Адыгэхэм ящыщу япэу академик хъуа Щоджэн Iэсхьэд

КъэхутакIуэ емызэш

Лъэпкъ щIэныгъэлI пажэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием (РАН) адыгэхэм ящыщу япэу хагъэхьа, Адыгэ Республикэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу япэу биологие щIэныгъэхэм я доктор хъуа, профессор, Урысей Федерацэм, Кубаным, АР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Щоджэн Iэсхьэд Хьэзрэт и къуэр ящыщщ зи зэфIэкI лъагэмрэ щIэныгъэ куумрэ мэкъумэш щIэ­ныгъэм и зыужьыныгъэм тыхь хуэ­зыщIахэм. И ныбжьыр илъэс 65-нэм иту арами, абы щыщу 40-м щIигъур Що­джэным хуигъэпсащ щIэныгъэ-къэху­тэныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр зэфIэхыным.

Псори зэхэту къапщтэмэ, къэхутакIуэ емызэш Щоджэн Iэсхьэд и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ статья 1150-рэ. Абыхэм ящыщу 36-р монографиерэ зэреджэ тхылъхэщ, 80-р чэнджэщ щхьэпэхэр зэрыт брошюрэщ, адрейхэр щIэныгъэ журналхэм, газетхэм къытехуа тхыгъэ щхьэхуэхэщ. УФ-м и еджапIэ нэхъыщхьэхэм зэрыщрагъаджэ пособиехэ­ри куэд дыдэ мэхъу.
ГъащIэм, щIэныгъэм, жылагъуэ Iуэхухэм апхуэдэу жыджэру хэт цIыху щыпкъэм и IуэхущIафэхэм хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ егъуэт. Адыгейск къалэм щIыхь зиIэ и цIыхум, Мейкъуапэ къэрал технологие университетым щIыхь зиIэ и профессорым къыхуагъэфэщащ къэрал дамыгъэхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. Що­джэным къратащ УФ-м и Президентым, Краснодар крайм и администрацэм и Iэтащ­хьэм къабгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр. Ар хъуащ Краснодар крайм и администрацэм щIэныгъэмкIэ игъэува саугъэтым и лауреат, пашэ щыхъуащ Адыгэ Республикэм, Урысей мэкъумэш академием, Краснодар крайм щрагъэкIуэкIа щIэныгъэ зэпеуэхэм. Щоджэн Iэсхьэд Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, Реальнэ экономикэмкIэ дунейпсо академием я академикщ.
Абы къыхуагъэфэща щытхъухэмрэ дамыгъэ лъапIэхэмрэ иджыри зы къа­хэхъуащ.­ Кубаным и зыужьыныгъэм зэрыхуэлажьэм папщIэ Щоджэн Iэсхьэд иджыблагъэ къратащ Краснодар крайм и дамыгъэ нэхъ лъапIэр - япэ нагъыщэ зиIэ орденыр. Апхуэдэ къэрал, жылагъуэ гулъытэ иныр хуэфащэ дыдэщ Щоджэн Iэсхьэд. Кърата дэтхэнэ дамыгъэри тхылъ лъапIэри къыпэкIуащ щIэныгъэлIым зэфIиха лэжьыгъэ купщIафIэхэм, иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэнхэм, и къалэмыпэм къыпыкIа тхыгъэ хьэлэмэтхэм.
ЕхъулIэныгъэ куэд гъащIэм, лэжьыгъэ IэнатIэм щызыIэрызыгъэхьа Щоджэн Iэсхьэд Хьэзрэт и къуэм дохъуэхъу лэжьыгъэм хуиIэ гукъыдэжымрэ жыджэрагъымрэ хэмыщIу, и щIыхьымрэ и щыт­хъумрэ хэхъуэ зэпыту, узыншагъэ быдэ иIэрэ и мурадхэр къехъулIэу, лъэпкъыр, къэралыр ипэкIэ зыгъэкIуатэ къэхутэныгъэщIэхэмкIэ дигъэгуфIэу иджыри илъэс куэдкIэ псэуну.

 

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу