|
|
Абы дегъэпIейтей
12 октября, 2026 - 09:20
Интернет губгъуэм ди нэгум щIигъэкI цIыхухэм бгъэщIагъуэ хъуну куэд ядыболъагъу. НэгъуэщI лъэпкъхэм, щIыпIэхэм, къэралхэм щыщхэм я псэукIэ хьэлыр уи хъуреягъкIэ щыплъагъум щхьэхуимыту ибогъапщэ. Ауэ къызэщIэубыдауэ узэхуеплъмэ, псори дызэщхьу, дыщIэгуфIэри дызыгъэнэщхъейри зэтехуэу, Толстои зэрыжиIауэ, цIыхуфIхэр зэрынэхъыбэр уогъэунэху.
8 октября, 2026 - 09:26
ЦIыхухэр тхылъ еджэжыркъым жаIэ щхьэкIэ, хуейм зыхуейр къызэригъуэтынур гурыIуэгъуэщ. Ауэ лъэпкъ цIыкIухэм я бзэмкIэ къыдэкIхэм я бжыгъэр куэдкIэ зэрынэхъ мащIэм уи щхьэфэцым зригъэIэт къудей мыхъуу, уи гъын къегъакIуэ.
Урысейм и Тхылъ палатэм 2026 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм епха бжыгъэхэр къигъэнэIуащ. Абы къикIращи, къэралым къыщыдэкIа газетхэмрэ тхылъхэмрэ я Iуэху зыIутым, нэгъуэщI мыхъуми, хуэгъэфэщауэ щыгъуазэ зытщIыфынущ.
2 октября, 2026 - 13:07
«Уи гуащэр тIэкIу къэгъапцIэ», - жраIэ къыщIэкIынт нысащIэми, езым: «Сэ сыпцIыупскъым», - яфIыжиIэрт. «ЯхуэбзэIэфI, нэгъуэщI мыхъуми, уабгъэдэтыху тIэкIу яхуэгуфIэ» чэнджэщхэр зраIуэкIым и жэуапыр нэхъ кIэщIт: «Сэ напитI зесхьэнукъым!»
7 сентября, 2026 - 09:59
ФокIадэм и 7, блыщхьэ
♦ЩIыдагъэ, газ промышленностым и лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦Хьэуа къабзэм и дунейпсо махуэщ
♦Iэщэхэм ещхь зэрыджэгу сабий хьэпшыпхэр гъэкIуэдыжыным и дунейпсо махуэщ
♦1923 гъэм Интерполыр – уголовнэ полицэм и дунейпсо организацэр – къызэрагъэпэщащ.
♦1928 гъэм ГуащIэдэкI Бэракъ Плъыжь орденыр къащтащ.
2 сентября, 2026 - 12:16
«Сыт егъэджакIуэм еттынур?» - а упщIэм зи щхьэр щIезыгъэхьэ адэ-анэхэр зыщыгуфIыкIын унафэ къищтэну и мурадщ Къэрал Думэм. Депутатхэм загъэхьэзыр егъэджакIуэхэм хуащI тыгъэм и мардэр нэхъ лъагэ ящIыну.
27 августа, 2026 - 07:00
КъулыкъущIэхэр цIыхубэм щхьэхуимыту щапхъэ зэрахуэхъумкIэ зыри къыдэдэуэнкъым. Сыту жыпIэмэ, утыкум нэхъ итри, дэIэпыкъуэгъу зыхуейхэм нэхъ яхуэзэри ахэращ. Лъэпкъ цIыкIухэм я бзэхэм хуэмурэ зыкъызэрызаIэтыжым тепщIыхьмэ, Абхъазым и президент Гунбэ Бадрэ къыхилъхьа жэрдэмым фIыкIэ узыщегъэгугъ.
11 августа, 2026 - 07:13
ЦIыхур и хьэлым емылэжьмэ, гува-щIэхами гугъуехьхэр къылъэщIохьэ, и щхьэм пщIэ хуимыщIыжу мэхъу. Хэт ар зи лажьэр? Шынэм пикIуэта езыра? Хьэмэ щыцIыкIум и гур ираудыIуа?
А упщIэхэм жэуап кърет нобэ зэдгъэцIыху Нагайченкэ Руслан. Ар медицинэмкIэ психологщ, ФСБ-м и академиер къиухащ, хабзэхъумэ IэнатIэхэм щылэжьащ, Урысейм я психотерапевтхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ, тхылъитI и IэдакъэщIэкIщ.
31 июля, 2026 - 14:34
«Ансар» тхылъ тедзапIэм 2025 гъэм къыщыдэкIауэ щытащ щIэх-щIэхыу зи цIэ къитIуэ муслъымэн щIэныгъэлIышхуэ Гъэзэлий Iэбу Хьэмид «ФIэщхъуныгъэм епха щIэныгъэхэр къэгъэщIэрэщIэжыныр» зыфIища и тхылъ цIэрыIуэм и ещанэ томыр.
30 июля, 2026 - 07:27
Кавказ республикэхэм хуэдэу унагъуэм и мыхьэнэр къащыгурыIуэ щIыпIэ куэд иIэ хъункъым Урысейм. Ауэ щыхъукIэ, зэманым и нэщэнэхэр ди лъэныкъуэмкIи къыщотIасхъэ.
21 июля, 2026 - 13:23
«Анэдэлъхубзэхэм я хъугъуэфIыгъуэ къигъэхъуапIэ: хъумэн икIи зегъэужьын» дунейпсо конференц щекIуэкIащ Саранск къалэм. Дызэрыт гъэр Урысей лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу зэрыщытым нэмыщI, ар икIи епхат Лъэпкъыбзэхэм я илъэсипщIыр ди къэралым зэрыщекIуэкIым.
Конференцым и лэжьыгъэм хэтащ щэнхабзэм, егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, информацэм епха эксперт 300-м нэс, Урысейм и щIыналъэ 34-м, хамэ къэрал 31-м къикIауэ: Азербайджаным, Анголэм, Аргентинэм, Бразилием, Вьетнамым, Замбием, Камеруным, къинэмыщIхэм.
Страницы
|