|
|
ЩIалэгъуэ
15 февраля, 2026 - 07:41
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и саугъэтхэр илъэс бжыгъэ хъуауэ хуагъэфащэ щIэныгъэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къэхутэныгъэхэр щезыгъэкIуэкI ныбжьыщIэхэм.
14 февраля, 2026 - 10:11
Къэбэрдей-Балъкъэрым дызэрыт илъэсым агротехнологие классыщIэу 10 къыщызэрагъэпэщынущ школакIуэхэм папщIэ.
11 февраля, 2026 - 09:19
Дзэлыкъуэ районым и курыт еджапIэхэм щекIуэкIащ дзэ Iуэху хэхам хэкIуэда лIыхъужьхэм я фэеплъ зэIущIэхэр. Зи цIэр тхыдэм къыхэзына щIалэ хахуэхэм я щIыхьыр мыкIуэдыжын папщIэ фэеплъ пхъэбгъухэр къыхузэIуахащ. Дзэ Iуэху хэхар щекIуэкIым я къалэныр ягъэзащIэу хэкIуэда ди лъахэгъухэм я фэеплъхэр иджы районым и еджапIийм щыIэнущ. Ахэр я щапхъэщ хэкупсагъэм, лIыгъэм, гъэсэныгъэ екIум.
10 февраля, 2026 - 10:34
Аруан щIыналъэм щыIэ ЩIалэгъуалэ IуэхущIапIэм мазаем и 3-м щызэхалъхьэжащ блэкIа илъэсым кърикIуахэр, я ехъулIэныгъэхэм щытепсэлъыхьащ, къапэщыт къалэнхэр щызэпкърахащ. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, Аруан районым и администрацэм и Iэтащхьэ ЛIыжьыкъуэ Хьэзрит, Нарткъалэ, абы къедза къуажэхэм щыщ щIалэгъуалэр.
9 февраля, 2026 - 08:26
«Шпильки» жыхуаIэ лъэдакъэ псыгъуэр къигупсысауэ нэхъ хуагъэфащэ итальян Феррагамо Сальваторе. Ауэ модэр зыджхэм иджыри унэцIитI къраIуэ: Вивье Роже, Массаро Раймоне.
6 февраля, 2026 - 08:57
ЩIышылэм и кIэух махуэхэм КъБКъУ-м щекIуэкIащ «ЮНПРЕСС» егъэджэныгъэ-хэзыгъэгъуазэ программэр.
30 января, 2026 - 09:29
ЩIы Хъурейм къыщхьэщыт уафэм телескопкIэ кIэлъыплъахэм 2026 гъэм щIышылэм и 22 - 26-м къыщалъэгъуар зищIысым дытепсэлъыхьын ипэ, Iуэхум щIэдзапIэ хуэхъуам и гугъу тщIынщ.
30 января, 2026 - 07:54
КъызыхуигъэщIа IэщIагъэр цIыкIу щIыкIэ зыдэплъагъу сабийхэр щыIэщ. Къэзахъстаным хыхьэ Актобе къалэм щыщ Жапалаковэ Марьям зэрыхъур илъэс 12 къудейщ, ауэ цIыху мелуанхэр кIэлъоплъ абы и напэкIуэцIым къыщит «Унагъуэ хъыбархэм».
27 января, 2026 - 09:26
Налшык къалэм ЩIалэгъуалэм я унэ дэтым щIышылэм и 23-м пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, Урысейм и студентыгъуэм и махуэм теухуауэ.
Пшыхьыр ирагъэжьащ Урысеймрэ КъБР-мрэ я гимнхэмкIэ. Зэхыхьэм хэтащ КъБР-м и Правительствэмрэ Парламентымрэ я лIыкIуэхэр, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэр, жылагъуэ, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэр, волонтёрхэр.
26 января, 2026 - 14:54
Псыкъелъэхэр щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэ телъыджэхэм ящыщщ.
Страницы
|