КъэщIэрэщIэжыныгъэм и гъуэгукIэ

Трубицин Сергей тренер нэхъыщхьэу зэрагъэуврэ дэкIа илъэсым «Спартак-Налшыкым» зэхъуэкIыныгъэфIхэр къыщыхъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуа, Совет Союзым футболымкIэ и япэ, етIуанэ лигэхэм ди командэм хэту 1979 - 1991 гъэхэм зэIущIэ 400-м щIигъу щезыгъэкIуэкIа IэщIагъэлI гумызагъэм гурэ псэкIэ зыхищIащ гупыр зыхуейр, абы и зыужьыныгъэр зэлъытар.

Премьер-лигэм щыхэта 2006 - 2012 гъэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым топджэгум щыдихьэххэм IэфIу ягу къинэжами, ди республикэм футболым зыщиужьыным и лъэр зыкъомкIэ зэрыщIихари нэрылъагъущ. Гуп нэхъыщхьэм екIурэ-ещхьу хэтыфын папщIэ махуэ къэс сом мелуаным щIигъу илъэсихрэ ныкъуэкIэ зытекIуэда «Спартак-Налшыкым» ди щIыпIэм къыщалъхуарэ щагъэсауэ щыджэгуар мащIэ дыдэщ. НэгъуэщIуи ухэтыфыну къыщIэкIынутэкъым къэрал мылъкур къанэ щIагъуэ щымыIэу зэкIуалIэ «Газпром», «Роснефть», «ВТБ-Банк», «Башнефть», «Россеть» компание лъэщхэм, нэгъуэщI олигарххэм зи командэхэр «къыщызэдэзыгъажэу» зэштегъэупIэ ящIа урысей премьер-лигэм. ИпэжыпIэкIэ жыпIэмэ, «Синдика» корпорацэр зыIэщIэлъ Къанокъуэ Арсен а лъэхъэнэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и президенту ямыгъэувамэ, дэри футболышхуэр зэи зэрыдмылъагъунур хьэкът.
Дауэ щытми, илъэсихрэ ныкъуэкIэ «Спартак-Налшыкыр» къэралым и гуп нэхъыщхьэм хъарзынэу хэтащ икIи дэрэжэгъуэ ин къыдитащ. Сыт и уасэт вагъуэ пщыкIутIыр щызэблэдза адыгэ ныпым и лъабжьэм «Синдика» псалъэр зыщIэтха фащэхэр ящыгъыу щIалэхэр утыку къыщихьэкIэ, я хьэрхуэрэгъухэр щыхагъащIэкIэ! Ар зэи гум имыхунщ. Апхуэдэу щыт пэтми, щIэх-щIэхыурэ уегупсысырт хамэ защIэкIэ зэхэгъэува щIыпIэ командэм къэкIуэну зэримыIэм. ГурыIуэгъуэт абы нобэ щыджэгухэр пщэдей ахъшэ нэхъыбэ къезытхэмкIэ зэребэкIыжынур икIи утыку дыкъызэрыранэнур. Утыку дыкъинэнут ди республикэм къыщалъхуа, щагъэса, пыщIэныгъэ гуэр хузиIэхэр «Спартак-Налшыкым» щIагъуэу зэрыбгъэдамыгъэхьэм къыхэкIыу. Пэжщ, Битокъу Тимур, Къудей Леонид, Джатэрывэ Къазбэч, Мэшыкъуэ Аслъэн, Къэжэр Назир, Гуэщокъуэ Арсен сымэ премьер-лигэм зэрыхэтам и фIыгъэкIэ къэрал псом къыщацIыхуащ. АрщхьэкIэ илъэсихым щIигъу лъэхъэнэм дежкIэ абыхэм я бжыгъэр мащIэ дыдэт. Урысей Федерацэм и гуп нэхъыщхьэм зэрыкIуам и фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэIуаха футбол школ куэдхэм уэру къекIуалIэ сабий минхэм адэкIэ зыщаужьын, зыкъыщагъэлъэгъуэн щыIэтэкъым, республикэм и профессионал командэ закъуэр хамэхэм яубыдати.
Премьер-лигэри, япэ дивизионри зэкIэлъхьэужьу зэман кIэщIым къриубыдэу ибгына иужькIи «Спартак-Налшыкым» нэхъыбэу хагъэхьар дыдымейхэращ. Абы и тренеру ягъэувхэм фIыкIэ зыкъагъэлъэгъуэн хуейти, тегъэщIапIэ ящIыр нэгъуэщI щIыпIэхэм къраш футболист хьэзырхэрт. Уеблэмэ, мылъкуи ямыIэжу, къалэни хуамыгъэувыжу щыщыта гъунэгъу илъэс зытхухми гупым нэхъыбэу кърашэлIар хамэхэращ, ахэр зэрагъэджэгум мылъку иращIу. Къыщыхъу щыIэт шэшэнрэ ингушу ди командэм хэтыр хэпщIыкIыу щынэхъыба, адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ нэхърэ. Абы щыгъуэми, ди щIалэхэр хамэ щIыпIэхэм щызэбгрыдзат.
Илъэс ипэкIэ Трубицин Сергей тренер нэхъыщхьэу ягъэува иужькIэ «Спартак-Налшыкыр» къэщIэрэщIэжыныгъэм и гъуэгум теуващ. Абы тегъэщIапIэ ищIащ дыдейхэр икIи мыгъэрей зэхьэзэхуэм и кIэухым зэуэ ди щIалэщIипщI джэгупIэ губгъуэм щита щыIэщ. Аращ тэмэмри. Республикэм и командэ нэхъыщхьэр я плъапIэу щытыпхъэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболист ныбжьыщIэхэм.
Хуэм-хуэмурэ «Спартак-Налшыкым» хэкIыжащ нэгъуэщI щIыпIэ къикIахэм я нэхъыбэр. Пэжщ, ди щIалэхэми командэ нэхъыфIхэр къащыщIэупщIэм, заIэжьакъым. Ари захуагъэщ. Къапщтэмэ, гъатхэпэм мыгъэрей зэхьэзэхуэм щыщIидзэжым ирихьэлIэу «Спартак-Налшыкым» зэхъуэкIыныгъэ зыбжанэ къыщыхъуащ. НэгъуэщI командэхэм хыхьащ Иорданием щынэхъ лъэщхэм ящыщ «Аль-Ахьли»-м ирагъэблэгъа гупым и пашэ гъуащхьауэ Бажэ Амир, Курск и «Авангард»-м кIуа гъуащхьэхъумэныкъуэ Мэшыкъуэ Хьэчим, Псыхуабэ и «Мэшыкъуэ-КМВ»-м хаша Хьэгъур Къантемыр. Гъуащхьэхъумэхэу Аслъэныкъуэ Алан, Беришвили Раул, Власов Виталий, Эмексузян Григорий сыми я насып лъыхъуакIуэ ежьащ. Абыхэм я пIэкIэ ди республикэм и щIыхьыр урысейпсо утыкум щахъумэну «Спартак-Налшыкым» хэтхэм хагъэхьащ Армавир къикIыжа Мэкъуауэ Залым, Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол школхэм я гъэсэн щIалэщIэхэу Апажэ Чэрим, Гуэнгъэпщ Албэч, Iэщын Аслъэн, Дзэмыхь Дамир, Сындыку Темыркъан, Стригэ Артём, Краснодар и «Кубань»-м къраша Хьэшыр зэкъуэшхэу гъуащхьауэ Аланрэ гъуащхьэтет Темырланрэ.
Ди командэм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэфIхэм я хъер мыгувэу тлъэгъуащ: гъатхэпэм зыщIадзэжа зэхьэзэхуэм щрагъэкIуэкIа зэIущIэ пщыкIутIым ящыщу «Спартак-Налшыкыр» къыщыхагъэщIар зэ закъуэращ. Уеблэмэ, налшыкдэс ныбжьыщIэхэр къапикIуэтакъым япэ дивизионым кIуэну ерыщу хущIэкъу Краснодар и «Урожай»-мрэ Песчанокопскэм и «Чайка»-мрэ. ТIури зэрытемыгъэкIуауэ, 0:0-у, иухащ икIи пашэхэм очко тIурытI фIагъэкIуэдащ. А лъэхъэнэм къриубыдэу я хьэрхуэрэгъухэм топ пщыкIутху худагъэкIащ, езыхэм къыхудагъэкIар зэрыхъур хуэдищкIэ нэхъ мащIэщ.
Илъэс ипэкIэ щыIа зэхьэзэхуэм елъытауи «Спартак-Налшыкым» зиужьащ. 2017 - 2018 гъэхэм зыхэта джэгугъуэ 32-м 11-рэ щытекIуамэ, иджырей зэIущIэ 28-м апхуэдиз дыдэ ехъулIэныгъэхэр иIащ. ПлIыкIэ нэхъ мащIэрэ губгъуэм къихьами, нэгъабэ зыIэрагъэхьа очко бжыгъэм къызэрыкIэрыхуар зыкIэщ. Абы щыгъуэми я хьэрхуэрэгъухэм топищкIэ нэхъыбэ (39-рэ) худагъэкIащ, къызэрыхагъэщIари апхуэдизкIэ нэхъ мащIэщ.
 Псом ящхьэращи, гупым хагъэхьа щIалэщIэхэр лъэ быдэкIэ утыку къихьащ икIи IэщIагъэлIхэм гу къылъатащ. ЖыпIэну ирикъунщ, Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым хэт щIыналъэхэм зэхьэзэхуэм иужькIэ ирагъэкIуэкI «Переправа» зэпеуэм щыджэгун папщIэ «Ипщэ» гупым и командэ къыхэхам ди щIалитху зэуэ зэрыраджар икIи КIэдыкIуей Хьэким, Лелюкаев Алан, Ашу Мурад, Белоусов Никитэ «Спартак-Налшыкым» и пщIэр лъагэу зэраIэтар.
Етхуанэр илъэс пщыкIуий зи ныбжь гъуащхьэхъумэныкъуэ Iэпщацэ Маратт. АрщхьэкIэ а пIалъэ дыдэм Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ ныбжьыщIэ командэ къыхэхам ирагъэблэгъати, абы щыджэгуным нэхъ пщIэ иIэу къалъытэри, и гъэсакIуэхэм ар япэ ирагъэщащ. ИкIи щыуакъым. Мэкъуауэгъуэм и 4 -14-хэм Санкт-Петербург щекIуэкIа Гранаткин Валентин и цIэкIэ къызэрагъэпэща XXXI дунейпсо зэхьэзэхуэм Iэпщацэ Марат щыджэгуа Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ ныбжьыщIэ командэ къыхэхам хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуат Ираным, Аргентинэм, Армением я гуп лъэщхэр. Ди лъахэгъум абыхэм фIы дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Уеблэмэ, Iэпщацэм дигъэкIа топым и фIыгъэкIэ Армением и командэ къыхэхар хагъэщIащ. Ебланэ дакъикъэм абы и хьэрхуэрэгъум топыр къытрихащ икIи гъуащхьэхъумэхэм яIэщIэкIри, бжыгъэр къызэIуихащ. Шэч хэмылъу, Марат футболым щича лъэбакъуэщIэщ ар икIи абыи адрей ди щIалэщIэхэми, ехъулIэныгъэхэр яIэну ди гуапэщ.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2018 - 2019 гъэхэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэр хуабжьу гуэщIащ. Уеблэмэ, абы щытекIуар иджыри къэс наIуэ хъущакъым: бжьыпэр зыубыда Песчанокопскэм и «Чайка»-мрэ абы ерыщу илъэс псокIэ еныкъуэкъуа Краснодар и «Урожай»-мрэ я зэпэщIэтыныгъэр топджэгу губгъуэм икIри, хабзэхъумэхэм я деж нэсащи. А тIур зэхуэфэщэн хьэрхуэрэгъуу къыщIэкIащ. «Ипщэ» гупым хэтхэм ящыщу песчанокопскэдэсхэр я стадионым щынэхъыфIащ икIи тIэу фIэкIа зэрытемыгъакIуэу адрей псоми очко щырыщ къыщахьащ. «Урожай»-м хуэдитIкIэ нэхъыбэ Краснодар щыфIэкIуэдащ. Абы щыгъуэми ар нэгъуэщI щIыпIэхэм щынэхъ лъэщащ икIи джэгугъуэ 14-м ящыщу 10-м щытекIуащ.
«Спартак-Налшыкым» хэт щIалэщIэхэр я стадионым щыIэнкунащ. ИкIи ар гурыIуэгъуэщ - къеплъыну къэкIуа я ныбжьэгъухэм, благъэхэм, гъунэгъухэм я пащхьэм фIыуэ зыкъыщагъэлъэгъуну хущIэкъуурэ щыуагъэ зыбжанэ зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэм яIэщIэкIащ. Абы и зэранкIэ тхуэнейрэ Налшык къыщыхагъэщIащ икIи зыIэрагъэхьэфыну щыта очко 42-м ящыщу къалъысар 19-щ. АрщхьэкIэ нэгъуэщI щIыпIэхэм щрагъэкъужащ. Абыхэм щрагъэкIуэкIа джэгугъуэ 14-м ящыщу 2 къудейм къыщытекIуауэ аращ.
Я стадионми нэгъуэщI щIыпIэхэми нэхъ щыхуэмыхуар, дауи, кIэух увыпIэр зыубыда Дон Iус Ростов и «Академия»-ращ. И унэм абы къыщихьыфар очкоитI къудейщ. Ростовдэсхэм хуэмыхуагъкIэ къакIэлъокIуэ Нэзрэн и «Ангушт»-р. Ингушхэм къадэщIхэр я деж зэрыщагъэгуфIэфар зэ закъуэщ.
Гуапэщ етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым гъуащхьауэхэм я зэпеуэм бжьыпэр зэрыщиубыдар Краснодар и «Урожай»-м и пашэ ди лъахэгъу Къалмыкъ Амур. Ар мы зэхьэзэхуэм пщыкIублрэ къыщыхэжаныкIащ. Абы зы топкIэ къыкIэрыхуащ «Чайка»-м и гъуащхьауэ Подбельцев Александр. «Спартак-Налшыкым» щыджэгу Мэшыкъуэ Ислъам ещанэ хъуащ, мы зэхьэзэхуэм топ пщыкIуз щыдигъэкIауэ.
Урысей футболым и лъабжьэр щIэзылъэсыкIхэм ящыщщ зэхьэзэхуэхэм зэрыхэтын мылъку командэхэм ирикъуу зэрамыIэр. Мыгъэрей зэпеуэр и кIэм намыгъэсыфу хэкIыжащ Дон Iус Ростов щыIэ Понедельник Виктор и цIэр зезыхьэ академием и футболист ныбжьыщIэхэр. КIэух зэIущIэхэм абыхэм я хьэрхуэрэгъухэр 3:0-у къащытекIуауэ ятхащ. Хьэлэмэтращи, зэхуащIыжын ипэкIэ а командэр нэгъабэ и щэкIуэгъуэм мазэм иужьу Налшык щыджэгуати, 1:0-у ди щIалэхэм къефIэкIащ.
ЕтIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым адэкIэ хэмытыжыфынур ростовдэсхэм я закъуэкъым. Абыхэм гъусэ яхуэхъуащ Нэзрэн и «Ангушт»-р. Ингушхэм жаIащ зэрыджэгум папщIэ футболистхэм ахъшэ щрат командэ дяпэкIэ зэрахуэмыгъэкъаруунур икIи къыкIэлъыкIуэ зэхьэзэхуэр езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ ещанэ дивизионым къызэрыщыщIадзэнур. Дызыхэт гупым и пашэхэм ящыщ зыуэ щыта «IэфIыпс» командэри нэгъабэ зэрызэбграутIыпщыкIыжар къэплъытэмэ, Iуэхухэр щIагъуэкъым.
«Спартак-Налшыкым» апхуэдэ шынагъуэр щхьэщыкIа хуэдэщ. Абы и унафэщIхэм зэрыжаIэмкIэ, ятелъа щIыхуэ псори япшыныжащ икIи къалэн пыухыкIахэр (къапщтэмэ, япэ дивизионым гъэзэжыныр) дяпэкIэ къыхуагъэувыну къыщIэкIынщ. ИтIанэ нэхъ утыку ихьэнт ди щIыпIэм къыщалъхуа, зыщызыгъэса щIалэщIэхэр икIи нэхъыбэм къацIыхунт.
Зы мазэ хуэдиз дэкIмэ, Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым зи чэзу зэхьэзэхуэм щыщIидзэн хуейщ. ЗэкIэ наIуэкъым абы хэтыну псори. Къапщтэмэ, «Урожай»-м игъэIуащ щIыхуэм зэрыщIигъэнам папщIэ урысейпсо утыкум икIыжауэ, Краснодар крайм щекIуэкI чемпионатым хэт «Кубань»-мрэ абырэ зэхыхьэжыну. «Чайка»-мрэ «Черноморец»-мрэ къыхуащIыну унафэри зэкIэ наIуэкъым. НэгъуэщI хъыбархэри щыIэщ.
Дапхуэдэу хъуми, и чэзум зэхьэзэхуэм щIадзэнущ. Мыгувэу абы зыхуэгъэхьэзырын ирагъэжьэнущ зэпеуэм хэтыну командэ псоми. Зыкъэужьыжыныгъэм и гъуэгум пищэну «Спартак-Налшыкри» мэпабгъэ. Ар абы къызэрехъулIэнум и щыхьэтщ гуп лъэщ къызэрыунэхур. Топджэгум куэд щызылъэгъуа икIи щызыхузэфIэкIа гъуащхьэтет икIи командэм и капитан Щоджэн Борис, гъуащхьэхъумэхэу Мэкъуауэ Залым, Тебэрды Тимур, Ольмезов Артур, гъуащхьауэхэу Мэшыкъуэ Ислъам, Бацэ Къантемыр, Машэжь Ратмир сымэ я Iэзагъым къыкъуэувэну хьэзырщ щIалэщIэхэм я жыджэрагъымрэ псынщIагъымрэ. Пэжщ, зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэри гупым къыщыхъунущ икIи къыхэжаныкIахэр командэфIхэм яшэнурэ абыхэм я пIэр ныбжьыщIэхэм яубыдынущ. Аращ зэрыщытын хуейри.  

                  

 

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться: