|
|
Литературэ
28 января, 2026 - 16:39
УзыщIэзыгъэгупсысыж теплъэгъуэщ тхакIуэ Гъэунэ Борис и къалэмыпэм къыщIэкIа «Вынд» тхыгъэм къыщыгъэлъэгъуар.
28 января, 2026 - 12:32
СИХЬЭ Светланэ
Таурыхъ
Бгырыс къуажэ гуэрым ПщыкъанкIэ еджэу щIалэ цIыкIу щыпсэурт. ЩIалэ жан цIыкIут, дыхьэшхрилэт, джэгун фIэкIа Iуэху иIэтэкъыми, жэщ хъуху уэрамым дэтт. И адэр мащIэрэ игъэшхыдэрэт абы щхьэкIэ. Адэр къэгубжьамэ, анэм ар ерагъкIэ тригъэужырт, и къуэ цIыкIум къытемыхуэн щхьэкIэ.
27 января, 2026 - 09:37
Къэрэшей-Шэрджэсым щежэх Инжыдж ЦIыкIу псым и Iуфэр зи хэщIапIэ Зеикъуэ адыгэ къуажэм дэса Чыржын Хъусин ди тхыдэм ехьэлIауэ жиIэжа хъыбар гъэщIэгъуэнхэм язщ Хьэтхыкъуэ Мыхьэмэт-гъуазэм теухуар. Дауи, мы Iуэтэжыр а лIыхъужьым хуэгъэзауэ лъэпкъ IуэрыIуатэм къыхэна псоми и зы къэкIуэкIэщ.
20 января, 2026 - 12:20
Хьэт мифологием щыщ теплъэгъуэ.
Гъавэмрэ бэвымрэ я тхьэу, ТIэшыб и къуэ ЩIылъэбынэ* губжьым зэщIищтэри, тхьэунэм икIат. Арыххэу Iугъуэ Iувыр щIылъэм къытегъуэлъхьащ, жьэгу мафIэр ужьыхащ, тхьэпэлъытэхэр я пIэ ижыхьащ… Мэхырт чэтым иубыда мэлхэр, Iуэм щIэубыда жэмхэр. Джафэ къэхъуащ къущхьэр. Гъужащ псынэхэр. Зэхъу-зэбзу дунейм тетым лъхуэн щагъэтащ, ныбэрылъхэри дунейм къытемыхьэфу ныбэм инащ.
Ауэ щыхъум, ЩIылъэбынэ и адэ ТIэшыб къэралыгъуэм тхьэуэ итыр зэхишащ.
20 января, 2026 - 06:00
«Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» зыфIаща, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта Шэрджэс Алий IуэрыIуатэрэ тхыдэу зэхуихьэсыжам гъуни щIэи иIэкъым. Абыхэм ящыщщ «Адэжь хъыбархэр» жыхуиIэ и тхылъым къитхыжа, Хьэтхыкъуэ Мыхьэмэт-гъуазэм теухуа хъыбарым щыщу адэкIэ къызыпытщэри. ТхакIуэм ар къыжезыIэжар Инжыдж ЦIыкIу и Iуфэм Iус Зеикъуэ къуажэм дэса Чыржын Хъусинщ.
Ипэ тредгъэдзам кIэщIу дриплъэжмэ, Iуэхур къызэрекIуэкIар мыпхуэдэущ.
19 января, 2026 - 10:33
Щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмрэ зыдж щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, нобэрей фIэщхъуныгъэм лъабжьэ хуэхъуар пасэрей лъэпкъыжьхэм я мифологиерщ.
16 января, 2026 - 12:29
Сыт хуэдэ зэманми зи фIыгъуэр имыкI усэхэр и Iэдакъэ къыщIэкIащ КIуащ БетIал. Адэжь щIыналъэм и щIыуэпсым щытепсэлъыхькIэ, усакIуэм и псалъэ лъэщхэр къару хуохъу щIэджыкIакIуэм, мурадыфIхэм къыхуоуш. Лъахэм теухуауэ КIуащым къигъэсэбэпа зэгъэпщэныгъэхэр уи нэгум къыщIэбгъэхьэну тыншщ.
16 января, 2026 - 08:37
ГурыщIэр жанр зэхуэмыдэхэмкIэ къэзыIуэтэф тхакIуэхэр ди мащIэкъым. Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ Таз ФатIимэ усэкIэ тха и прозэхэм ящыщ зыбжанэ.
Жэуапыншэ упщIэхэр
15 января, 2026 - 12:13
Хуэрэджей
Нэгъуей Радимэ
Пщэдджыжь гуэрым нысащIэр аргуэру ирихьэлIащ къудамэ къыгуэщIыкIахэм. ЩтэIэщтаблэу ихъуреягъкIэ зиплъыхьри, зыри илъэгъуакъым. Я гъунэгъумкIэ бжыхьыбгъум Iуту зы хъыджэбз цIыкIу къакIуэрт, и нитIыр къытримыгъэкIыу къудамэ зэхэфыщIахэр къэзыщыпыжым къеплъурэ.
– Лацэ, еплъыт мыбыхэм зэхащIыхьам. Сыту зэхэщIыкIыншэхэ!
Хъыджэбз цIыкIум и нэгур зэхиуцэрэфа щхьэкIэ, зыри жиIакъым.
– Уэ сыт, Лацэ, зыри щIажумыIар? Яхуэбдэн хуеякъым...
15 января, 2026 - 12:02
Мыбдежым къыщытхь жыIэгъуэхэмрэ абыхэм къарыкIымрэ къызэрытхыжа тхылъыр, «Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» жыхуиIэр, и IэдакъэщIэкIщ анэдэлъхубзэр япэ изыгъэщу зи гъащIэ псор езыхьэкIа, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, КъШР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий.
Дзажэпхъэбгъу – цIыху Iэчлъэч, къаруушхуэ зыхэлъ.
ДзакIуэ-дзашэ – дзэзешэ.
ДзакIуэ пашэ - дзэм ипэ ит пакIэ.
Дзапщэ – дзэм и пэрытхэр.
Страницы
|