Тхум щыщу тIум

Урысейм спорт зауэ зэмылIэужьыгъуэмкIэ (ММА) пэшэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Чебоксары къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 55-м я щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ, псори зэхэту ныбжьыщIэ 400-м нэблагъэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм хэту абы цIыхуитху щыIащ икIи абыхэм ящыщу тIум медаль зэхуэмыдэхэр къахьащ. Килограмм 67-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щытекIуащ Мансуров Имран. Ар щызэуар илъэс 14 - 15 зи ныбжьхэр зыхэта гупырщ. ЩIалэм и тренерхэщ Мэш Алимрэ Шыхъуэстэн Русланрэ. 
Илъэс 12 - 13 зи ныбжьхэм я деж зыкъыщызыгъэлъэгъуа Уэтэр Алихъан ещанэ увыпIэр къихьащ. Абы и хьэлъагъыр килограмм 48-рэ мэхъу, и тренерыр Жантудуев Азэмэтщ.     
 
 
АЛБЭРДЫКЪУЭ Iэмин.
Поделиться:

Читать также: