Литературэ

Гупсысэ зыщIэлъ хъуэрхэр

Эзоп пасэрей алыдж баснятх цIэрыIуэщ. КъызэралъытэмкIэ, а жанрымкIэ япэ дыдэу тхыгъэ зытхари а унэтIыныгъэм зезыгъэужьари аращ. Басня кIэщIу 426-рэ щызэхуэхьэсауэ Эзоп и тхылъ щхьэхуэ къыдэкIауэ щытащ. Абыхэм ящыщ зыбжанэ тхакIуэ Хьэту Пётр зэридзэкIауэ фи пащхьэ идолъхьэ.
 

Куэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ

Мысыр литературэм новеллэ жанрым и лъабжьэр щызыгъэтIылъахэм ящыщ зыуэ щытащ Лашын ТIэхьир Мыхьмуд. Абы и гъащIэм, и лэжьыгъэм дыщигъэгъуэзащ журналист, публицист цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.

Зы хъыбар

КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид зэхуихьэсыжащ, итхыжащ хъыбар куэд. Тхыдэр зи лъабжьэ, пщыхэмрэ пщылIхэмрэ я зэманыр къыщыгъэлъэгъуахэри яхэтщ абыхэм. Къэрмокъуэм итхыжахэм ящыщщ «Гулей» хъыбарыр. Гулей и пщыр иукIыжу Iуащхьэр псэупIэ зэрищIам, адэкIэ къылъыкъуэкIахэмрэ и щхьэ кърикIуахэмрэ ятеухуащ фызэджэнур. Мыбы къыхэщ цIыхухэм я хьэлхэм укIэлъыплъынуи гъэщIэгъуэнщ, езы хъыбарым къыщыхъу Iуэхугъуэхэм я къэгъэшыпIэхэми узыпэмыплъауэ зыкъридзэкIыу гъэпсащ.

ГЪУЭТ Синэ

Гулей

Гъуэгуанэ тхыгъэхэр

Багъ Марьям и «Гъуэгуанэ тхыгъэхэр» тхылъым ихуащ блэкIам ухэзыгъэплъэж, нобэрей ди зэхэтыкIэр нэгум къыщIэзыгъэхьэ, къэкIуэнум фIыкIэ ухуэзыгъаплъэ хъыбар кIэщI цIыкIухэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми узыщIигъэгупсысыжу, Iущыгъэ гуэр къыхэпхыу апхуэдэщ. Ахэр зытеухуар езым, къэзыухъурехь цIыхухэм я гъащIэм  къыщекIуэкIа Iуэхугъуэхэщ. Аращ удахьэхыу, псэм къехуэбылIэу щIыщытри.

ЩхьэщэмыщI Изэ.

                                      Шыдым и хъыбар

ЩIыуэпсымрэ цIыхупсэмрэ

УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Багъ Мэрьям и IэдакъэщIэкIхэм, ахэр зытриухуэхэм хилъхьэ гупсысэмрэ хуабагъымрэ узыIэпашэ. «Гъуэгуанэ тхыгъэ цIыкIукIэ» узэджэ хъуну мы хъыбар кIэщIхэм уи нэгу къыщIагъэхьэж пасэрей дадэхэмрэ нанэхэмрэ я шыфэлIыфэмрэ жумартагъымрэ, цIыхум и псэм и къэбзагъымрэ зэхэтыкIэ нэсымрэ, щIыуэпсымрэ цIыхупсэмрэ зэрызэпыщIа налъэхэр. Ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ апхуэдэ хъыбар зыбжанэ.

Си жэщ уэздыгъэ

Анэм и уэрэдым теухуауэ

Бзылъхугъэр усакIуэхэм, уэрэдусхэм ягъэлъапIэ, псалъэ къыхэщыпыкIахэмкIэ ягъафIэ. Анэм хуауса уэрэдхэр, усэхэр псэм щIыдыхьэр а псалъэм хуабагъэу къыпкърыкIыр къару нэрымылъагъукIэ зэрызыхэтщIэр арагъэнущ. УсакIуэ, уэрэдус, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Вындыжь Марие иуса уэрэдхэм куэду яхэтщ и анэм теухуахэр. Бзылъхугъэхэм я махуэм щIыхькIэ нобэ абыхэм къахэбгъэщхьэхукI хъунущ «Мамэ» усэр. Абы макъамэ щIэзыгъэувари зыгъэзащIэри егъэджакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЗэрамыщIэ Заретэщ. Уэрэдым и псалъэхэм адэкIэ фыкъыщеджэ.

Гурылъ темыпыIэхэр

УсакIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн «Гурылъ темыпыIэхэр» зыфIища и тхыгъэ кIэщIхэм гурыщIэ дахэ, къабзэ къыщыгъэлъэгъуащ. Абыхэм гупсысэ куу ящIэлъщ, цIыхум и гум щыщIэр къыщыгъэлъэгъуащ, жыпIэнурамэ, дэтхэнэ зы тхыгъэри гъащIэм и джэрпэджэжщ. Апхуэдэуи а гурылъхэр бзэ къулейкIэ икIи шэрыуэкIэ къиIуэтащ.

Тхьэхущынэ Ланэ.

* * *

УиIэмкIэ уарэзыныр

(Псысэ)

Интернетыр къызэрытщхьэпэхэм язщ лъэпкъ куэдым я литературэм, цIыхухэм я гупсысэкIэм, дуней тетыкIэм дызэрыщигъэгъуазэр. Ущие дахэрэ гупсысэкIэ гъэнщIа тхыгъэм фыщыдгъэгъуэзэнращ мы тхыгъэр зэддзэкIыным щхьэусыгъуэ хуэхъуар.

ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэту лэжьапIэ хъарзынэхэри зыIэрызыгъэхьэжа щIалэгъуалэ гуп я егъэджакIуэу щытам деж кIуащ  лъагъунлъагъу. Щхьэж и Iуэху зэрыдэкIым чэзууэрэ тепсэлъыхьащ, ауэрэ зыIууэ гугъуехьхэри абыхэм къаIуэтэн щIадзащ.

Уахэплъэнри щхьэпэщ

УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, КъШР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъапIэр зыфIаща, игъуэ нэмысу дунейм ехыжа Шэрджэс Алийщ зэхуэзыхьэсыжар «Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» жыхуиIэ и тхылъым къитхыжахэр. Къыдохь адэкIи зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу. 
Игъуэджэкъутэ – гущIыхьэу, игъуэ нэмысу хэкIуэда.
ИдыдыкIын – зэуэ щIэпхъуэн, шыр идыдыкIын. 
Изырышхэ – ныбэхуэфI, лей зышх.
Итхъа – къэрандащкIэ е сапэкIэ иратхъа.

Къэгъэзэгъуэм и щIэдзапIэр

Тыркум щыIэ адыгэ къуажэ 800-м щIигъум ящыщщ Анталие къалэм къедзауэ псэу Елэмэ абазэхэ къуажэр. Абы дэсахэм я щыIэкIэ-псэукIэм, адыгэ хабзэу дэлъам, мы щIыналъэм щIыщетIысэхам и щхьэусыгъуэм, къуажэм дэсахэм я унэцIэхэм, цIыху Iущхэу, IэпэIэсэхэу щытахэм я гугъу Едыдж Нихьаи къыщытхуещI «Къэгъэзэгъуэ» тхылъым. 

Тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Унэрокъуэ Мирэщ мы тхылъым пэублэ псалъэ хуэзытхар. Абы щыщ зы пычыгъуэ: 

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ