|
|
ЗэIущIэхэр
14 февраля, 2026 - 08:00
Урысейм щыяпэу ди республикэм щызэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер. Абы кърихьэлIахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек икIи а жэрдэмыр къадэзыIыгъа псоми фIыщIэ яхуищIащ.
31 января, 2026 - 06:00
Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ «Кавказ Ищхъэрэм и Россети» ПАО-м и унафэщI нэхъыщхьэ Левченкэ Роман. КъулыкъущIэхэр шэщIауэ тепсэлъыхьащ электрокъару къэзылэжь IэнатIэм ди щIыналъэм адэкIи зэрызыщегъэужьыпхъэм ехьэлIа Iуэхухэм.
12 января, 2026 - 12:55
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ИлъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм лэжьыгъэ IуэхукIэ яIущIащ республикэм и Правительствэм хэтхэм икIи зыщигъэгъуэзащ щхьэж и унафэ щIэт IэнатIэхэм хыхьэ IуэхущIапIэхэр зэрызэтеухуа щIыкIэм.
7 января, 2026 - 09:07
КъБР-м и Парламентым и Жылагъуэ советым и зэIущIэм иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмытхэмрэ псэупIэкIэ къызэрызэрагъэпэщым.
1 января, 2026 - 07:38
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэгъуащ «ГъащIэм папщIэ ухуэныгъэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу мы илъэсым зыхуей хуагъэзэжа гъуэгухэр. ЩIыналъэм и УнафэщIым и гъусэу щIыпIэхэм щыIащ республикэм транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэнрэ Налшык къалэ администрацэм и унафэщI Ахъуэхъу Таймуразрэ.
22 ноября, 2025 - 09:52
«Къуажэ дохутыр/фельдшер», «Къуажэ егъэджакIуэ», «Къуажэм щэнхабзэмкIэ и лэжьакIуэ» къэрал программэхэм я фIыгъэкIэ мы гъэм ди республикэм IэнатIэкIэ къыщызэрагъэпэщащ IэщIагъэлI 40.
22 ноября, 2025 - 08:30
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налог къулыкъущIапIэм и ветеранхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ ехъуэхъуащ налог къыхэзых органхэр илъэс 35-рэ зэрырикъуамкIэ.
22 ноября, 2025 - 08:00
Ди къэралым и щыхьэр Москва КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ щыхуэзащ УФ-м Къызэры-мыкIуэ щытыкIэхэмкIэ и министерствэм (МЧС) и пашэ Куренков Александр. КъулыкъущIэхэр тепсэлъыхьащ ди щIыналъэм и МЧС IэнатIэр адэкIи егъэфIэкIуэным, ди деж зи нэгу зыщезыгъэужьхэм шынагъуэншагъэ къахузэгъэпэщыным, нэгъуэщIхэми.
22 ноября, 2025 - 07:00
КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетым «стIол хъурей» жыпхъэм иту иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэр траухуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэмрэ абыхэм зэрызаужьымрэ.
18 ноября, 2025 - 12:21
УФ-м и Правительствэм и вице-премьер Чернышенкэ Дмитрий зыхэта зэIущIэр теухуауэ щытащ къэралым щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэр щыухуэнымрэ щыIэхэр къэгъэщIэрэщIэжынымрэ ехьэлIауэ мы гъэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм. Абы щытепсэлъыхьащ дызэрыт илъэсым зыхуагъэувыжа пIалъэм тету ахэр зэфIэгъэкIа хъунымкIэ щыIэ Iэмалхэмрэ абыхэм языныкъуэр етIанэгъэ ягъэIэпхъуэнкIэ шынагъуэу халъагъуэхэмрэ.
Страницы
|