Псыр ярикъуу ягъуэтын папщIэ

 Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим иригъэкIуэкIащ и къуэдзэхэмрэ IуэхущIапIэм и къудамэхэм я унафэщIхэмрэ зыхэт ЗэзыгъэуIу советым и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ къалэм псы къыщIэшыпIэу  иджыри щы щыухуэным, апхуэдэу щIыпIэм псыщIэгъэлъадэр къанэ щымыIэу щызэфIэгъэувэжыным егъэщIылIауэ зэфIагъэкIыпхъэхэм.
 
ЯпэщIыкIэ Бахъсэн и псы къыщIэшыпIэ псоми я щытыкIэр къапщытэнущ. Абы къыдэкIуэу къызэхуэсахэм къыхалъхьащ цIыхухэм хъыбар зэрырагъащIэ Iэмэпсымэхэр къагъэсэбэпу къалэдэс псоми зыхуагъэзэну: наIуэу зэрыщытщи, языныкъуэхэм мардэншэу псыр я хадэхэм насос лъэщхэмкIэ щIагъэхьэ, абы щыгъуэми, цIыхухэм зэфэнур къомэщIэкI. А щхьэусыгъуэм и зэранкIэ Бахъсэн и хьэблэ щхьэхуэхэм псы щаIэрымыхьэ куэдрэ къохъу. Гъэмахуэм и гуащIэгъуэ зэманым мы Iуэхур нэхъ ткIийуэ къызэрыувым шэч хэлъкъым.

 

Цекъу ПIатI.
Поделиться: