|
Спорт
10 мая, 2024 - 13:04
ТекIуэныгъэ Иныр къызэрахьрэ илъэс 79-рэ зэрырикъур ягъэлъапIэу кикбоксингымкIэ щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ Невинномысск къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Къалмыкъым я спортсмену 500-м щIигъу.
8 мая, 2024 - 14:33
ТекIуэныгъэм и махуэ къэблэгъам пежьэри, Кэнжэ къуажэм иджыблагъэ дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ щрагъэкIуэкIащ. Абы щызэпеуащ 2011 гъэм къалъхуа ныбжьыщIэхэр - псори зэхэту 113-рэ.
8 мая, 2024 - 14:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Прохладнэ щIыналъэм и Приближнэ къуажэм зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ сабийхэр щрагъаджэу дэт школ-интернат №2-м и гъэсэн цIыкIухэр къыщыхэжаныкIащ Сочи къалэм и «Сириус» федеральнэ щIыпIэм футболымкIэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIа «FONBET Стальная воля» урысейпсо зэхьэзэхуэм.
8 мая, 2024 - 13:28
Бахъсэн къалэ администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ IущIащ Быф Жэмал и цIэр зэрихьэу а къалэм дэт спорт еджапIэм муай-таймкIэ и тренер Бекбулатов Рашид.
8 мая, 2024 - 13:00
Ростов областым хыхьэ Таганрог къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я шабзауэхэм я чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 11-м я спортсмен лъэщу 100-м щIигъу.
7 мая, 2024 - 12:37
Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат. Апхуэдэ зэи къэмыхъуауэ, Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту къэралым и щIыхьыр яхъумэну дзыхь кърагъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэу Багъ Идаррэ Бекъул Миланэрэ.
6 мая, 2024 - 12:33
Урысейм спорт зауэ зэмылIэужьыгъуэмкIэ (ММА) пэшэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Чебоксары къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 55-м я щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ, псори зэхэту ныбжьыщIэ 400-м нэблагъэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм хэту абы цIыхуитху щыIащ икIи абыхэм ящыщу тIум медаль зэхуэмыдэхэр къахьащ. Килограмм 67-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щытекIуащ Мансуров Имран. Ар щызэуар илъэс 14 - 15 зи ныбжьхэр зыхэта гупырщ. ЩIалэм и тренерхэщ Мэш Алимрэ Шыхъуэстэн Русланрэ.
6 мая, 2024 - 11:02
ТекIуэныгъэ Иным и щIыхькIэ
«Демография» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу «Спортыр ди псэукIэм и мардэщ» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ ТекIуэныгъэ Иным и махуэр ягъэлъапIэу, Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №11-м и ФОК-м атлетикэ псынщIэмкIэ зэхьэзэхуэхэр иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.
4 мая, 2024 - 08:00
Мэзкуу областым хыхьэ Сколково щIэныгъэ къалэм къикIыу хъыбар гуапэ иджыблагъэ къытIэрыхьащ. Мы махуэхэм абы и «Live Арена» спорткомплексым щекIуэкIащ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Тэрч щIыналъэм къыщалъхуа бэнакIуэ, адыгэ щIалэ Шэрий Иналбэч.
3 мая, 2024 - 14:48
Къэрэшей-Шэрджэсым и Лъэпкъ Зэхуэсым и депутату щыта, самбэмкIэ дуней псом и чемпион Къуныжь Мухьэмэд и фэеплъ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Черкесск къалэм щекIуэкIащ. Ар къызэрыхах зэпеуэу щытащ икIи абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэмрэ Урысей Ипщэмрэ я бэнакIуэу 200-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 16-м щIимыгъуауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ зэхьэзэхуэм щыбэна Къудей Беслъэн килограмм 49-рэ хъухэм я деж дыщэ медаль къыщихьащ. Абы зымащIэкIэ къакIэрыхуащ Джэданэ Къантемыррэ (кг 46-рэ), Къанщауэ Темырланрэ (кг 53-рэ). Абыхэм зэхьэзэхуэм и домбеякъ медалхэр зыIэрагъэхьащ.
Страницы
|