Литературэ

Тхылъыр тыгъэ лъапIэщ!

 ТхылъкIэ зыгуэрым хуэупсэным и махуэр 2012 гъэм япэу ягъэлъэпIауэ щытащ. Апхуэдэ жэрдэмыр зигу къэкIар американ бзылъхугъэ, бынищым я анэ Бродмур Эми жыхуаIэрщ. Школ библиотекэм и лэжьакIуэти, абы игу къэкIащ сабий литературэр щызэхуэхьэса интернет сайт къызэIуихыну. И цIыхугъэхэм, интернетым и Iэмалхэм хуэIэкIуэлъакIуэхэм, блогерхэм запищIэри, илъэс къэс мазаем и 14-м ТхылъкIэ зыгуэрым хуэупсэным и махуэу егъэкIуэкIыным теухуауэ и гупсысэхэр яжриIащ, Iуэхур ирагъэжьащ. 2023 гъэм Бродмур тхылъым теухуа и жэрдэмыр хуригъэкIуэтэкIыжащ сабийхэм я тхакIуэ Перри Эмми. 

Сабийхэм я бзэм зезыгъэужь усэхэр

Анэдэлъхубзэр, зэрытщIэщи, цIыхум зезыгъэужь Iэмал къудейкъым, ар лъэпкъыр адрейхэм къахэзыгъэщ, и хабзэрэ щэнхабзэрэ зыхъумэ къулеигъэщ. ООН-м зэритхымкIэ, дуней псом бзэуэ мини 7-м нэблагъэ тетщ, абы щыщу мини 2,5-р кIуэдыжынкIэ шынагъуэ щыIэщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, тхьэмахуитI къэс зы бзэ токIуэдыкIыж, ар щыщымыIэжым - лъэпкъри хошыпсыхьыж. 

Гупсысэ куукIэ гъэнщIащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, адыгэ драматургием и классик IутIыж Борис и къалэмыпэм къыщIэкIащ усэ купщIафIэ­хэр, новеллэ гъэщIэгъуэнхэр, «ГущIагъщIэлъхэр» зыфIища гупсысэ кIэщI хьэлэмэтхэр, гушыIэ, ауан зыхэлъ тхы­гъэ шэрыуэхэр, пародиехэр, эпиграммэхэр, памфлетхэр, анэ­дэлъхубзэм, ли­тературэм, театрым ятеухуа публицистическэ тхыгъэхэр, сабийхэм яхуитха усэхэр.  Псом хуэмыдэу къыпхуэмылъытэнщ IутIыжым лъэпкъ драматургием хуищIа хэлъхьэныгъэр - сценарийхэм нэмыщI, едзы­гъуэхэурэ зэхэт пьесэу 30-м нэс итхащ.

УсакIуэр зыщIэхъуэпсахэр

Сабийхэм я библиотекэм, ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэм, щекIуэкIащ «ПащIэ Бэчмырзэ и тхыгъэхэм дыкъоджэ» зэIущIэ гъэщIэгъуэныр. Хабзэ хъуауэ, мы IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм гъэ къэс усакIуэр къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу абы теухуа еджэныгъэхэр, зэпеуэхэр, пшыхьхэр къызэрагъэпэщ. УсакIуэр дунейм зэрехыжрэ мы гъэм илъэс 90 ирокъу.

Хэплъэжынри щхьэпэщ

«Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» жыхуиIэр и IэдакъэщIэкIщ УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, КъШР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий. Зи гугъу тщIы псалъэхэм, къарыкIыр дэщIыгъуу, къызэрытхыжари аращ. 
Жьабзэ зыIурылъ – дахэу, цIыху къигъэдаIуэфу псэлъэф, жьакIуэ.
Жьагъэ уз - 1) тхьэмбылым ефыкI уз зэрыцIалъэ шынагъуэ; 2) тхьэмбылым щIыIэ еуэн.
Жьагъуэ – шэмэджыпэр къегъэзыхыщауэ кIым фIэлъмэ.

Уэсми мафIэ пхущIэдзэнущ

Къэрэшей таурыхъ

Дыщ хьэлукIэ зигъэнщIыжат

КъызыхэкIа лъэпкъым игури и псэри етауэ хуэлэжьа, адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр имыщIэу иужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий итхыжахэм ящыщщ адэкIэ щыгъуазэ фызыхуэтщIынур.

Уафэр щымыджэмыпцIэу…

ФIыщIэрэ щытхъурэ хуаIэтми, тхьэхэр хуэныкъуэщ щыхьэт. Ахэр Мардыкъуэ къолъэIу и зэфIэкIыр яригъэлъагъуну, телъыджэ гуэр я нэгу щIигъэкIыну. Мардыкъуэ и псалъэкIэ хьэршым ит вагъуэр мэбзэх, «къыкъуэкIыж» зэрыжиIэуи, къоунэхуж. Ар зылъэгъуахэм шэч къытрахьэжкъым тхьэшхуэу хахам и зэфIэкIым. 
Тхьэхэм я тхьэжу яIэта Мардыкъуэ зауэшхуэм зыхуегъэхьэзыр: шабзэр, шабзэшэр, токъмакъыр, хъыр къещтэ, жьызэпихуиблыр и гъусэщ, жьы къудамиплIыр гум щIещIэ, тебжэудзыр екъузри, йожьэ.

Хьилагъэр и Iэщэу

Дыщысабийм пщыхьэщхьэхэм щIэх-щIэхыурэ уэздыгъэр ягъэункIыфIырт. Апхуэдэ сыхьэтхэр ди гуфIэгъуэшхуэт - папэ фэтыджэн уэздыгъэр щIигъанэрти, таурыхъхэм я дунейм дыхишэрт. Нарт лIыхъужьхэр, КъуийцIыкIурэ Иныжьрэ, Мыщэ и къуэ Батыр, ШыкъумцIий, нэгъуэщI псысэхэри нэхъ телъыджэ къытщызыгъэхъур ди анэдэлъхубзэмкIэ шэрыуэу абыхэм дызэрыщIигъэдэIурагъэнут. Балигъ дыхъуами, абыхэм къытедгъэзэжурэ дыщIэдэIуну тфIэфIщ. Абыхэм яхэтщ яхэзгъэфIыкIхэри. Хэт щIэмыдэIуарэ ШыкъумцIий и «зекIуэм»? Нобэ ди гуапэу ар дигу къыдогъэкIыж.

«Уэсрэ Нэсрэ» хужаIахэм щыщщ

Къаныкъуэ Заринэ «Уэсрэ Нэсрэ» зыфIища фэнтези тхылъым  пшыхь щращIэкIащ КъБР-м и илъэсищэм и щIыхькIэ яухуа паркым и галереем. Фэнтези тхылъыр сурэтхэмкIэ зыгъэщIэрэщIар модельер Сэралъп Мадинэщ.

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ