|
|
Жылагъуэ
4 сентября, 2026 - 12:38
АДЫГЕЙ. Республикэм и Лъэпкъ музейм и лэжьакIуэхэм мы махуэхэм зыхуагъэхьэзыращ Ингуш Республикэм и Къэрал гъэлъэгъуапIэ галереем, Сунжэ къалэм дэтым, къыщызэIуаха «Черкешенка: гармония, изящество, стиль» проектыр. Абы утыку къыщрахьэнущ адыгэ бзылъхугъэхэм я дахагъэр къызытещ хьэпшыпхэр.
4 сентября, 2026 - 12:13
Сабийр къэзылъхуа и адэ-анэм сыт и лъэныкъуэкIи епхащ ар балигъыпIэ иувэху. Языныкъуэ адэ-анэхэм тынш дыдэу быным и жагъуэ ящIыф, и гур ираудыф, йопцIыжыф, ди жагъуэ зэрыхъунщи. Сабийм иджыри дунейри гъащIэри ицIыхуркъым, ицIыхур къэзылъхуа, зыпI цIыхухэращи, ахэр яфIэдуней псощ. Мы тхыгъэр теухуащ зи дунейр къызытещэща сабийхэм я адэ-анэ цIэрыIуэхэм.
4 сентября, 2026 - 11:28
ФокIадэм и 4, мэрем
Тхэквондом и дунейпсо махуэщ
Урысейм и ядернэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ IэщIагъэлIым и махуэщ
1922 гъэм къалъхуащ Хэку зауэшхуэм хахуэу хэта шэрджэс еджагъэшхуэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Нэпсо Долэт.
1967 гъэм къалъхуащ журналист, публицист, тхакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент Чэрим Марианнэ.
4 сентября, 2026 - 11:00
Бахъсэн районым хыхьэ Бахъсэненок къуажэм и курыт еджапIэ №1-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. Сабийхэр щеджэ а школыр унитIу зэхэтщ: зыр 1968 гъэм яухуащ, адрейр – 1972 гъэм.
Иджыпсту лэжьакIуэхэм еджапIэм и IуплъапIэр зыхуей хуагъазэ, пэшхэр къращIыкI, инженер коммуникацэхэр: ток кIапсэхэр, псы къабзэ, хуабэ зэрыкIуэ, къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэр щIашэ. Апхуэдэуи абыхэм къапэщылъщ унащхьэхэр зэрахъуэкIыну.
4 сентября, 2026 - 10:33
Къэбэрдей-Балъкъэрым и полицейхэм Терроризмэм ебэнхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа зэIущIэхэр щрагъэкIуэкIащ республикэм и школхэм.
4 сентября, 2026 - 10:26
«ХьэщIэщым щепсыха хьэщIэм и щIопщыр иIыгъыу бысымымрэ абдеж щытхэмрэ ябгъэдохьэри, фIэхъус ярех. Бысымым, «Еблагъэ», - жеIэри, хьэщIэщым щIешэ. ХьэщIэм и Iэщэ-фащэр кIэрылъу хьэщIэщым щIохьэри, бысымым е хьэщIэм и IуэхутхьэбзащIэ щIалэхэм язым хьэщIэм кIэрылъ псори къыIех. ЯпэщIыкIэ и щхьэрхъуэныр, и щIакIуэр, и щIопщыр, и фочыр, кIэрахъуэр, сэшхуэр - апхуэдэ чэзукIэ къыIехри, блыным фIелъхьэ. ХьэщIэм тIысыпIэ ирагъэлъагъуми, бысымым пщIэ хуищIынумэ, лIыжьмэ, езыр занщIэу тIысыркъым. Нэхъыжьыр япэ тIысмэ, и гуапэ зэрыхъунур жреIэ».
3 сентября, 2026 - 14:46
КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэм дэщIыгъуу фокIадэм и I-м ди республикэм щагъэлъэпIащ ЩIэныгъэхэм я махуэри. Гухэхъуэт а пщэдджыжьыр. ДэнэкIи хуэдэу, ди щIыналъэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я уэрамхэм къыдыхьат удз гъэгъа Iэрамэ дахэхэр зыIыгъ, екIуу хуэпа ныбжьыщIэхэр. Ахэр хуэпIащIэрт я школхэм щекIуэкIыну гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм, я япэ дерсхэм. Псом хуэдэжтэкъым махуэшхуэр нэхъыбэу зыхуэщIа сабийхэу япэ классым кIуэхэм яIэ гукъыдэжым и инагъыр. Абыхэм я бжыгъэр мин 11-м щыщIегъу ди республикэм.
3 сентября, 2026 - 12:42
Къэбэрдей-Балъкъэрыр картэм ит щIыпIэ къудейкъым, атIэ щIыуэпс къулей зыбгъэдэлъ, бгыхэм я плIэкIэ уафэр щаIыгъ щIыналъэщ. Мыбдеж псыкъелъэхэм къару лъэрызехьэ щащIэлъщ, къущхьэхъу хъупIэхэр щыгъунэншэщ.
Хъыбарыр къыщIэдзапхъэщ щхьитI зыфIэт, жыжьэуи плъагъу Iуащхьэмахуэ бгымкIэ. Языныкъуэхэм я дежкIэ ар къэгъэIурыщIэн хуей щыгущ. Адрейхэм я дежкIэ лIэщIыгъуэхэм я щыхьэт лъагапIэщ. Ауэ абы удэкIуеину уимымурадми, Iуащхьэмахуэ уIуплъэныр гукъинэж гъуэгуанэхэм ящыщ зы мэхъу. Псом хуэмыдэу абы хуиту ущыIуоплъэ Джилы-Су (псы хуабэ) щIыпIэм ущыкIуэкIэ.
3 сентября, 2026 - 10:50
18-нэ лIэщIыгъуэм псэуа астрономхэм – Тициусрэ Бодерэ – Дыгъэ системэм хиубыдэ планетэхэр зэрызэпэжыжьэм хабзэ гуэр хэлъу къахутащ, ар «геометрическая прогрессия» жыхуаIэмкIэ къыпхуэпщыну. Абыхэм зэхалъхьа формулэм утетмэ, Марсымрэ Юпитерымрэ зэхуакушхуэ яIэу, а тIум я кум иджыри зы планетэ дэтауэ жаIащ.
2 сентября, 2026 - 12:15
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпащэ «ЕджэнымкIэ дэIэпыкъу» Урысейпсо акцэм.
Ар хуэунэтIащ щытыкIэ гугъум къихута унагъуэхэм ядэIэпыкъуным, школакIуэхэр Iэмал имыIэу зыхуеину хьэпшыпхэмкIэ къызэгъэпэщыным.
Iуэху щхьэпэм хэтщ полицэм и лэжьакIуэхэр, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ район IэнатIэхэм ядэлажьэ Жылагъуэ советхэм ящыщхэр, опекэмрэ попечительствэмкIэ къудамэхэм я лэжьакIуэхэр, апхуэдэуи волонтер жыджэрхэр.
Апхуэдэ Iуэхухэр щекIуэкIащ Налшык, Бахъсэн, Прохладнэ районхэм.
Страницы
|