|
|
Махуэгъэпс
17 августа, 2026 - 09:26
ШыщхьэуIум и 17, блыщхьэ
УФ-м и Хьэуа флотым и махуэщ
1771 гъэм Екатеринэ ЕтIуанэм и указкIэ Къэбэрдей цIыхубэм Щытхъу тхылъ къратащ.
1922 гъэм къалъхуащ Мысырым щыщ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэшхуэ, мамырыгъэр хъумэнымкIэ Дунейпсо Ленин саугъэтыр зрата Мохи-эд-Дин (Жэмбей) Хъалид.
1928 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, АКъУ-м и профессор, КъШР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тхьэркъуахъуэ Инус.
14 августа, 2026 - 14:00
КъыздикIар ямыщIэ, щхьэрыутIыпщу дэт хьэхэм, джэдухэм, къинэмыщI псэущхьэхэм гу ялъытэн, гущIэгъу яхуэщIын зэрыхуейр япэ дыдэу къэрал зэхуаку Iуэху щащIар 1992 гъэращ. А зэманырщ, Псэущхьэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэу США-м щызэхэтым и зэфIэкIкIэ, а махуэр дунейпсо махуэгъэпсым щыхагъэхьар.
Къыхуеджэныгъэр а хэгъэгум щыдащтащ лъакъуиплIкIэ къэзыкIухь псэущхьэхэм защIэгъэкъуэныр, ядэIэпыкъуныр зи къалэну къэзыбжа цIыхухэм. Куэд мыщIэу, а пэгъуэкIым къинэмыщI къэралхэми зыщаубгъуащ.
14 августа, 2026 - 10:50
ШыщхьэуIум и 14, мэрем
Абхъазыр зыхъумэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ. 1992 гъэм Куржы-Абхъаз зауэм щIидзащ.
1932 гъэм Москва Союзхэм я унэм и Колоннэ залым цIыхубэ творчествэмкIэ щекIуэкIа зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм етIуанэ увыпIэр щаубыдащ.
1941 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ, тхакIуэ Дыгъужь Къурмэн.
13 августа, 2026 - 04:55
ШыщхьэуIум и 13, махуэку
Зи Iэ сэмэгур нэхъ зыгъэшэрыуэхэм я дунейпсо махуэщ
1908 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ТхьэкIушынэ Нухь.
1915 гъэм къалъхуащ Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Безрокъуэ Хужь.
1939 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Бэгъуэтыж Светланэ.
12 августа, 2026 - 09:25
ШыщхьэуIум и 12, бэрэжьей
ЩIалэгъуалэм я дунейпсо махуэщ
Каспий тенджызым и дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ Дзэ-Хьэуа Къарухэм я махуэр
1930 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Бырхьэм Михаил.
1944 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэу, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу щыта, УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Тыркуин Анатолэ.
Дунейм и щытыкIэнур
11 августа, 2026 - 06:07
ШыщхьэуIум и 11, гъубж
1957 гъэм Москва щызэхуащIыжащ ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я VI дунейпсо фестивалыр. Хэкум ис адыгэхэмрэ хамэ къэралхэр IэмалыншагъэкIэ псэупIэ зыхуэхъуахэмрэ я лIыкIуэхэу а зэхуэсышхуэм хэтахэр абы щызэрыгъуэтыжауэ, я хъыбар щызэIэпахауэ щытащ.
1934 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Къаздэхъу СулътIан.
7 августа, 2026 - 12:30
ЩIыпIэдэлъху лъэпкъхэм - щалъхуа щIыналъэм щыпсэужхэм - я махуэр гъэлъэпIэнымкIэ унафэр 1994 гъэм и дыгъэгъазэм ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм къыщащтат.
Зи гугъу тщIыхэм заужьынымкIэ, я хуитыныгъэхэм зегъэубгъунымкIэ Iэмалрэ хэкIыпIэу щыIэхэм лъыхъуэн щыщIадзар лIэщIыгъуэ блэкIам и етIуанэ Iыхьэрщ. Ар кърикIуащ а лэжьыгъэм и мыхьэнэр зэрыиным, къэрал унафэр зи IэмыщIэ илъхэм лъэпкъ цIыкIухэм хуащI гулъытэм хагъэхъуэн зэрыхуейм ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм щытепсэлъыхьа иужькIэ.
7 августа, 2026 - 10:44
ШыщхьэуIум и 7, мэрем
1646 гъэм адыгэпщ Черкасский Муцалрэ къэзакъ атаман Пожарский Семёнрэ зауэлI мини 6 зыхэт я дзэр Нурдин-Джэрий и лагерым теуэри, зэтракъутащ.
1942 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зауэ щытыкIэ щагъэуващ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 29 - 30, жэщым градус 18 - 20 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Псэ зиIэм уахътыи иIэщ.
6 августа, 2026 - 06:49
ШыщхьэуIум и 6, махуэку
Ядернэ Iэщэр къагъэсэбэпу мыдэным и дунейпсо махуэщ
Хиросимэ и дунейпсо махуэщ
«Дунейм и дохутырхэр мамырыгъэм и телъхьэщ» дунейпсо махуэщ
1927 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Къасым Алий.
1934 гъэм къалъхуащ Тыркум щыщ тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Челик Уэсмэн (Хьэкъуратэ).
5 августа, 2026 - 09:45
ШыщхьэуIум и 5, бэрэжьей
Светофорым и дунейпсо махуэщ
2016 гъэм Рио-де-Жанейрэ (Бразилие) къыщызэIуахащ XXXI гъэмахуэ Олимп джэгухэр. Ахэр шыщхьэуIум и 21 пщIондэ екIуэкIащ. Мудрэн Беслъэн дыщэ (дзюдо), Джэду Iэниуар дыжьын (бэнэкIэ хуит) медалхэр къыщахьат абы.
1900 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Пащты Салимэ.
1934 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Хъаний Мирон.
Страницы
|