ГъащIэ мардэ

Гъуэгуанэ купщIафIэ къикIуащ Щоджэн Iэс­хьэд. Адыгей автоном областым хыхьэ Тэучэж ­куейм и Едэпсыкъуей жылэм къыщалъхуа щIалэм и сабиигъуэр ирихьэлIащ зауэ нэужь лъэхъэнэ хьэлъэм. А зэманым пыщIауэ щыта гугъуехь псори игъэващ Iэсхьэд, ауэ абыхэм ар иращIыкIакъым, атIэ гъащIэм хуеIэ, ар езыгъэфIэкIуэну щIэхъуэпс цIыху къыхащIыкIащ.

1969 гъэм Щоджэным къиухащ я къуажэ дэт курыт школыр икIи куэд дэмыкIыу дзэм ираджащ, Хэкум къулыкъу хуищIэну. ЩIыхь зыпылъ а къалэныр екIуу игъэзэщIа нэужь, абы щалъхуа щIыпIэм къигъэзэжащ икIи Кубань къэрал мэкъумэш университетым щIэтIысхьэри, агроном IэщIагъэм щыхуеджащ. ЩIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ щIалэм адэкIи еджэным пищащ. 1981 гъэм Щоджэныр щIэ­тIысхьащ Прунжыр гъэкIынымкIэ союзпсо щIэ­ныгъэ-къэхутакIуэ институтым и аспирантурэм. Илъэси 4 дэкIри, щIэныгъэлI ныбжьыщIэм ехъу­лIэныгъэкIэ пхигъэкIащ прунжыр гъэкIыным епха и кандидат лэжьыгъэр. Куэд дэмыкIыу абы утыку кърихьащ щытхъушхуэ зыхужаIауэ щыта и доктор диссертацэри.
Бгъэдэлъ щIэныгъэ куум, Iуэху зехьэкIэ пэрытым, хэлъ жыджэрагъышхуэм я фIыгъэкIэ Щоджэным хузэфIэкIащ къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр иригъэ­кIуэкIыну. Ахэр я лъабжьэу щIэныгъэлIым и къалэмыпэм къыпыкIащ тхылъ куэд. Апхуэдэхэщ «Куль­тура риса в Адыгее», «Теория и практика применения микроудобрений в рисоводстве», «Полегание риса», «Альгофлора рисовых полей Кубани», «Удобрения риса», «Диетология риса», «Агрохимия в России», нэгъуэщI куэди. Щоджэным и лэжьыгъэхэм ящыщ дэтхэнэри биогеохимикхэм папщIэ щIэнгъуазэ пэлъытэщ. Щоджэн Iэсхьэд студентхэм папщIэ игъэхьэзыра зэреджэ тхылъхэм фIагъышхуэ ябгъэдэлъщ, ипэкIэ къыдагъэкIауэ щыта апхуэдэхэм йофIэкI я зэхэлъыкIэкIи, ярыт таблицэхэмкIи, сурэтхэмкIи.
Зэчий лъагэ зыбгъэдэлъ щIэныгъэлIым, Прунжыр гъэкIынымкIэ союзпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и унафэщIым и къуэдзэм, Кубань къэрал мэкъумэш университетым и кафедрэм и унафэщIым, хузэфIэкIащ ди къэралым и щIыпIэхэм прунжыр щыгъэкIынымкIэ щыIэ щхьэхуэныгъэхэр къихутэн, а Iуэхур езыгъэфIакIуэ Iэмалхэр иубзыхун.
А лэжьыгъэ купщIафIэхэм къадэкIуэу, Щоджэныр хунос дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным ехьэлIауэ республикэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэми, щIыналъэм и тхыдэм, щIэныгъэм я зыужьыныгъэм епха къэхутэныгъэхэми. Абыхэм ятеухуа тхыгъэ купщIафIэ куэди и къалэмыпэм къыпыкIащ Iэсхьэд.
Щоджэным и щIэныгъэ лэжьыгъи 3-м къэхутэныгъэм и патент къыпэкIуащ. А тхыгъэхэм къызэщIау­быдэ гъащIэм, щIэныгъэм я лъэныкъуэ куэд. Абыхэм яхэтщ къэкIыгъэ щхьэхуэхэм ятеухуахэри, агрохимиемрэ ботаникэмрэ ехьэлIахэри, щIыналъэм и географиемрэ тхыдэмрэ пыщIахэри, цIыху цIэрыIуэхэм я гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэ къыщыгъэлъэгъуахэри.
Къыхэгъэщыпхъэщ Щоджэным и дежкIэ апхуэдиз Iуэхур къалэну, лэжьыгъэу зэрыщымытыр – ар щIэныгъэлIым и дуней тетыкIэщ, и гъащIэ мардэщ, и псэукIэщ.

КАРПАЧЕВСКИЙ Лев,
биологие щIэныгъэхэм я доктор,
 Москва дэт къэрал университетым и профессор.

 

Лъэпкъ  тхыдэм и  щIэнгъуазэ

Жылагъуэм пщIэшхуэ щызиIа, гулъытэшхуэ щы­зы­гъуэта лэжьыгъэхэм ящыщщ 1996 гъэм дунейм къытехьауэ щыта «Адыгэ­хэм я щIыгу» тхы­лъыр. Мыбдежым мэкъу­мэш щIэныгъэлI Щоджэн Iэс­хьэд щыдолъагъу тхы­дэдж IэкIуэлъакIуэу, щалъхуа Хэкум и блэкIам и къэхутакIуэ емызэшу. «Дэт­хэ­нэри и лъэпкъ тхы­дэм щыгъуэзэн хуейщ» гуп­сы­сэрауэ къыпщохъу а тхы­лъым лъабжьэ хуэ­хъуар.­

Кавказ Ищхъэрэм и тхы­дэм теухуауэ щыIэ къэху­тэныгъэ хьэлэмэтхэм яхэуващ «Адыгэхэм я щIыгу» тхы­лъыр. Абы къыщыгъэ­лъэгъуащ ди лъэпкъым пасэ зэманым иIа псэукIар, хъуэп­сапIэхэр, зыпыщIауэ щыта гъунэгъухэр, зэрихьэу щыта хабзэхэр, щэнхабзэр, и IуэрыIуатэ къулейр. Тхы­лъыр куэдым ягу зэрырихьам, щIэх дыдэу цIэрыIуэ зэрыхъуам и щыхьэтщ ар дунейм къызэрытехьэу абы теухуа нэтынхэр, тхыгъэхэр хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зэрыщызэбгрыкIар, тхылъеджэхэм я конференцхэр мы­зэ-мытIэу зэрызэхашар. 2004 гъэм ар етIуанэу къы­дэкIыжа пэтми, ноби гъуэтыгъуейщ. Абы хэлъ хьэлэмэ­тагъ­хэм ящыщщ зэрытха бзэр. Тхылъым и гугъу щы­щIащ адыгэхэм я щIыналъэм и тхыдэм, географием, цIыхуцIэхэмрэ щIыпIэ­цIэхэмрэ я къэхъукIам, анэдэлъхубзэм и зыу­жьыкIэм, лъэпкъым зэрихьэ дин фIэщхъуныгъэм. Ахэр псори гупсысэ куу зыщIэлъ Iуэхугъуэхэщ, арщ­хьэкIэ Щоджэным лъэ­кIащ тхы­лъеджэм и деж ахэр гурыIуэгъуэу, зэхэ­щIыкIыгъуэу нихьэсын. Ауэ щыхъукIи «Адыгэ­хэм я щIыгу» тхы­лъым «зэ Iубыгъуэу» укъе­джэфынукъым - напэкIуэцI 750-рэ хъу а къыдэ­кIыгъуэр адыгэ гъащIэм и щIэнгъуазэ пэлъытэщ. Абы къыхэкIыу тхылъым мызэ-мытIэу къы­тыбогъэзэж, уо­джэж, къибгъуэта Iуэхугъуэ­хэм щIэ­рыщIэу уегупсысыжурэ.
Дэфтэр пэжхэр и лъабжьэщ Щоджэным и тхыдэ лэжьыгъэшхуэм. Абы зэпкъ­рыха щыхъуа Iуэхугъуэхэм ящыщщ адыгэхэм тхыгъэ зэрагъуэтари, щIэныгъэм и нэхум зэрыхыхьари, лъэпкъ гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ зэрызаужьари. Тхылъым еджэ дэтхэнэми абы къыщигъуэтынущ и жылэм, и лъэп­къым, и нэхъыжьхэм ехьэлIа хъыбар хьэлэмэтхэр. Сыт и уа­сэ Черкасскэхэм ятеухуауэ абы къыщыхьа тхыгъэхэр! Адыгэм къыхэкIамрэ ­ады­гэм къилъхуамрэ лъэпкъ гушхуэныгъэ къы­хэзылъхьэ, и щхьэм, и щIыналъэм, и щIэблэм пщIэ хуезыгъэщIыжщ Щоджэн Iэс­хьэд и «Адыгэхэм я щIыгур».
Адыгэ Республикэм къэралыгъуэр зэрыщызэфIэувам теухуащ «Адыгейм и пашэу» цIэр иIэу Щоджэным къыдигъэкIа тхылъыр. Апхуэдэу абы къыщыхьащ республикэм илъэс зэхуэмыдэхэм и унафэщIу щытахэм я гъащIэм, дуней еплъыкIэм, Iуэху зехьэкIэм ехьэлIа тхыгъэхэри.
Тхылъеджэхэр лъэныкъуэ куэдкIэ зытепсэлъыхьа тхылъщ щIэныгъэлI-тхы­дэдж Щоджэн Iэсхьэд и «Сталин» тхылъри. Бзэ къулейкIэ, шэрыуэкIэ тхащ томи 3-у зэхэт лэжьыгъэр. Абы дихьэхыу еджащ зи къэралым и тхыдэр, Совет Союзым къикIуа экономикэ, социальнэ зыужьыныгъэ гъуэгуанэр зы­фIэхьэлэмэт куэд. Тхы­лъым теухуа псалъэмакъ щекIуэкIащ «Адыгэ макъ», «Советская Адыгея» газетхэм я напэкIуэцIхэм. Языныкъуэхэм жаIэрт, авторым жиIэ псомкIи мыарэзыми, тхылъыр абы и ехъулIэныгъэ лъагэу зэрыщытыр, абы узыIэпишэу, «укъимыутIыпщу» укъызэреджэр. Адрейхэми къалъытэрт Сталиным и гъащIэм теухуа тхылъыр и чэзу дыдэу дунейм къытехьауэ икIи абы и фIыгъэкIэ вождышхуэм мы зэманым ­хужаIэ мыхъумыщIагъэхэм кIэ игъуэтыну.
ЩIыпIэ куэдым щызэбгрыкIа а тхылъыр псом хуэ­мыдэу ягу ирихьащ Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм, Сталиным и зэманыр зыщIэж нэхъыжьхэм. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, гушхуэныгъэ ­къы­п­хелъхьэ зи хэкум и тхыдэм, и блэкIам нэсу пщIэ хуэзыщI цIыхухэр иджыри зэры­щыIэм. Дауэ хъуми, тхылъеджэм Iэмал игъуэтащ Сталиныр иджыри зэ «зригъэцIыхуну», щхьэтепхъуэ лъэпкъи гъэпщкIуаи щы­мы­Iэу. Куэдым къалъытэ Урысей Федерацэм къихъуэ щIэб­лэщIэм хэкупсэ гъэ­сэныгъэ етынымкIэ Що­джэн Iэсхьэд и «Сталин» тхылъым иIэ мыхьэнэр къып­хуэ­мы­лъытэным хуэдэу ину.

ХЪУРМЭ Хьэзрэт,
мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор.

 

ЩIэныгъэм  и  джакIуэ

Профессор Щоджэн Iэсхьэд къэхутакIуэ Iэзэ, щIэныгъэлI гъуэзэджэ къудейкъым, атIэ ар ящыщщ щIэныгъэм и пщIэр жылагъуэм къы­щызыIэт, абы щIэблэр дезыгъэхьэх цIыхухэм. ЕгъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм Iурылъ бзэр екIущ, гурыIуэгъуэщ. Студентхэм я пащхьэ щит лекцэхэм, и къалэмыпэм къыпыкI тхыгъэхэм, тхылъ­хэм абы щыхузэфIокI мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху­гъуэхэр зызыхуигъазэхэм я деж нихьэсын.

Биогеохимием, агрохимием, географием, щIыуэпсыр хъумэным, тхыдэм, социологием, щэнхабзэм, IуэрыIуатэм ятеухуауэ щIэныгъэлI-къэхутакIуэм игъэхьэзыра тхыгъэхэр хуабжьу куп­щIафIэхэщ, хьэлэмэтхэщ. Щоджэным и тхылъхэм я гугъу щыпщIкIэ, къыхэгъэщыпхъэщ «Адыгейм и щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр» жыхуиIэр. Адыгэ Республикэр къулейщ щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ. Мылылъэ бгы лъагэхэр, губгъуэ гъунапкъэншэхэр, мэз Iувхэр, хъупIэ хуитхэр, псы уэрхэр, гуэл щхъуантIэхэр, Кавказ къэрал щIыуэпс биосферэ заповедникыр - ахэр ящыщщ а щIыналъэр нэгъуэщI щIы­пIэхэм дахагъкIэ, теплъэкIэ, щытыкIэкIэ къахэзыгъэщхьэхукI Iуэхугъуэхэм. Абыхэм шэщIауэ топсэлъыхь Щоджэныр. Апхуэдэу гулъытэншэ ищIыркъым Адыгэ Республикэм туризмэм зыщиужьын пап­щIэ иIэ Iэмалхэр къэгъэлъэгъуэным. Абыхэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм нэс «Адыгейм и щIыуэпс ­хъугъуэфIыгъуэхэр» тхылъыр а щIыналъэм и географие щIэнгъуазэу  къалъытэ. Абы яфIэгъэщIэ­гъуэ­ну йоджэ школакIуэхэри, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэри, щIыуэпсыр джыным, хъумэным зи IэщIагъэр епхахэри, щалъхуа щIыналъэр фIыуэ зылъагъу дэтхэнэри.
Тхылъеджэ куэдым хуабжьу яфIэхьэлэмэтщ Щоджэн Iэсхьэд и къалэмыпэм къыпыкIа «Кавказ Ищхъэрэм щIым зэрыщелэжьыр» лэжьыгъэшхуэр. ТхылъиплIу зэхэт а къыдэкIыгъуэм къыщыгъэлъэ­гъуащ мэкъумэш IэнатIэм щIыналъэм зэрызыщиужьа щIы­кIэр, абы хэлъ щхьэхуэныгъэхэр, мэкъумэ­шыщIэхэр нэхъыбэу зэлэжь хьэцэпэцэхэр, цIыхубэ медицинэм къыщагъэсэбэп къэкIыгъэхэр, нэ­гъуэщIхэри. Тхылъхэр хуабжьу гъэщIэгъуэну зэхэгъэуващ. Ахэр щигъэхьэзырым, щIэныгъэлIым щIип­щытыкIащ Кавказ Ищхъэрэм и тхыдэм ехьэлIауэ щыIэ лэжьыгъэ, ди щIыпIэм зэман зэмылIэужьыгъуэхэм щыIауэ щыта тхыдэджхэм, нэгузегъэу­жьакIуэхэм, зыплъыхьакIуэхэм я IэдакъэщIэкI куэд, археологие къэхутэныгъэхэм, IуэрыIуатэдж зекIуэ­хэм кърикIуахэм ящыщ тхыгъэхэр.
Гулъытэ хэха къелэжь Щоджэным и тхылъхэм ящыщу «Диетология риса» жыхуиIэм. Лэжьыгъэм япэ дыдэ нэсу къыщыгъэлъэгъуащ а къэкIыгъэм и биохимие зэхэлъыкIэр, къыхащIыкI шхын зэ­мылIэужьыгъуэхэр, Iэпкълъэпкъым хуищIэр, къызэрыгъэсэбэпыпхъэ мардэхэр.

 ЩХЬЭБАЦЭ Аслъэн,
биологие щIэныгъэхэм я доктор.

Адыгэ Республикэм и Президент ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий и гъусэу.  2007 гъэ


Адыгэ Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкърэ Щоджэн Iэсхьэдрэ.   2005 гъэ

Поделиться: