрэ физиологиемрэ» жыхуиIэхэр. Абыхэм яхуэбгъадэ хъун монографие иджыри къыхэхуакъым дунейпсо щIэныгъэ литературэм. Тхылъхэм къыщыгъэлъэгъуащ къэкIыгъэ щхьэ­хуэхэмрэ дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр, а щэхухэри наIуэ къы­щыщIащ.
 
ЩIэныгъэлIхэр куэд лъандэрэ щыгъуазэщ Менделеевым и таблицэ цIэрыIуэм ит химие элементхэм ящыщ псори къэкIыгъэхэм зэрахэлъым. А Iуэхум куэд лъандэрэ гулъытэ хуащIырт химикхэми, физиологхэми, биохимикхэми, арщхьэкIэ абы теухуауэ щыIэ щIэныгъэр апхуэдизу зэпэщхьэхуэт икIи гъуэтыгъуейти, дэтхэнэ щIэныгъэлIми ар къигъэсэбэпыфыртэкъым. А псори къэлъыхъуэжыныр, джыныр, зэIубз щIыжыныр - ар биохимикхэм куэд лъандэрэ къапэ­щылъ къалэнышхуэт. Абы хунэ­-сащ щIэныгъэлI щэджащэ Щоджэн Iэсхьэд. Абы и къалэмыпэм къыпыкIа «Биогеохимия» монографиер хъуащ а IуэхумкIэ нобэр къыздэсым иримыкъуу щыта щIэныгъэр зыгъэтэмэмыжа лэжьыгъэ ин.
Ижь зэманым псэуа философхэм яIа гупсысэкIэм къыщыщIедзэри, Щоджэныр хуокIуэ химие элементхэр къызэрызэIуаха щIыкIэм. АдэкIэ къэхутакIуэм дыкIэлъегъэплъ химие щIэныгъэр зэрызэтеувамрэ абы къикIуа гъуэгуанэ кIыхьымрэ. Химие элементхэм ящыщ дэтхэнэми щхьэхуэу къытеувыIэурэ, Щоджэным къехь ахэр гуп-гупу зэрыгуэшауэ щIэныгъэ дунейм щызекIуэ бзыпхъэхэм. Апхуэдэу Iэсхьэд къехь абыкIэ езым и Iуэху еплъыкIэ щхьэхуэри, дэтхэнэ элементми и къэхъукIэмрэ щыIэкIэмрэ иубзыхуу. ЩIэныгъэлIым къегъэлъагъуэ химие элементхэм щIыуэпсым, къэкIыгъэхэм, цIыхухэм, псэущхьэ псоми я гъащIэм щаубыд увыпIэхэр. Лэжьыгъэ купщIафIэм и кIэухыу Щоджэныр топсэлъыхь къэкIыгъэхэм я къэхъукIэм, зыужьыкIэм, ахэр зэлъыта Iуэхугъуэхэри гулъытэншэ имыщIу.
«Биогеохимия» тхылъыр хъуащ щIэныгъэ куэд: агрохимиер, щIыгулъыр джыныр, экологиер, физиологиер, биохимиер - зэпызыщIэ къэхутэныгъэ. Що­джэным пищащ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Вернадский В. ирихьэжьауэ щыта къэхутэныгъэхэм. И къалэмыпэм къыпыкIа тхылъри хъуащ биогеохимиемкIэ иджыри къэс щыIа щIэныгъэ псори щызэхуэхьэса щIэнгъуазэ. А монографие цIэрыIуэм папщIэ Щоджэным етIуанэу къратащ щIыхь тхылърэ «Кубаным и щIэныгъэр зэрыгушхуэ» дыщэ медалымрэ.
ЩIэныгъэ дунейм пщIэшхуэ щиIэщ Щоджэным и «Прунжыр къэгъэкIыным и агрохимиемрэ физиологиемрэ» тхылъым. Тхылъым шэщIауэ къыщыгъэлъэгъуащ прунж къэкIыгъэм и тхыдэмрэ абы и хэщIэкIэм епха щхьэхуэныгъэхэмрэ. А къэкIыгъэм ехьэлIауэ илъэс куэдкIэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр лъабжьэ хуищIащ Щоджэным и тхылъым. Прунжыр гъэкIынымкIэ Урысей щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, Щоджэ­ным и къалэмыпэм къыпыкIа лэжьыгъэм хуэдэ а къэкIыгъэм теухуауэ иджыри къэс диIакъым. Абы къа­нэ щымыIэу къыщыгъэлъэгъуащ прунжыр хэ­щIэным, абы къит гъавэм хэгъэхъуэным епха лэжьыгъэ псори. Апхуэдэу прунж лIэужьыгъуэхэр, абыхэм ящыщу дэтхэнэми иIэ щхьэхуэныгъэхэр, зэрелэжьыпхъэхэр, щIыгъэпшэрхэр зэретыпхъэхэр наIуэ къыпщещI тхылъым. Ар хъуащ лъэпкъ щIэныгъэр ипэкIэ зыгъэкIуатэ хэлъхьэныгъэ ин.
IЭЩЫН Юнус,
биологие щIэныгъэхэм я доктор.

«ЩIэныгъэм и олимп» зэпеуэм щытекIуахэм яхэтщ. 2008 гъэ

Поделиться: