Тхыдэ

Гуапагъэр пщыгъупщэжыркъым

Мэкъуауэгъуэм цIыхум игъуэт гъэмахуэ гукъыдэжым къыдэкIуэ зэпытщ щхьэж и тхыдэм Хэку зауэшуэр къызэрыхэIэбауэ щыта Iэ щIыIэм епха гукъэкIыжхэр. Зы унагъуи ис хъункъым ди республикэми къэралми 22-нэ махуэм къыдэуша гухэщIыр щызэхамыщIауэ. 

Зы илъэс къызэднэкIащ

 ЩIы хъурейм тет муслъымэну хъуам мы махуэхэм ягъэлъэпIащ ислъам диным нэхъ хэIэтыкIауэ къыщалъытэ Къурмэн Хьидыр. Хьиджрэ махуэгъэпсымкIэ гъэм и иужьрей мазэщ зулхьиджджэр, Къурмэныр абы и махуэ 10-нэщ. Къэнэжа махуэ 20-р дэкIмэ, илъэсыщIэм дытехьэнущ. КъыкIэлъыкIуэ мухьэррэм мазэм и 10-р IэшрыIщ. 

ТхакIуэ, егъэджакIуэ, журналист

Дудар Хьэутий къызэралъхурэ илъэси 105-рэ ирокъу

Американ щIэныгъэлIым и еплъыкIэр

«Адыгэ лъэпкъгъэкIуэд» тхылъыр зи IэдакъэщIэкI Ричмонд Уолтер США-м и Калифорние штатым хыхьэ Лос-Анджелес къалэм щопсэу, Оксидентал колледж университетым Урысейм и тхыдэр щедж. Ди лъэпкъым ишэча гузэвэгъуэшхуэм и иужьрей илъэс нэхъ гуащIэхэр наIуэу къыщыгъэлъэгъуащ Уолтер и тхылъым.

Тхыдэм лъэужь къегъанэ

Нобэ хуэдэ щыгъуэ махуэм дигу къигъэкІын хуейщ Урысей пащтыхьыгъуэм къыдищIылIа, цIыхугъэм къимытIасэ зауэ гущІэгъуншэр тщыгъупщэ зэрымыхъунур, лажьэ зимыIэ цIыхухэм хьэзабу ирагъэшэчар.
ЦIыхум нэхъ гузэвэгъуэ дыдэу и щхьэ кърикІуэфынур – лъэпкъгъэкIуэд зауэр – Урыс пащтыхьыгъуэм къыдищIылIат: ди лъахэр тфIигъэкIуэдащ, ди лъэпкъэгъухэр минищэ бжыгъэкIэ зауэм хэкIуэдащ, цIыху мелуаным нэблагъэр я хэку ирахури, Уэсмэн пащтыхьыгъуэм къыщыщІидзащ.

Шэрджэс Хэкум

ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа, зи анэдэльхубзэр нэгъэсауэ фIыуэ зыщIэу щыта Къэрмокъуэ Хьэмид тхыгъэ куэди зэридзэкIащ ди тхыдэм теухуауэ. Ахэм язщ Лондон къыщыдэкI «Таймс» газетым и корреспондент Лонгворт Джеймс 1837 гъэм Шэрджэсым къакIуэу адыгэхэм зы илъэсым щIигъукIэ яхэса нэужь, и гукъэкIыжхэр иту къыдигъэкIауэ щыта тхылъыр. 
Абы къыхэтха пычыгъуэщ адэкIэ фызыщыдгъэгъуэзэнур.
 Шэрджэс лIыкIуэхэр, урыс генералым деж кIуэн ипэ, ди хьэщIэщым къихьащ, тхылъым щIывгъунIа, жари. Тхьэмадэхэм ятхам щIыдгъужынIауэ къыттехуэртэкъым дэ. 

Дунеяплъэм и гукъэкIыжхэр

   Урыс зыплъыхьакIуэ, дзэм хэт географ, генерал-майор Венюков Михаил (I83I-I90I) «Кавказ гукъэкIыжхэр (I86I-I863 гъэхэр)» и фIэщыгъэу IэдакъэщIэкI иIэщ. ТхакIуэм и нэгум щIэкIахэр зэхэгъэжышхуэ хэмылъу и лэжьыгъэм къыщегъэлъагъуэ. «Адыгэхэм Хэкум къинэну Iэмал яIа?» - а упщIэм и жэуапри къелъыхъуэ Венюковым. 

Бгъэжьхэм я тIысыпIэщ

КъухьэпIэ Кавказым и нэхъ псы нэхъ инхэм хабжэ Щхьэгуащэрэ Лабэ ЦIыкIурэ я псы къуэпсхэр зэхэзыгуэшыкI джабащхьэ екIуэкIым и аранэ нэхъ папцIапIэм метр 2486-рэ зи лъагагъэу къыхэщхьэхукI Ажэжьбэкъу бгыжь дыкъуакъуэмрэ абы и Iэхэлъахэмрэ туристхэм кIуапIэ зэрахуэхъурэ куэд щIащ.

Iуащхьэр я зэхуаку дэтщ Адыгэ Республикэм щежэх Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэмкIэ дэс Гъуазэрыплъ (Гузериплъ) къуажэмрэ Лабэ ЦIыкIу и ныджащхьэхэмкIэ урысхэр щитIысыкIа Никитинэ жылэмрэ.

Я унафэ щIыкIэр гъэщIэгъуэнт

Мысыр шэрджэс пащтыхьхэм ятеухуауэ къыдэкIащ икIи къыдокI тхыгъэшхуэ­хэр, романхэр, повестхэр. Курыт лIэщIыгъуэм щыIа мамлюкхэм я къэралыгъуэм и лъэщагъым, и ехъулIэныгъэ инхэм тетхыхькIэрэ, КъуэкIыпIэм и щIэныгъэлI цIэрыIуэ­хэр, къэхутакIуэхэр, тхыдэм елэжьхэр, географхэр мызэ-мытIэу къытеувыIахэщ икIи къытоувыIэ Мысырымрэ (Египет) Сириемрэ мамлюкхэм щаIэщIэлъам псэуныгъэм, щэнхабзэм, гъуазджэм я лъэныкъуэкIэ абыхэм зыужьыныгъэ ин ягъуэтауэ зэрыщытам.

Еджэрыкъуейхэр

А цIэр зэрехьэ адыгэ лIакъуэхэм ящыщ зым. Бзэхэр зыдж щIэныгъэлIхэми зэрыжаIэу, еджэрыкъуейхэм къагъэщхьэпэр кIэмыргуей диалектым (псэлъэкIэм) и къудамэщ. 
IуэрыIуатэм зэрытригъащIэмкIэ, лIакъуэм фIащар абы зэгуэр къыдэгъуэгурыкIуа Еджэрыкъуэ лIы цIэрыIуэм и цIэм къытепщIыкIащ.  
Лъахэхутэхэм къызэрахутамкIэ, еджэрыкъуейхэр, 1849 гъэр къихьэху, ди зэманми къызэрыщIидзыжам ещхьу, Лабэ псым и сэмэгурабгъумкIэ Iусыгъащ, Урыс-Кавказ зауэм и къызэщIэплъэгъуэм къухьэпIэмкIэ щежэх Щхьэгуащэ псышхуэм и адрыщIымкIэ къыщыхута пэтми. 

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ